НЫБЖЬЫЩIЭХЭР ЯУЩИЙ

«Рулым дэтIысхьагъащIэ» республикэпсо Iуэхум хыхьэу гъуэгу шынагъуэншагъэм, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм деж пщIэн хуейхэм теухуауэ къызэрагъэпэща дерсхэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкърым и колледжхэм я студентхэр.

         Ахэр ирагъэкIуэкIащ Къэрал автоинспекцэм, балигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ инспекторхэм, Урысейм и МВД-м Налшык къалэм щиIэ къудамэм и деж щылажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэу КIуэкIуэхэ Артуррэ Муратрэ, МафIэсым пэщIэтынымкIэ къэрал IуэхущIапIэм  граждан зыхъумэжыныгъэмрэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм защыхъумэнымкIэ и центрым и егъэджакIуэ Аброкъуэ Мадинэ, а къулыкъущIапIэм и къудамэу Налшык къалэм щыIэм и гуп хэхам и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мысхъуэжь Марьянэ сымэ.

         Абыхэм студентхэм гурагъэIуащ машинэм дэтIысхьагъащIэхэр зыхэхуэ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм я щхьэусыгъуэр, гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэр гъэзэщIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи къыхураджащ сакъыну.

         МафIэсым пэщIэтынымкIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр тепсэлъыхьащ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэхуахэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуащIэнум, автомашинэм мафIэ къыщIэнамэ, абы гузэвэгъуэ къримыкIуэн папщIэ зэфIагъэкIыпхъэхэм, езыхэм абы зэрызыщахъумапхъэм.

         Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэр студентхэм ехъуэхъуащ я гъуэгухэр шынагъуэншэу щытыну икIи къыхураджащ езыхэми гъуэгум къадытетхэми я гъащIэр хъумэным хуэсакъыну.

       

 

Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.