|
IУЭХУ ЦIЫКIУФЭКIУКЪЫМ
16 мая, 2023 - 09:35
Накъыгъэм и 15-р Климатым и махуэщ. Ар ягъэлъапIэ экологие шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным телажьэ IэщIагъэлIхэм, щIыуэпсым и щытыкIэм кIэлъыплъ къэхутакIуэхэм, къэрал властым щыщхэм, щIэныгъэлIхэм, нэгъуэщIхэми.
Зыдэзыгъазэр ди закъуэкъым
КлиматкIэ йоджэ щIыпIэ гуэрым деж дунейм и щытыкIэу къыщекIуэкIым, е, нэгъуэщIу жытIэмэ, уэмрэ щIымрэ я зэблэхъукIэу илъэсым и кIуэцIкIэ дызыщыIуплъэр зыхуэдэм.
АтIэми, зэрыгурыIуэгъуэщи, мы зэманым дунейм цIыхуу тетхэми дяпэкIэ къэунэхуну щIэблэхэми я щыIэкIэ-псэукIэр зэдгъэщхь хъунур «дызыхэсыхь» щIыуэпсым и щытыкIэм куэду елъытащ.
Уэ сыти жыIи, дунейм и зэблэхъукIэу гъэм и кIыхьагъкIэ къыщекIуэкIым задезыгъэкIур а щIыпIэм ис цIыхухэм я закъуэкъым, атIэ абдеж дыдэр зи хэщIапIэ псэущхьэхэми, къуалэбзухэми, гъудэ-бадзэхэми, уеблэмэ, къэкIыгъэхэми зыхуагъэщхъ икIи зыдагъазэ. Арагъэнущ, псэ зыIут псоми (къэкIыгъэхэри ящIыгъуу) зыхащIэн, языныкъуэхэм дежи къатехьэлъэн щIыщIадзэр уэмрэ щIымрэ я зэдекIуэкIыкIэу дызэсэжам дызыпэмыплъа, дызыщымыгугъа зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къыщыхыхьэхэм деж. АтIэми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ «зэщымыщхъуныгъэхэр» иужьрей илъэс пщIы бжыгъэхэм къыщыунэхурей хъуащ ЩIы Хъурейм и дэнэ лъэныкъуэкIи. Ахэр, зэрыщыту къатщтэмэ, дауи, ди планетэм хуэмыщхьэпэн, дэри дызыхуэмей зэхъуэкIыныгъэхэр къэзышэщ.
Дунейм и щытыкIэ зэпIэзэрытым елъытащ къэралхэр ерыскъыхэкIкIэ къызэрызэгъэпэщари, цIыхухэм я гъащIэм щаIэ псэтыншыгъуэр зыхуэдэри, я мылъкум темыгузэвыхьынымкIэ шэсыпIэу къызэдалъытэхэри.
АтIэми, загъуэ-загъуэкIэрэ зэхэтх хъыбархэм ятетщIыхьмэ, шынагъуэшхуэ къэзышэ къэхъукъащIэхэм а псори къызэпауд.
ЩIыгур, дызэрыбауэ хьэуар кIуэ пэтми къызэрызэщIэплъэм уэгъухэр, псыдзэхэр, нэгъуэщI тхьэмыщкIагъэхэр къашэ, хым и щхьэфэм зыкърагъэIэтри, псыIур къагъэIэпхъуэ, ищхъэрэ, ипщэ жыжьэхэм илъэс мин бжыгъэкIэрэ щызэтрищIа мыл «джей» абрагъуэхэр ягъэткIу. Ди планетэм дежкIэ хуабжьу шынагъуэщ къытщхьэщыт уэгум гъуэз щхъухьзехьэхэр зэрыщызэтрихьэри.
Зи гугъу тщIыхэр апхуэдизу хэплъэгъуэти, дэнэ щIыпIэкIи щыIэ щIэныгъэлIхэр къэгузэващ. Абы къыдэкIуэу, ирипIейтей къудейкIэ Iуэхум зэрыпэмылъэщынур къагурыIуэри, къыхалъхьащ Климатым и дунейпсо махуэм хуэгъэза Iуэхугъуэхэр гъатхэ къэс егъэкIуэкIын зэрыхуейри.
И къэунэхукIэм теухуауэ
Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, мы къедбжэкIа Iуэхухэм япэ дыдэу зэIухауэ щытепсэлъыхьар I992 гъэм Рио-Де-Жанейрэ щекIуэкIа, къэрали I80-м щIигъум (СССР-м хыхьэу щытахэри яхэту) я лIыкIуэхэр щызэIущIа, «ЩIым и Саммит» зыфIаща зэхыхьэшхуэрщ. А зэхуэсым щызэрихьэлIахэм Iэ традзат ООН-м и Конвенцэм, ди планетэм и климатым и зыхъуэжыкIэ шынагъуэм теухуам. Мы зэгурыIуэныгъэм щаубзыхуат гъуэз «дыджхэр» атмосферэм щызэтрамыгъэхьэн папщIэ, а Iуэхум хэпщIа къэралхэм ялэжьыпхъэхэри.
ЩIым и Саммитым (зи гугъу тщIы зэIущIэхэм апхуэдэущ зэреджэр) и ещанэ конференцэр 1997 гъэм и кIэухым Японием хыхьэ Киотэ хытIыгум щызэхашат. Мыбдежым япэ зэIущIэм къыщащтауэ щыта Конвенцэм щыщIагъужат иужькIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Киотэ унафэр – къэрал зызыужьахэми зи экономикэр зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэм итхэми уэгум хаутIыпщхьэ гъуэзыр 2008-2012 гъэхэм къриубыдэу зы мардэ гуэрым зэрынагъэсыпхъэм (I990 гъэм елъытауэ) къыщыхураджэ дэфтэрыр.
Илъэси 10 дэкIри, 2007 гъэм и дыгъэгъазэм, Индонезием и Бали къалэм аргуэру щызэхэтащ ООН-м мы Iуэхум триухуа и къыкIэлъыкIуэ зэхыхьэшхуэр. Абыи щхьэтечу щытепсэлъыхьат дунейм и щытыкIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ шынагъуэхэм. Къэрали 190-м я лIыкIуэхэу а зэхуэсым щызэIущIахэм абдежым Iэ щытрадзащ сату-промышленнэ IуэхущIапIэхэм уэгум хаутIыпщхьэ гъуэзхэр ягъэмэщIэн зэрыхуейм къыхуезыджэ дунейпсо зэгурыIуэныгъэм.
ЩIыуэпсыр хъумэныр, дыкъэзыухъуреихь дунейр къабзэу щыгъэтыныр дэтхэнэми ди фарзщ. Автомобилхэр нэхъ мащIэрэ къэдгъэсэбэпрэ электрокъарур ямылейуэ дымыгъэкIуэщIу, жыгыщIэхэр дгъэтIысрэ щхъуантIагъэми зедгъэубгъуу дыкъекIуэкIмэ, ахэр, шэч зыхэмылъыжыр аращи, сэбэпынагъ ин къэзышэщ. Зи гугъу тщIыхэр Iуэху цIыкIуфэкIуу къытщыхъункIэри хэлъщ, арщхьэкIэ ЩIы Хъурейм цIыхуу тетым апхуэдэхэр длэжьмэ, ахэр, зэгъэуIуа мэхъури, мыхьэнэ ин дыдэ зиIэу къызэрыщIидзыжынуми шэч хэлъкъым.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
|
04.12.2024 - 15:48 Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ |
|
04.12.2024 - 14:39 Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и |
|
04.12.2024 - 14:38 Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. |
|
04.12.2024 - 12:25 Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр. |
|
04.12.2024 - 09:03 Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIыхьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ. |
|