|
ЗАУЭМ ТЕУХУА САТЫРХЭМ КЪОДЖЭ
16 мая, 2023 - 05:54
Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ НыбжьыщIэ библиотекэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Сабийхэм зауэм теухуа тхыгъэ дакъыхуоджэ» фIэщыгъэм щIэт зэIущIэ.
Iуэхугъуэр иращIэкIат Къаныкъуэ СэIэдулэ и «Ленинград къикIа хъыджэбз» тхылъым. Куэд щыгъуазэ къыщIэкIынщ а роман цIэрыIуэм лъабжьэ хуэхъуа хъыбарым. Зауэ лъэхъэнэм нэмыцэхэм яубыда Ленинград къалэм кърашу Налшык щагъэпщкIуа хъыджэбз цIыкIум и гъащIэм теухуащ ар.
Бахъсэн къалэм сабийхэр гъуазджэм щыхурагъаджэу дэт школ №1-м щIэсхэм а тхыгъэм теухуауэ ящIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ абдеж щащIат. ГъэщIэгъуэнт ныбжьыщIэхэм а романыр къазэрыгурыIуэ, зауэр зэрызэхащIыкI, къагъэсэбэп Iэмалхэм уеплъыну.
«Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, журналист, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ къызэхуэсахэм яжриIащ, и адэм и тхылъ иджыблагъэ къыдагъэкIыжар, япэу дунейм къызэрытехьэрэ илъэс 50 зэрыхъур. Нэгъабэ ар бзитIкIэ (адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ) къыдагъэкIыжащ.
ТхакIуэм и къуэрылъху нэхъыщIэ Къаныкъуэ Миленэ библиотекэ утыкум къыщеджащ зауэм теухуа усэ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр романым щыщу езыхэм нэхъ ягу ирихьа пычыгъуэхэм къеджащ, езыхэм а тхылъым къыхаха гупсысэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ.
- Мы тхылъыр япэу къыщысщтам, зэ седжа хуэдэу къысщыхъужащ, - жеIэ «Общество книголюбов» IуэхущIапIэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье. – Дауэ сымыцIыхунрэт, мыр иджыри сысабийуэ къыдэкIауэ щытащ, ауэ абы щыгъуэ урысыбзэкIэ къыдэкIар зэрытыр повесть жыпхъэт. Мы тхылъым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ зауэм къыдэкIуэ гузэвэгъуэр зыхыдигъэщIэныр, абы зэпыIуддзу, мамыр гъащIэм пщIэ хуэтщIу дыпсэун зэрыхуейр къыдгуригъэIуэныр.
ГъуазджэхэмкIэ школ №1-м и унафэщI Къунаш Рози романым и гугъу ищIащ.
- Ди гъэсэнхэм ящыщу сабий 20-м я лэжьыгъэ утыку къитхьащ. Сабийхэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну елэжьащ абыхэм. Мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ ин мазэрэ ныкъуэм къриубыдэу щIэтщIыфари арагъэнщ. Дэ щIэх-щIэхыурэ гъэлъэгъуэныгъэ дощI, ауэ, тхыгъэ гуэрым теухуауэ зэи дылэжьатэкъым, дэркIэ ар IуэхущIэщ, - жеIэ абы.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ тхылъыр, гъэлъэгъуэныгъэр игу зэрырихьар къыхигъэщащ.
- Псом нэхърэ нэхъыщхьэу мы тхылъым къыхэсхар дэтхэнэми тхэлъ цIыхугъэр тхъумэн зэрыхуейрщ. Зэманым дапхуэдэу зимыхъуэжми, ди хъуреягъым сыт къыщымыхъуми – цIыхуу дыкъэнэжыным нэхъапэ щыIэкъым. НыбжьыщIэхэм я сурэтхэр хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэну зэпэсплъыхьащ. ФефIэкIуэну си гуапэщ, - захуигъэзащ абы щIалэгъуалэм.
Къаныкъуэ Заринэ къызэхуэсахэм яжриIащ «Ленинград къикIа хъыджэбз» тхылъыр етIуанэу адыгэбзэкIэ къыщыдагъэкIыжам абы и сурэтхэр Къаныкъуэ Жаннэ хуищIауэ зэрыщытар.
Пшыхьым лъэпкъыбзэ зыбжанэкIэ къыщеджащ зауэм, мамырыгъэм ятеухуа усэхэм.
Инэрокъуэ Данэ.
|
08.12.2024 - 09:03 Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ. |
|
08.12.2024 - 09:03 «Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ |
|
07.12.2024 - 12:25 Кавказ Ищхъэрэм и КъухьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ дрикIуэну, хы ФIыцIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ |
|
07.12.2024 - 10:01 Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ. |
|
07.12.2024 - 09:03 Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ. |
|