ИУАН ЯБГЭМ И ТХЫЛЪ ХЪУМАПIЭР

Пасэрей тхыдэжьым ипэжыпIэкIэ зэхэтхыкIарэ, лъэхъэнэжьым къыщекIуэкIа щIэныгъэхэм я щэху хъумапIэу библиотекэ телъыджэхэр зэрыщыIам щыхьэт техъуэ хъыбархэмрэ дэфтэрхэмрэ къэсыжащ нобэм. Александрие библиотекэм и закъуэкъым дуней псом щыцIэрыIуэу ди лъэхъэнэм ипэкIэ щыIар. Апхуэдэщ урыс пащтыхьышхуэ Иуан Ябгэр дунейм ехыжа нэужь уэхбзэх хъуа тхылъ телъыджэхэр. 
Хъыбарыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, зи гугъу тщIы библиотекэр византие пащтыхьышхуэхэм зэIэпахыу, абыхэм я щIэину лIэщIыгъуэ куэдкIэ къэгъуэгурыкIуащ. Иужь дыдэу ар зыIыгъар Константин ЕпщыкIузанэрщ. Уэсмэн сулътIан Мехмед ЕтIуанэм Константинополыр зэтрикъутэу, щIыналъэм къыщитIысхьэм, библиотекэр Рим ягъэIэпхъуащ, иужькIэ, византие пащтыхь лIакъуэм щыщ Палеолог Софье урыс пащтыхь Иуан Ещанэм щхьэгъусэу къыщишам и дыщасэу Москва кърагъэшащ тхылъхэр. 
Софье Москва къэсащ 1472 гъэм. А лъэхъэнэм къалащхьэр мафIэсым зэтрикъутати, и тхылъхэри апхуэдэ щIыкIэкIэ кIуэдыжынкIэ шынэу, Кремлым хэт члисэм и щIыунэхэм щагъэтIылъыну унафэ ищIащ. Гуащэм и псэм ищIа хуэдэу, илъэс нэхъ дэмыкIыу мафIэсышхуэ къэхъури, Кремлым зы чымпэ къыхэмынэу исащ, ауэ библиотекэр къызэтенат. 
«Либереи» зыфIаща пащтыхь библиотекэм и тхылъхэр бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ тхат. Ахэр урысыбзэкIэ зэригъэдзэкIыну, Иуан Ещанэм и къуэ Василий Ещанэм иригъэблэгъауэ щытащ Грек Максим. Тхылъхэр Иуан Ябгэм деж къызэрыса щIыкIэм зыри щыгъуазэкъым, ауэ, зэрыжаIэмкIэ, ар куэдрэ ещэкIуащ, лъэкI къимыгъанэуи щIэбэнащ а гъэтIылъыгъэ телъыджэм. Абы къыдэкIуэуи, и хьэрхуэрэгъуу щытар хэтми зыми къриIуэркъым. Языныкъуэ тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, а библиотекэм хэлът Ярослав Iущым зэхуихьэсауэ щыта дэфтэрхэри. ИкIи арагъэнут абы дыгъуэгъуакIуэхэр къебгъэрыкIуэу щIыщытар. 
ЩыIэщ дызытепсэлъыхь библиотекэр зэи щымыIауэ, ар хъыбар нэпцIу жызыIэхэри. Ауэ Либереир зэрыщыIам и щыхьэт нэхъыщхьэщ Дерпт къикIа протестант пастор Веттерман Иоганн. Ар I570 гъэм Иуан Ябгэм иригъэблэгъауэ щытащ тхылъхэр зэригъэдзэкIыну. Ниенштедт Франц итхыжа «Ливонская хроника» тхылъым итщ пасторым и псалъэхэр: «Налкъутналмэсым хуэдэу, бжэ гъэбыдакIэ яхъумэрт а тхылъхэр… ЩIы унитIым щIэхуэ къудейр!».
ЗэрыжаIэмкIэ, Софье и дыщасэр шыгу 70-м ихуэ къудейуэ къашэсауэ аращ икIи тхылъ 800-м щIигъурт. Абы яхэлъащ пасэрей урым тхыдэтх Ливий Тит, Светоний, Публий Тацит, Марон Вергилий, Цицерон, Кальвэ, Пиндар, Полибий, Аристофан сымэ я Iэрытххэр. Тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр уасэ зимыIэ дэфтэр защIэт. 
Либереир 1571 гъэм бзэхауэ хуагъэфащэ, Иуан Ябгэр дунейм ехыжа нэужь. Ар куэдрэ къалъыхъуащ урым, хорват, алыдж, нэмыцэ тIасхъэщIэххэм. Езы урысхэми тIэунейрэ щIатIыкIащ Кремль лъабжьэр. Арами, зыри къахуэгъуэтакъым икIи библиотекэр ядыгъуу, Ватикан и гъэтIылъыпIэхэм щагъэпщкIуауэ ягъэIуащ. 
Арами, пащтыхь библиотекэр нобэр къыздэсым къалъыхъуэ, ар щымыIэххауэ жызыIэри гъунэжщ. 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.