|
ЭЛЕКТРИЧЕСТВЭР КЪЫЗЭРЫУНЭХУАР
16 мая, 2023 - 05:52
1800 гъэм электричествэр къэунэхуауэ къалъытэ. Абы щыгъуэ итальян Вольт Алесандро ищIащ электрическэ ток зрикIуэ япэ Iэмэпсымэр. ИужькIэ, Фарадей Майкл, Тесла Никола сымэ я хэлъхьэныгъэшхуэкIэ электрическэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр къежьащ. «Электричествэ» псалъэр грекыбзэм къикIащ, «мэзышмывэ» («янтарь») жиIэу къокI. А фIэщыгъэр I600 гъэм игъэIуащ Гильберт Уильям – пащтыхь гуащэ Елизаветэ I и дохутырым. Абы иджырт малъхъэдисым и щэхухэр, щIы хъурейри «зы малъхъэдис абрагъуэу» къилъытэрт. Электричествэр зэрадж япэ Iэмэпсымэр I663 гъэм къигупсысащ нэмыцэ физик Генрик фон Отто. Урысейм электричествэм и хабзэхэр щаджырт Ломоносов Владимиррэ абы и гъэсэн Рихман Вильгельм Георгрэ. Абыхэм къагупсысащ электричествэр къызэрапщ япэ Iэмэпсымэр.
Къапщтэмэ, дуней псом электричествэм и къыщIэдзапIэу щыIэр дыгъэрщ. Абы и хуабэр топсэ, егъэхуабэ, къегъэнэху щIылъэм псэ зыIуту щыIэ псори. Илъэс мини 3 ипэкIэ цIыхухэм къагъэсэбэпын щIадзащ жьыбгъэмрэ псымрэ я къарур. Апхуэдэу къэунэхуащ щхьэлыр. Мысырым къыщагъуэтауэ щытащ псы щхьэл нэхъ тIорысэ дыдэр. Илъэс мини 2 ипэкIэ алыдж математик, механик Александрийский Герон «эолипил» жыхуаIэр къигъэщIащ - бахъэкIэ лажьэ механизмхэр къызытехъукIарщ. I7I2 гъэм инджылыз инженер Ньюкомен Томас бахъэкIэ лажьэ япэ машинэр зэпкърилъхьащ. АбыкIэ псыр шахтэм къыщIэпшыфырт. БахъэкIэ лажьэ двигателхэр къэунэхуным нэхъыбэ дыдэу хэлъхьэныгъэ хуищIащ Шотландием щыщ Уатт Джеймс. Абы и цIэр фIащащ лъэщагъ къэзыгъэлъагъуэ мардэм - ватт. Уатт и Iэмэпсымэхэр промышленнэ революцэм и къежьапIэу къалъытэ.
УпщIэу къанэрт технологиехэм къыщыбгъэсэбэпын хуей къарур сытым куэду къыхэкIынуми. Псыр къэбгъэкъуалъэу бахъэ къэбгъэхъун папщIэ мафIэ ухуейт. МафIэри хуейт зэщIэзыгъэст къару. Ар пхъэрт. Ауэ XIX лIэщIыгъуэм икухэм Европэм и мэзхэм я нэхъыбэр ираупщIыкIат.
XIX лIэщIыгъуэм цIыхухэр егупсыс хъуащ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр мащIэ хъункIэ зэрыхъунум икIи ахэр ягуэш хъуащ зыкъэзыгъэщIыжрэ зыкъэзымыгъэщIыжу (возобновляемые, невозобновляемые). Иужьрейхэм хабжэрт фIамыщIыр, газыр, щIы дагъэр. Къапщтэмэ, ахэри зыкъэзыгъэщIыжхэщ. ЩIыуэпсыр полъэщ щIы дагъэрэ газкIэ зыгъэнщIыжыным. Ауэ абы текIуэдэнущ егъэлеяуэ зэман кIыхь. Имыух дуней хъугъуэфIыгъуэхэщ жьыбгъэр, псыр, дыгъэр.
Ди зэманым цIыхухэм я псэукIэр я нэгу къахущIэгъыхьэжыркъым электричествэрямыIэу. Пэжщ, къахуохуэ я фIэфIыныгъэкIэ ар щыщымыIа зэманым пэгъунэгъу зыщыхуащI: шэху уэздыгъэхэр ягъаблэ е щIыбым щызэщIагъэст мафIэкIэ мэпщафIэ.
ГЪУЭТ Синэ.
|
04.12.2024 - 15:48 Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ |
|
04.12.2024 - 14:39 Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и |
|
04.12.2024 - 14:38 Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. |
|
04.12.2024 - 12:25 Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр. |
|
04.12.2024 - 09:03 Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIыхьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ. |
|