Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуахэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и ­хабзэубзыху орган нэхъыщ-хьэм и Президиумым хэтхэм я зэIущIэ. Депутатхэм яубзыхуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Парламентым Зэрызы­хуи­гъэзам къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр зи лъабжьэ, зэ­рылэжьэну планыр. 

КъБР-м и Парламентым Къэп­щытэныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кан­саевэ Еленэ къызэрыхигъэщамкIэ, планыр Зэрызыхуагъазэм къы­щыхьа Iуэхугъуэ нэхъыщ­хьэхэм ятещIыхьауэ зэхалъхьащ, ар пункт 25-рэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, абы хэтщ законхэм я ­проект зыбжанэ зэрагъэхьэзы­рынур, «правительствэ сыхьэт», «комитетым и сыхьэт» зэIущIэхэр, «стIол хъурейхэр», комитетхэм я зэхуэс къызэрыгуэкI­хэмрэ щIыналъэхэм щрагъэ­кIуэкIхэмрэ, нэгъуэщIхэри. 
- Планым хэдгъэхьа дэтхэнэ Iуэхугъуэри и чэзум зыхуей хуэ-зэу зэфIэгъэкIын хуейщ, - къы­хигъэщащ Егоровэ Татьянэ. - ­КъБР-м и Парламентым и ко­митетхэм я пщэ итлъхьащ гъат-хэ, бжьыхьэ зэхуэсыгъуэхэм я кIэухым Планым щыгъэбелджыла Iуэхугъуэхэр зэрагъэ­зэщIам теухуа дэфтэр хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и унафэщIым и пащхьэ иралъхьэн хуейуэ. 
Депутатхэм унафэ ящIащ къыкIэлъыкIуэ зэхуэсыгъуэр 2023 гъэм накъыгъэм и 25-м трагъэхуэну.
КъищынэмыщIауэ, парламентархэр тепсэлъыхьащ фе­деральнэ закон зыбжанэм я ­проектхэм, хабзэубзыху жэрдэмхэм, УФ-м и нэгъуэщI хэгъэгу­хэм къикIа зэрызыхуа­гъазэхэм. 
Япэ ирагъэщри, депутатхэм занщIэу зэпкърахащ Iуэхугъуэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ банкым щIыхуэ къеIызыххэм щIэпхъаджащIэхэр зэран къахуэмыхъун папщIэ щыIэ хэкIыпIэхэр, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм Урысей Федерацэм и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ я паспортхэр щызэрахъуэкIын хуей пIалъэр хуэгъэкIуэтэныр, зыми и нэIэ щIэмыт псэущхьэхэм ятеухуа федеральнэ унафэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэныр.
Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыр къызэрагъэсэбэпымкIэ, эколо­гием­кIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ комитетым и уна­фэщI ТекIушэ Артур къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ 2022 гъэм республикэм гъавэр къызэрыщ­рахьэлIэжам, бжьыхьэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIам, ахэр КъБР-м и Парламентым и Президиумым ищIа унафэм тету зэрагъэзэщIам. 
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.