ДяпэкIи апхуэдэнущ

Дунейм и щытыкIэм арэзы укъызэрищIа щымыIэми, Налшык и шыгъэжапIэм накъыгъэм и 9-м, зэрыхуагъэфэщауэ, цIыху куэд къекIуэлIат. 

АтIэми, дяпэкIи апхуэдэу зэ­ры­щытынумкIэ, уеблэмэ нэхъри нэхъыфIыж зэрыхъунумкIэ шэ­сыпIэ зэрихьэр зэхьэзэхуэм щыжаIащ «Урысейм и шыгъэжапIэхэр» АО-м и тхьэмадэ Зайцев Дмитрийрэ а IуэхущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм щиIэ и къудамэм и унафэщI Сэкрэк Зауррэ. Тегъэ­щIапIэу ящIри Налшык ипподро­мым нэхъри зригъэужьыным ди къэралым иужьрей илъэсхэм гулъытэ хэIэтыкIа зэрыхуищIырщ.
Къэдгъэлъагъуэмэ, накъыгъэм и 9-м мы «тэхъуанэм» къеб­лэгъа нэхъыжьыфIхэм «сэлэт кашэ» Iуагъэхуащ, шыгъажэр щы­зэ­пыухэм деж, республикэм и артист цIэрыIуэхэм зауэм теухуа уэрэдхэр щагъэзэщIащ. ЦIыкIу­хэри тезыгъэун Iэмал Iэджи къы­хуагъуэтащ: хуагъэува карусе­лымкIэ кърашэкIащ, «Налшык» хьэлвэ заводым къахуиутIыпща псы IэфI зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зрагъэтIыжащ, къыдыр гъэщIэ­рэ­щIам чэзукIэрэ ягъэшэсащ. 
Iуэхум щIидзэн ипэ къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергейрэ «Урысейм и шыгъэжапIэхэр» АО-м и тхьэмадэ Зайцев Дмитрийрэ. МахуэшхуэмкIэ ехъуэхъуу шыгъэжапIэм къекIуэ­лIахэм зыщыхуагъазэм, абыхэм къыхагъэщащ дунейм и щыты­кIэм емылъытауэ, апхуэдиз цIыху мы щIыпIэм къызэрекIуэлIам зэ­рыщыгуфIыкIари, езы шыгъа­жэр екIурэ-ещхьу зэрекIуэкIынум шэч къызэрытрамыхьэри. 
Шыгъажэр едзыгъуипщIу зэщ­хьэ­щыхат. 8-м - лъы къабзэ зы­щIэт шыгъажэшхэр щызэпеуащ, 2-м - хьэрыпышхэр къыщагъэжащ. Саугъэтхэр зэхэтлъхьэжмэ, псори зэхэту сом 1 мелуанрэ мин 400-рэ хъурт. Абыхэм ящыщу пщIэ нэхъ зиIэу ягъэувар «Пробнэ» зыфIаща зэпеуэхэм щыте­кIуахэм иратахэрт.
Махуэм иращIэкIа зэхьэзэхуэр илъэситI зи ныбжь хьэрыпышхэр метр 1000-м къыщызэдагъажэ­кIэ­рэ щIадзащ. Ахэр къэзыгъэп­хъэ­рахэр щIэныкъуэкъуащ      СССР-м и кхъухьыдзэм и адмирал Головко Арсений и фэеплъ саугъэтыр къэхьыным. 
Телъыджэр аращи, Iуэхум хэ­зы­щIыкIхэм, шэч къытрамыхьэжу, зы жьэу зэдыжаIат мы зэхуэ­зэгъуэм бжьыпэр къыщызыхьын хуеяр Мордухович Эдуард и хакIуэш Эдинбург зыфIащар арауэ зэрыщытыр. АрщхьэкIэ, къызэ­рекIуэкIари къызэрыщIидзари нэ­гъуэщIущ. «Терский» шы заво­дым къыщагъэхъуа Нимбус Терска шы гъуабжэм ищхьэкIэ зи    гугъу тщIахэр зыпэплъар къызэпиудащ: япэ категорие зиIэ шууей Щоджэн Iэдэм къигъэжа шым зытехьа гъуэгуанэр псом япэ къызэринэкIащ. 
КIэлъыкIуэу, «Налшык и саугъэт» зыфIащам щIэбэнынымкIэ метр 1200-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуа­нэм щытекIуащ «Волгоградский» шы заводым щапIа Мит Миф шыгъажэшыр. Ар зыгъэсар мастер-тренер Хьэткъуэ Щамилщ, къэ­зыгъэжар Хьэткъуэ Резуанщ. 
«Пробнэ» зыфIаща зэпеуэхэм ящыщ зыт Урысейм и ЛIыхъужь­хэм я цIэкIэ саугъэтым щыщIэбэнар. Мыбдежым щехъулIар «Терский» шы заводым и Верная   Терск шырщ. Ар къэзыгъэжар шууей Щоджэн Iэдэмщ. 
Накъыгъэм и 9-м иращIэкIа шыгъажэм и курыхт ТекIуэныгъэм и махуэм и цIэкIэ ирагъэ­кIуэкIа зэпеуэр. Илъэсищ зи   ныбжь хакIуихыр метр 1600-м къыщызэдагъэжати, япэ яфIищар Краснодар крайм щыIэ «711» шы заводым къыщагъэхъуа Чэмп Дэнсерщ. Шыр жыжьэ къра­шами, и уанэгу исар ди лъэпкъэгъу, «Кабардинский» шы заводым илъэс куэдкIэ щылэжьа Албэрды Анзорщ. Мы щIалэр, къыхуагъэфэща саугъэтыр къыщ­ратыжым, шыгъэжапIэм къекIуэлIахэм я мызакъуэу, ди къэралым и цIыху псоми махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ (къызэ­ры­щIэкIымкIэ, езыри дунейм къыщытехьар накъыгъэм и 9-рщ). 
115-нэ шу дивизэм и цIэкIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм километри 2 зи кIыхьагъ гъуэгуанэм щызэIущIащ зи ныбжь хэкIуэта хакIуи 9-р. Абыхэм ящыщу бжьыпэр зыубыдар «Налшык» хьэлвэ заводым и шэщым къыщIаша Терек Стар хакIуэрщ. 
Къармэ Хъызыр и фэеплъу къы­зэрагъэпэща зэхьэзэхуэм метр 1800-м къыщызэдагъэжащ илъэсищ зи ныбжь шыхэр. Абыхэм ящыщу текIуар «Малкинский» шы заводым щаIыгъ Ландромат шы гъуабжэрщ. Ар зыгъэсари къэзыгъэжари япэ категорие зиIэ шууей Шыкъ Астемырщ. 
Абхъаз Республикэм и ЛIы­хъужь, генерал-лейтенант Сосналы СулътIан и фэеплъу ягъэува саугъэтыр къэхьыным метр 1800-р къызэзынэкIахэм ящыщу бжьыпэр иубыдащ Шулер зыфIаща шым. Ар зейр Алий Рашидщ, зыгъэсар Алокъуэ Аслъэнджэ­рийщ, къэзыгъэжар Пэнжокъуэ Рустамщ. Шы гъэхъуным куэд щIауэ яужь ит абхъаз щIалэ Цишбэ Нодар и IэрыкI саугъэтыр абыхэм яIэщIэзылъхьар Абхъаз Республикэм и Президентым и чэнджэщэгъу Ашбэ Ахърэрэ а щIыналъэм ди республикэм щыщу щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Яхэгуауэ Сергейрэщ. 
Налшык ипподромым накъыгъэм и 27-м щекIуэкIыну къы­кIэ­лъыкIуэ шыгъажэм, хабзэ зэрыхъуауэ, «Спринтерские» саугъэтхэр щагъэджэгунущ. 

ЛУЦ СулътIан. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)