Урысейм и махуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъуауэгъуэм и 12-м Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Республикэ унафэщIхэмрэ щэнхабзэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ, налшыкдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ, ныбжьыщIэхэр щызэхуэсат Къэбэрдейр Уры-сейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам и щIыхькIэ щыIэ утыкум.
ЦIыхухэм я лъэпкъ фащэхэр щатIэгъат, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ зэраIэр зыхыуагъащIэу. Оркестрым игъэIу макъамэхэм едаIуэу ахэр гупу екIуэлIащ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Урысейм и нып метри 8 зи кIыхьагъыр зыIыгъа волонтёрхэмрэ кадетхэмрэ псом япэ итащ. Абдеж къыщызэрагъэпэщат республикэм и сурэтыщIхэм, IэпщIэлъапщIэхэм, сабий школхэм я гъэсэнхэм я Iэдакъэ-щIэкI гъэлъэгъуэныгъэхэр.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща пшыхьыр къызэIуихащ а IуэхущIапIэм и унафэщI Берд Хьэзрэтали
- Урысейр зыми хуэмыдэ къэ- ралщ, - жиIащ абы. - И пщIэр иIыгъыу ар зэман нэхъ гугъу дыдэхэми къыпхыкIащ. Ар и фIыгъэщ цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм. Нобэ ди къалэнщ ди Хэкур нэхъри едгъэфIэкIуэну, дуней псом фIы и лъэныкъуэкIэ къыхэщу тщIыну. Къэралыр лъэщмэ, абы и цIыхухэм зыри къытегушхуэфынукъым, пщIэ яIэнущ. Урысейр зи инагъым увыпIэ лъагэ щиIыгъщ ди Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм, лъэпкъи 100-м щIигъу зэрысым. Республикэм и ехъулIэныгъэхэр къэралым къигъэлъэгъуащ ордениплIкIэ. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, ди лъахэр сыт щыгъуи Кавказ Ищхъэрэм и налкъутналмэсу зэрыщытар, дяпэкIи апхуэдэнущ. Дызэкъуэтыху къыттекIуэн щыIэкъым! Мы махуэшхуэр абы и щыхьэтщ. Мамырыгъэрэ узыншагъэрэ фиIэну сынывохъуэхъу.
Бердыр къэпсэлъа нэужь, къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэту;зыкъагъэлъэгъуащ республикэм и уэрэджыIакIуэхэмрэ сабий къэфакIуэ гупхэмрэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.