ЩIЫПIЭЦIЭХЭР

Хы ФIыцIэр зи кIуапIэ Ашэ и жапIэм и кIыхьагъкIэ дыкъыщеплъмэ, икухэм хуэзэу къыщыхэлъадэ псы бгъунжхэм ящыщ зым зэреджэ Анэкъуэпсы (Анакопсы) псалъэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.
Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэлъщи, япэ Iыхьэр зыхуэтхь хъунур абазэ-абхъаз-убыххэм я бзэхэм зэдыхэт «Ан/Ана» псалъэу тхьэхэм ящыщ зым зэреджэу щытарщ. ЕтIуанэ пычыгъуэр, адыгэбзэм и IукIэ псоми щыхэтлъагъуэ «къуэ» жыIэкIэрщ. Ар къызэрыдгурыIуэ хъунур тIууэ зэщхьэщокI: япэр – «къуэладжэ», «къуэкIий», «тIуащIэ» мыхьэнэхэм тедгъахуэущ, етIуанэр – «бын», «щIэблэ» зыгурыгъэIуэкIэущ. Анэкъуэпсы фIэщыгъэм и ещанэ Iыхьэр, зэрытлагъущи, «псы» жыхуэтIэрщ. Ауэ щыхъукIи, щIыпIэцIэр зэрыщыту къатщтэмэ къызэрыдгурыIуэ хъунур «Ан/Анэ тхьэм и псы къуэкIий» мыхьэнэм хуэдгъакIуэущ. 
ЩIыпIэцIэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI егупсысыкIэхэри щыIэщ. Ауэ ахэр, тэмэму зэрызэпкърымыхам къыхэкIыу (дэ къызэрытлъытэмкIэ), мыбдежым къыщытхьынкъым. 
Ажек – Ажы-къуэ – Ажэ-къуэ 
Сочэ псым ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ къыхэлъадэ и къуэпсхэм ящыщ зым а цIэр зэрехьэ. Зи пкъыр IыхьитIу зэхэт псалъэм и къэхъукIэм теухуауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. 
«Ажы»-м убыххэм я бзэкIэ къикIыр дэ, адыгэхэм, «уэс» зыхужытIэрщ, «къуэ»-м, дызэрыщыгъуазэщи, ди бзэм мыхьэнэуэ тIу щиIэщ: «и бын» егупсысыкIэмрэ «къуэладжэ» е «тIуащIэ» къызэрыкIымрэ. 
Аращи, щIыпIэцIэм хуэгъэзауэ апхуэдэ еплъыкIэ зиIэхэр зэрегупсысымкIэ, фIэщыгъэр къызэрыдгурыIуэ хъунур «уэсыкъуэ», «уэс IэшкIэм (джейм) къигъэщIа псы цIыкIу», «уэс бын» е «уэсыр щIэх зыдэмыбзэхыкIыж къуэладжэ» жыхуиIэущ.
ЗэрыжытIащи, нэгъуэщI еплъыкIэхэри щыIэщ. ЩIыпIэцIэхэр зэхуэхьэсыжыным, джыным илъэс куэдкIэ яужь ита ди лъахэгъу, щIэныгъэлI КIуэкIуэ Джэмалдин зи гугъу тщIы псы цIыкIум зэреджэм хуэкIуэу къилъытар къурш псэущхьэу «ажэ» жыхуэтIэм «я зэхуэсыпIэ къуэбэкъу» мыхьэнэм техуэрщ. 
Мыри бгъэдыхьэкIэ гъэщIэгъуэнщ. Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я Хэкужьым и щIыпIэцIэхэм ящыщу зэрамыхъуэкIахэм я зэхэлъыкIэр зыфIэгъэщIэгъуэну, я зэхэгъэувэкIэр зыгурыгъэIуэным зэман куэд езыгъэхьа лъахэхутэ Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья» и тхылъым зэритымкIэ, фIэщыгъэр щIыпIэдэлъху убыххэм я деж зэрыщыIуу щытар «ажэ-къуэ» жыIэкIэм хуэкIуэущ. ИтIани, «ажэ»-м абыхэм я деж къыщикIыу къадекIуэкIар дэ, адыгэхэм, «щыхь» зыхужытIэ псэущхьэм дызэреджэрщ. Ауэ щыхъукIи (Ворошиловым къызэрилъытэмкIэ), щIыпIэцIэр «щыхьым и къуэ цIыкIу» е «щыхьхэр щызэхэзекIуэ псыхъуэ» мыхьэнэхэм я зым хуэхьыпхъэщ.
Бзыч
Адыгэхэм я Хэкужьыр зыгъэдахэ Шахэ псышхуэр, и жапIэр зэрыщыту къэтщтэнщи, хы ФIыцIэм щыхэхуэж и нэпкъым деж къыщыщIэдзауэ къуэпсхэу Бзычрэ Бзыгурэ щыхэлъэдэж икухэм нэсыху убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я щIыналъэхэм я зэпылъыпIэу щытащ. 
Зи гугъу тщIа къуэпсхэм ящыщ Бзыч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Шахэ щыхэхуэжыр хы ФIыцIэм километр 30-кIэ пыIухащ. БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, убыхыбзэм къыхэхъукIа псыцIэр IыхьитIу зэхэтщ: япэр - «бзы» - «псы», етIуанэр - «чIы» - «чIы­Iэ». «Псы щIыIэ» жыхуиIэщ.
Хъуэпсы - Хъуэбзы - ХОБЗА 
Мы фIэщыгъэр зезыхьэ псыр хы ФIыцIэм щыхэлъэдэжыр Сочэ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 19-кIэ пыIудзауэщ. Абдежым къедза зыгъэпсэхупIэми а цIэр зэрехьэ.
Зэреджэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу лъахэхутэхэм нэхъ трагъакIуэр ар убыхыбзэм къызэрыхэхъукIарщ. «Хъуэ» псалъэм аптIэхъуэхэм (убыххэм) кърагъэкIыу щытар дэ, адыгэхэм, «кхъуэ» зыхужытIэрщ. «Бзы» пычыгъуэр, зэрынэрылъагъущи, «псы»-ращ. Аращи, Хобза – Хъуэбзы - Хъуэпсы. НэгъуэщIу жытIэмэ, фIэщыгъэр зэрыщыту зыхуэтхь хъунур «кхъуэпс» мыхьэнэращ. 
Бзэр – тхыдэщ
«ЩIыпIэцIэхэр фэеплъщ ахэр къыщызэтена щIыналъэхэр зи хэщIапIэу щыта лъэпкъхэм я дежкIэ», - щитхыгъащ географие щIэныгъэхэмкIэ доктор Мурзаев Эдуард «Географиер-фIэщыгъэхэмкIэ» и тхылъым. 
Сочэ и Iэшэлъашэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэр къызэрыунэхуа щIыкIэр зэхэзыгъэкIыну яужь ихьэ дэтхэнэми а щIыналъэм нэхъапэм щыпсэуа лъэпкъхэм я бзэхэм я IукIэри, я зэхэлъыкIэри тегъэщIапIэ ищIын хуейщ. Сыту жытIэмэ, а Iэгъуэблагъэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэм куэду яхэтщ а лъахэм щыIуу щыта бзэхэм - убыхыбзэм, садзхэм (абазэ лъэпкъщ), нэгъуэщIхэми я бзэхэм щыщ псалъэпкъ щхьэхуэхэр, уеблэмэ, лъабжьитI-щы зиIэхэр. 
 ПсэлъэкIэхэр щызэгъунэгъуам
Хы ФIыцIэм ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ и псыIум адыгэхэр, абазэхэр, убыххэр зэгъусэу илъэсищэ бжыгъэкIэ Iусыгъащ. Абы къыхэкIащ зым и бзэр адрейм зригъащIэу къызэрекIуэкIари, я псэлъэкIэм щыщ куэд гъунэгъу лъэпкъхэм къызэращтари, щIыпIэцIэхэм лъабжьэ зэхуэмыдэхэр зэрагъуэтари. 
АбыкIэ тегъэщIапIэщ урыс пащтыхь дзэзешэхэм яхуэлажьэу Кавказым щэхууи нахуэуи къыщызыкIухьа тIасхъэщIэххэм: Торнау Фёдор, Новицкий Георгий, Люлье Леонтий сымэ, къинэмыщIхэми зауэ хуэIухуэщIэу, бгырысхэм я щIыналъэм и зэхэлъыкIэр къэзыIуатэу, зэхагъэувауэ щыта я картэхэр, Инджылыз, Франджы къэралыгъуэхэм, нэгъуэщIхэми къикIыу адыгэ-убых-абазэ щIыналъэм зыщызыплъыхьа, уеблэмэ щыпсэуа: Дюбуа де Монпере Фредерик, Белл Джеймс, Лапинский Теофил сымэ, нэгъуэщIхэми къызэранэкIа я тхыгъэхэр. 
«Курыт лIэщIыгъуэхэм я пэщIэдзэм къыщегъэжьауэ Урыс-Кавказ зауэр иухыху, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ипщэ-къухьэпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм, нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, Хъуэстрэ Шахэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм, а лъэхъэнэм исыгъар убыхыбзэкIэ псалъэу щыта лIакъуэхэрщ, - дыкъыщоджэ Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья» и тхылъ гъуэзэджэу 2007 гъэм Мейкъуапэ къыщыдигъэкIам. – Аращ убыхыбзэм щыщу къытхуэна псалъэхэр къэдмыгъэсэбэпауэ, а щIыгур ноби зыгъэдахэ щIыпIэцIэхэм я нэхъыбэм я зэхэлъыкIэр щIытхузэхэмыгъэкIынур…».
Ворошиловым и Iуэху еплъыкIэр щIэзыгъэбыдэхэм ящыщщ мы Iуэхугъуэри: языныкъуэ бзэ щIэныгъэлIхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, убыххэм я псэлъэкIэм (ахэр иджыри Кавказым щиса иужьрей лъэхъэнэхэм), адыгэ, абхъаз, абазэ бзэхэм къащхьэщыкIыу, IукIэ щхьэхуэ иIэ хъуат. 
Ди зэманымкIэ къедгъэзэкIыжынщи, щIыпIэцIэхэм «зыхаудыгъуауэ» яхэт псалъэпкъхэм ящыщу адыгэ, абазэ бзэхэм къахэкIахэр къахэцIыхукIыжыныр куэдкIэ нэхъ тыншщ, а тIум фIыуэ хэзыщIыкIхэр зэрыдиIэм и фIыгъэкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, убыхыбзэм къыхэкIа пычыгъуэхэм я Iуэху зыIутыр нэгъуэщIщ, къыщыунэхуам яIа теплъэр зыхуэдар къыдгурызыгъэIуэфын цIыхухэр гъуэтыгъуей дыдэ зэрыхъуам къыхэкIыу.  
КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ

22.04.2024 - 09:38

Адэжь щIыналъэм щохьэщIэ

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и уна­фэщIымрэ абы хэтхэмрэ мы махуэхэм Урысей Федерацэм адыгэхэр зэрыс и хэгъэгухэм щохьэщIэ, Адыгэ Хасэхэм цIыхухэм щахуозэ, республикэ унафэщIхэм йопсал