ДызыхущIэкъур щIэныгъэрщ

Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и къалащхьэ Владикавказ щекIуэкIащ курыт школым ­щадж предмет зыбжанэмкIэ ныбжьыщIэхэр щызэпеуа ЕтIуанэ щIыналъэпсо олимпиадэр. «Ды­зыхущIэкъур щIэныгъэрщ» фIэщыгъэр зиIа зэпеуэ иным Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ щIыпIэхэм щыщ школакIуэ 35-рэ хэтащ. Егъэ­джэныгъэм зегъэужьыным ­мылъкукIэ, IуэхукIэ дэIэпыкъу «Ды­зыхущIэкъур щIэныгъэрщ» фондым къызэригъэпэщ Iуэхум ныбжьыщIэхэр щызэхьэзэхуащ физикэмкIэ, математикэмкIэ, химиемкIэ, биологиемкIэ, информатикэмкIэ, ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIхэмрэ ягъэлъагъуэу. Ди гуапэ зэрыхъущи, зэпеуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа ныбжьыщIэхэм. 

АкъылыфIэхэм я зэпеуэм мы­хьэнэшхуэ зэриIэр къагъэлъа­гъуэу, абы хэтхэм хъуэхъу тхылъхэр къы­хуагъэхьащ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, УФ-м Егъэ­джэныгъэм кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм я унафэщIхэм. Апхуэдэу зэпеуэм щызэфIах лэжьыгъэм набдзэгуб­дзаплъэу кIэлъыплъащ КИФЩI-м и егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я уна­фэщI­хэр, IэщIагъэлIхэр, егъэджа­кIуэ Iэзэхэр. Зэхьэзэхуэр зэрекIуэ­кIыну къыхагъэбелджылыкIа предметитхум ящыщ дэтхэнэмкIи зэ­пеуэхэр къызэгъэпэща хъуат хьэ­лэмэту, купщIафIэу. 
ШколакIуэхэр махуищкIэ зэпеуа нэужь, лэжьыгъэм кърикIуахэм хэплъэжащ къэпщытакIуэхэр. Абдежым наIуэ къэхъуащ ди республикэм икIа гупым адрей псоми яхуэмыдэж щIэныгъэ куу предметхэмкIэ къызэрагъэлъэгъуар. ЕтIуа­нэ увыпIэр къахьащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм щыщ ныбжьыщIэхэм, ещанэр хуагъэфэщащ Дагъыстэн Республикэм икIахэм. ЕплIанэт Къэрэшей-Шэрджэ­сым и гупыр. Етхуанэ хъуащ Ингуш Республикэм щыщ ныбжьыщIэхэр. 
«ДызыхуэщIэкъур щIэныгъэрщ» щIыналъэпсо зэпеуэм щытекIуа гупхэр, школакIуэхэр гъэлъэпIэным хуэгъэпса гуфIэгъуэ зэIущIэ щызэхашащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Правительствэм и Унэм. Зэпеуэм хэта гупхэм нэмыщI, абы къекIуэлIащ федеральнэ субъектым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджакIуэ ­пашэхэр. А псоми псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Iуэхур щекIуэкIа республикэм и Iэтащхьэ Меняйлэ Сергей. Абы хуабжьу гуапэ щы­хъуащ Кавказ Ищхъэрэм къихъуэ щIэблэм школ предмет нэхъы­щхьэхэм ящыщ куэдымкIэ щIэныгъэ куу зэрабгъэ­дэлъыр, зэфIэкI лъагэ зэраIэр. 
- Хуабжьу си гуапэщ фи акъы­-­лым­рэ гупсысэмрэ къахьа текIуэ­ныгъэ лъагэхэм къыфхалъхьа дэ­рэжэгъуэр зэрывдэсIэтыр. ДяпэкIи фефIэкIуэну, къыфпэщылъ гъащIэм мыпхуэдэу фыщагъэлъапIэ зэман куэдрэ къыщыфхуихуэну сынывохъуэхъу, - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. - Дэтхэнэ зэхыхьэми хэлъ фIыр къыхэфхыу, ныбжьэгъущIэхэмрэ щIэныгъэщIэхэмрэ зэвгъэгъуэту, насыпрэ ехъулIэныгъэрэ фи Iэпэгъуу фыпсэуну си гуа­пэщ. 
Апхуэдэ псалъэ дахэхэм къа­кIэ­лъыкIуэу Меняйлэ Сергей КъБР-м икIа ныбжьыщIэ гупым я пашэ, «ДыгъафIэ къалэ» ТворчествэмкIэ сабий академием и лицейм и егъэджакIуэ Джэдмышх Астемыр те­кIуэныгъэм и кубокымрэ зэпеуэм и щIыхь тхылъымрэ иритащ, Iэгуа­уэш­хуэм щIэту. 
Зэхуэсым апхуэдэу щагъэлъэпIащ предмет щхьэхуэхэмкIэ щIэныгъэ куу къэзыгъэлъэгъуа школакIуэхэри. Абыхэм яхэхуащ «ДыгъафIэ къалэм» и лицейм и еджакIуэхэу Хьэщпакъ Астемыр, БжэныкIэ Албэч, Псху Сюзаннэ, Бесчокъуэ Хьэжмурат сымэ. НыбжьыщIэхэм иратащ зэпеуэм и щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр, фэеплъ тыгъэхэр. 
ГуфIэгъуэм къыщыпсэлъащ «Ды­зыхуэщIэкъур щIэныгъэрщ» фондым и Президент Дзгоев Валерэ, РАН-м Владикавказ щиIэ щIэныгъэ центрым и щIэныгъэ унафэщI, профессор Кусраев Анатолэ сымэ. Ахэри гуапэу ехъуэхъуащ щIыналъэпсо зэпеуэм щытекIуахэми абы къыщыхэжаныкIахэми. 
Дэри ди гуапэу дохъуэхъу ­КИФЩI-м и утыкушхуэм Къэ­бэр­дей-­Балъкъэр Республикэм и щIыхьыр лъагэу щызыIэта, текIуэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьа ныбжьыщIэхэм. ГъащIэм хуаIэ мурадхэр къайхъулIэу, я хъуэпсапIэхэм лъэIэсу, щIэныгъэ нэхур я плъапIэу гъуэгу дахэ Тхьэм къарит. ЩIэныгъэм шыхаш лъагъуэр ехъулIэныгъэ куэдым я щIэдзапIэ яхурырехъу а школакIуэ зэчиифIэхэм. 

ТАМБИЙ  Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.