Псоми ди дадэ Iумахуэ

Адыгэм ди мащIэкъым къыщалъхуа жы­лэм, зыщыщ лъэп­къым, и адэжь щIы­налъэм я пщIэр зыIэт нэхъыжьыфIхэр. Лъэпкъ хабзэмрэ нэ­мы­сымрэ зыдалъагъу, абыкIэ щIэблэм щапхъэ яхуэхъу а цIыху­хэращ «Ар адыгэщ!» псалъэр Iэтауэ же­зыгъэIэр. Апхуэдэ­хэм ящыщщ Шытхьэлэ ­къуажэм щы­псэу Джатокъуэ Анурбий Исуф и къуэр. 

Зи сабиигъуэри балигъ хъугъуэри Хэку зауэшхуэм  и илъэс хьэлъэхэм, абыхэм къакIэлъыкIуа лъэхъэнэ ­гугъухэм хиубыда Анурбий иджыри цIыкIуу зыхищIащ «гъащIэр матэщIэдзауэ» зэрыщымытыр. ЩыщIэныгъэхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ, адрей совет унагъуэ мел­уанхэм хуэдэу, къапхыкIыфащ Джатокъуэхи, я пщIэрэ я нэмысрэ яIыгъыжу, жылэм дэс адрей лъэпкъхэм ща­пхъэ яхуэхъуу. Гу къабзэ-псэ къабзэу къэтэджа Анурбий балигъ хъуа нэужь, и лэжьыгъэ Iыхьэ ирихьэкIащ, фIыщIэрэ щытхъурэ пылъу. И ныбжьыр зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм нэсами, Iуэхуншэ зэи хъуакъым. Ар цIыхум яхэту, жылэм дэс щIэблэр дин къабзэм хуиущийуэ илъэс куэдкIэ лэжьащ Шытхьэлэ къуажэм я ефэндыуэ. Ноби ар куэдым я чэнджэщэгъущ, унэ­тIакIуэщ. 
Къыхэдгъэщынщи, Анурбий куэд лъандэрэ и ныбжьэгъуфIщ «Адыгэ псалъэ» газетыр. Абы и къыдэкIы­гъуэхэм хуэпIащIэу зыIэригъэхьэу, фIэхьэлэмэтуи щIиджыкIыу апхуэдэщ ар. 
ЗэрытщIэщи, дэтхэнэ унагъуэми илъ насыпыр елъытащ нэхъыжьым абы щигъэув хабзэм, нэмысым. Джатокъуэхэ я унагъуэр абыкIи щапхъэ зытепх хъунухэм ящыщщ. Анурбийрэ абы и щхьэгъусэ ХьэIишэтрэ яухуа унагъуэ дахэм зэгурыIуэмрэ зэдэIуэжымрэ и лъабжьэщ, зэхэщIыкIымрэ лъагъуныгъэмрэ и тегъэщIапIэщ. Зэ­щхьэгъусэхэм зэдапIащ икIи гъащIэм и гъуэгу пэжым щытрагъэуващ хъыджэбзищ: ФатIимэ, Мадинэ, Залинэ сымэ. Я адэ-анэм абыхэм гъэсэныгъэ екIу халъхьэфащ, щIэныгъэ, зэрыпсэун IэщIагъэ ирагъэгъуэтащ. Нобэ ахэри, абыхэм къащIэхъуа щIэблэри добжьыфIэ дадэ Iумахуэу зи махуэшхуэр зыхуагъэлъапIэм. 
«Анурбий зэрыфIыр и унагъуэм исхэм я закъуэкъым. Ар къытхуэгуапэщ икIи къытхуэнабдзэгубдзаплъэщ и къуэш бынхэми, къытщIэхъуэ щIэблэми. Аращ ар псоми ди дадэу къыщIэтлъытэри», - жаIэ Джатокъуэхэ Залинэ, Марьянэ, Къантемыр сыми, адрей зэкъуэш бынхэми. 
Джатокъуэхэ ди нэхъыжьыфIхэм ящыщ Анурбий мы махуэхэм егъэлъапIэ и илъэс 80 юбилейр. ЦIыхугъэ нэсыр, пэжыгъэр, лъэпкъ хабзэ дахэр дапщэщи къы­зыдэгъуэгурыкIуэ нэхъыжьыфIым, ущиякIуэ нэсым, чэнджэщэгъу Iущым ди гуапэу дохъуэхъу и узыншагъэрэ и гуащIэрэ мыкIуэщIу, быным, абыхэм я щIэблэм я насыпым и псэр игъэнэхурэ и гум ехуэбылIэу, и щхьэ­гъусэмрэ езымрэ зэкъуэмыхуу куэдрэ зэдэпсэуну. Дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ я куэду, гуауэр япэIэщIэу, я дунейр дахэу, я пщIэр лъагэу, я унагъуэ жьэгур мыужьыхыу къащIэхъуэ щIэблэм куэдрэ Тхьэм ящхьэщигъэт Анурбии ХьэIишэти. 
Дыпхуэарэзыщ, ди нэхъыжьыфI. Пхуэфэщэн Алы­хьым дищI!
Джатокъуэхэ къабгъэдэкIыу.
Шытхьэлэ къуажэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.