Урысейм и махуэр щагъэлъапIэм къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэр - паспортыр - республикэм и еджакIуэ 21-м яритащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
Зэхуэсым хэтащ УФ-м и Президентым КИФЩI-м и IуэхухэмкIэ и полномочнэ лIыкIуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачев Евгений, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэхухэм-кIэ и министр Къумыкъу Iэуес, нэгъуэщIхэри.
Щэнхабзэм, спортым, школ олимпиадэхэм мызэ-мытIэу ехъулIэныгъэхэр къыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэм защыхуигъазэм, КIуэкIуэ Казбек жиIащ къэралым щагъэлъапIэ махуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зым ирихьэлIэу зэрызэхуэсар.
- Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр нобэ дгъэлъапIэ махуэшхуэм техуэу къызэрыфIэрыхьэм куэд къыбжеIэ, зэкъуэтыныгъэр, Хэкур фIыуэ лъагъуныр, абы хуэлэжьэныр и лъабжьэу щытщи. Урысейм хуэдэу къэрал иным, лъэщым ущыщыныр пщIэшхуэщ, абы и тхыдэ къулейм фригушхуэн хуейщ, - жиIащ КIуэкIуэм. - Мы дэфтэрым балигъ гъащIэм фыхешэ. Шэч хэмылъу, фэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрывгъэхьэну фыхунэсащ, ауэ ар щIэдзапIэ къудейщ. Иджыпсту Iэмал псори фиIэщ зывужьыным теухуауэ. Ауэ сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхэвмыхми, сыхуейт сыт щыгъуи хэкупсэу фыщытыну, фи лъахэр ефIэкIуэным фи гуащIэ зэрыхэфлъхьэным фыхущIэкъуну, ар къэфIэтыну. Фэращ ди къэралым и къэкIуэнур дяпэкIэ зэлъытари, си гуапэщ фи хъуэпсапIэхэр къывэхъулIэну.
Кувичкэ Никитэ ныбжьыщIэхэм къабгъэдэкIыу республикэ унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ къыхуащIа гулъытэм папщIэ, икIи къэралым хуэпэжу, жэуаплыныгъэ яхэлъу псэуну къызэхуэсахэр къызэрагъэгугъэр дыщIигъуащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм ныбжьыщIэхэм защригъэплъыхьащ КъБР-м и Правительствэм и Унэм, иужькIэ абыхэм я упщIэхэм жэуап яритащ. ЩIалэгъуалэм тхылъ саугъэтхэр хуащIащ.