ЗАХУАГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

2023 гъэм илъэс 78-рэ ирокъу Те­кIуэныгъэ Иныр ди къэралым къы­зэрихьрэ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къэралым и лъэр щIауду зыIэщIалъхьэжыну иужь щихьэм, ди хэкум лъэпкъыу исыр зылI и быну зэкъуэувэри, бийм пэуващ. Махуэ 1418-кIэ екIуэкIа зауэм цIыху мелуан 27-рэ хэ­кIуэдащ. Махуэ къэс цIыху мин бжыгъэм ажалыр я натIэ хъурт, сыхьэт къэс - цIыху мин 800 къаукIырт, да­къикъэ къэс сэлэт 13 хэщIырт советыдзэм… 

Мамырыгъэр къытхуахьу къэзыгъэ­зэжа сэлэтхэри, зауэ губгъуэм зи щхьэр къизына лIы хахуэхэри нобэ хуэдэм - ТекIуэныгъэм и махуэм - дигу къыдогъэкIыж. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гъэ къэс нэхъ мащIэ мэхъу зауэм хэта ветеранхэр. 2022 гъэм и кIэм ирихьэлIэу ди республикэм исыжт Хэку зауэшхуэм хэта ветерану 265-рэ, тылым щылэжьахэу цIыху 816-рэ. 
Курыт ныбжьым иту апхуэдэ адэшхуэр зыцIыхуахэм я насыпщ, абыхэм къы­дэкIуэтей щIэблэм хуаIуэтэн хуейщ дадэм и лIыхъужьыгъэр, хахуагъэр. Абы­хэм я хъыбар зэIэпыхыныр иджыри лIэщIыгъуэкIэрэ кIуэдыжынукъым. Гъуни нэзи иIэкъым ветеранхэм дазэры­хуэ­арэзым. Абыхэм я гъащIэр халъ­хьэурэ хьэкъ ящIыфащ дунейпсо лъапIэныгъэр, цIыхугъэр, захуагъэр хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
А псом и дамыгъэу къытхуэнащ Те­кIуэныгъэм и махуэр. Ар Iэтауэ щагъэлъапIэ щыхьэрми хэгъэгухэми. Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIы­ху­бэри гушхуауэ хэтщ а махуэшхуэм. Зауэм къыщагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм папщIэ ди щIыналъэм щыщ куэдым «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ, «ЩIыхь» орденым и нэгъыщэ псори куэдым къахьащ, цIыху минипщIым щIегъу орден, ме­даль зэхуэмыдэхэр зратахэр. 
1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м, Москва и Утыку Плъыжьым ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIауэ щытащ, нэмыцэ-­фашист зэрыпхъуакIуэхэр Хэкум ира­хужу совет лъэпкъыр Хэку зауэшхуэм зэрыщытекIуам и щIыхькIэ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ТекIуэныгъэ Иныр 75-рэ щрикъум, 2020 гъэм, а махуэ дыдэм, мэкъуауэгъуэм и 24-м, екIуэ­кIащ парадыр. Гъэ къэс накъыгъэм и 9-м зэхашэ зэхыхьэшхуэр а гъэм мэ­къуа­уэгъуэм и 24-м щIагъэIэпхъуам и щхьэусыгъэур коронавирус уз зэрыцIалэм дызригъэува щытыкIэрт. Ди къэралым нобэ иIэ къарумрэ лъэщагъымрэ игъэлъагъуэу а махуэм утыку къихьат дзэм къулыкъу щызыщIэу мин 14-м ­щIигъу, дзэ техникэу 200-м щIигъу, ­кхъухьлъатэрэ вертолёту 75-рэ. Лъэ­сырыкIуэу Утыку Плъыжьым къихьащ расчёт 40-м щIигъу, абыхэм яхэтт Iэщэ­кIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я дзэ частхэм, дзэ къулыкъущIапIэхэм щыщ офицерхэр, сержантхэр, сэлэтхэр, дзэ еджапIэхэм я курсантхэр, Суворовым, Нахимовым я цIэхэр зезыхьэ училищэхэм щIэсхэр, кадетхэмрэ юнармейцхэмрэ. Псоми яцIыхухэм нэмыщI, а гъэм ягъэлъэгъуащ дзэ техникэщIэу 20-м я теплъэхэр. Юбилей парадым хэтащ ­нэхъ лъэщ ящIа Т-90М, Т-80БВМ танк­хэр, БМП-2, БМП «Курганец-25», БМП «Армата» дзэ машинэхэр, «Деривация-ПВО» зенит артиллерие комплексыр, «Бук-М3» зенит ракетэ комплексыр, ­ракетэ системэхэу С-350 «Витязь»-мрэ С-300В4-мрэ, топгъауэ комплекс «Панцирь-СIМ»-р, нэгъуэщIхэри.
Уэгум щыдиIэ къарур къагъэлъа­гъуэу, гуп 16 хъу кхъухьлъатэ 75-рэ блэ­лъэтат а махуэм. Абыхэм яхэтт Ми-26, Ми-8, Ми-35, Ка-52, Ми-28 вертолётхэр, А-50, Ил-76, Ту-95, Ту-22, Ту-160, Ил-78 кхъухьлъатэхэр, Су-25 штурмовикихым Урысей Федерацэм и ныпым и плъы­фэхэр къапихыу телъыджэу уэгум итащ. 
Урысей цIыхум и гур хигъахъуэу, за­хуагъэм и нэщэнэу, лъэщагъым и дамыгъэу илъэс къэси догъэлъапIэ мы махуэр. 
ЖыпIэнуракъэ, планетэ псом и къэ­кIуэ­нур илъэс пщIы бжыгъэкIэ зыубзы­хуа, нэхъ ин дыдэу, мыхьэнэшхуэ зиIэу тхыдэм къыхэна ТекIуэныгъэщ Урысейм иIэтыр. А парадхэр нэрымылъагъу къарум и джэлэсу, фIыр Iейм, мамырыгъэр зауэм, гъащIэр ажалым зэрытекIуэм я нэщэнэу хэтщ тхыдэми иджырей гъащIэми. 
Гушхуэныгъэм дызэщIиIэтэми, ди ­нэгу къыщIоувэ Хэкум щхьэкIэ зэуа дэтхэнэ зыри, ТекIуэныгъэр къытхуахьу къэ­кIуэжахэри, зауэ губгъуэм къина ди хэкуэгъу мелуанхэри. Ди хэкур кърагъэла нэужь, адэкIи кIуащ - Европэ къэ­ралхэр зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIахыу, Холокост шынагъуэм и лъэужьыр ягъэ­кIуэду, нацизмэм и дыджым Герма­нием и цIыхубэр щихъумэу. Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ Дзэ Плъыжьыр мы­хъуамэ, дунейм къыщыхъуну щыта шынагъуэр.
Ди адэшхуэхэр зыхущIэкъуар зауэтэкъым, къэрал гуэр къэзэуныртэкъым, щIыхьтэкъым икIи пщIэтэкъым, атIэ ­къатегуплIа бийр ирагъэкIуэтыжу те­кIуэ­ныгъэр зыIэрагъэхьэу я хэкужь ­къагъэзэжынырт. Уасэшхуэ щIатащ Европэм и щхьэхуитыныгъэми, хамэщI губгъуэхэм я щхьэхэр щагъэтIылъащ ди зауэлIхэм. 
Германием IэщэкIэ зэщIэузэда и къарум и процент 80-р Совет Союзым къы­пэщIагъэуват, ауэ а къару гущIэгъун­шэр совет цIыхубэ зэкъуэтым и пащхьэ щымахэу къыщIэкIащ. Ди зауэлIхэм зэтракъутащ бийм и дивизэ 600-м ­щIигъу, кхъухьлъатэрэ танкыу къыдэбгъэрыкIуам я процент 75-р зэхакъутащ икIи зауэр и кIэм нагъэсри, ТекIуэныгъэр къахьащ.
Дэ тхъумэн, къыдэкIуэтей щIэблэм я деж нэтхьэсын хуейщ пэжыр. А пэжращ ТекIуэныгъэм и махуэри зытеухуар, а пэжым и лъагъуэм ирикIуа ди зауэлI­хэрщ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм кIэ езы­тар.
Дуней псом и пащхьэ къиувэ гугъуехь­хэр куэдщ нобэ, абы къыхэкIыу нэхъ гуа­щIэжу зыхыбощIэ цIыхум, абы и хъуэп­сапIэхэм, гурыфIыгъуэхэм, мамырыгъэм я лъапIагъыр. Зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ дзыхьыр егъэфIэкIуэным я мыхьэнэри фIыуэ дощIэ, лъэпкъыбэу зэхэс Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм. А хъугъуэфIыгъуэхэмрэ лъапIэ­ныгъэхэмрэ, зэгурыIуэныгъэмрэ мамы­рыгъэмрэ я уасэр иджыри зэ зыхыде­гъащIэ ди къэралым, республикэм, къа­лэхэмрэ районхэмрэ щекIуэкI Те­кIуэ­ныгъэм и махуэм. 
 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.