Урысейм и махуэр ягъэлъапIэ.![]() Ди къэралым и щIыналъэ куэдми хуэдэу, мэкъуауэгъуэм и 12-м Урысейм и махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ щагъэлъэпIащ.Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам и щIыхькIэ щыIэ утым къалэдэсхэр, КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэ центрхэмрэ я лIыкIуэхэр къыщызэхуэсат. Лъэпкъ фащэхэмкIэ хуэпарэ я ныпыр хуарзэу яIыгъыу абы лъэпкъ куэдым я лIыкIуэхэр щыплъагъукIэ ди щIыналъэр зэныбжьэгъугъэм и лъахэу зэрыщытыр наIуэ пщыхъурт.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










