ДАКЪИКЪИПЩI ЗЫТЕКIУАДЭ ЛЪЫШЭ

Марсыр къэгъэIурыщIэным цIыхухэр зы лъэбакъуэкIэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуащ. 
ЩIэныгъэлIхэм ар жаIащ тхыдэм щыяпэ дыдэу Къэмыланджэ (Perseverance) марсырыкIуэ роверым пкъралъхьа MOXIE (Mars Oxygen ISRU Experiment) Iэмэпсымэ цIыкIум «планетэ» плъыжьым» и хьэуам узэрыбауэ хъун лъышэ (кислород) «Iэбжьыб» къызэрыхиIущIыкIыфам щыхьэт техъуа иужькIэ.    
Марсым и атмосферэр ЩIы Хъурейм ейм фIыуэ къызэрыщхьэщыкIым къыхэкIыу, урибэуэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Къэдгъэлъагъуэмэ, и IувагъкIи куэдкIэ нэхъ пIащIэщ, лъышэу къыхэбгъуэтэнури и процент 0,13-рэ хуэдизщ.   
ХупцIынэ зэрызыхапщэ Iэмэпсымэ хуэдиз зи инагъ MOXIE (Mars Oxygen ISRU Experiment) аппарат цIыкIур зэригъэлэжьа сыхьэт ныкъуэм къриубыдэу, Къэмыланджэ роверым лъышэу мызыгъуэгукIэ зэхуихьэсыфар мащIэ дыдэщ – грамми 5,37-рэ зи хьэлъагъ хуэдизщ. Абы щхьэкIи зэригъэзэхуа углекислэ газыр градус 800-м нэблагъэкIэ къызэщIигъэплъэн хуей хъуащ. А мащIэм зы цIыхур зэрырибэуэфынур, ику иту къатщтэмэ,  дакъикъипщI къудейщ.
             ИлъэситI ипэкIэ 
Дигу къэдгъэкIыжынщи, НАСА – м и IэщIагъэлIхэм къагупсысу Iэзэ дыдэу зэхагъэувэжа Iэмэпсымэ телъыджэу Къэмыланджэ (Perseverance) зыфIащар Дыгъэм къедза уафэщIхэм ящыщ Марс 2021 гъэм мазаем и 18-м щригъэувэхат. Абы килограмм 1043-рэ и хьэлъагъщ. Ар щрагъэтIысэхар а планетэм и щхьэфэу абы къытещ кратерхэм яз Джезерощ. 
Астрофизикхэм къызэралъытэмкIэ, Perseverance марсырыкIуэм и пщэ далъхьа къалэнхэр мыхьэнэ ин дыдэ зиIэщ. Мы роверым быдэу пкърагъэпщкIухьащ зи гугъу тщIы пхъуантэ цIыкIуу дыщэм къыхэщIыкIар – Марсым и хьэуа пIащIэм хэт углекислэ пкъыгъуэр (газыр) дызэрыбауэ лъышэм тыншу хуэзыгъэкIуэф Iэмэпсымэ Iэрыхуэр. 
Марс – хъуэпсапIэ жыжьэ
Махуэ къэс зэхэтх хъыбархэм ятетщIыхьмэ, Марсыр ящыщщ хьэршыр зи нэрыгъ къэхутакIуэхэр япэ дыдэу щетIысэхыну зыщIэхъуэпс уафэщIхэм. Ауэ щыхъукIи, щIэныгъэлIхэри IэщIагъэлIхэри егупсысыпхъэщ а планетэм ягъэкIуэну зыхуамурад астронавтхэр, къащыщI «щIагъуэ» щымыIэу, а щIыпIэ жыжьэм зэрыщизэгъыну Iэмалхэ къызэрырагъэлъэтыкIыжа хъуну щIыкIэхэми.
 ЗэрытщIэщи, хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэм къигъэсэбэп гъэсыныпхъэр къызэщIэзыгъэлындэр лъышэ зыхагъэзэрыхьа окислителырщ. NASA–м и IэщIагъэлIхэм къызэрабжамкIэ, дяпэкIэ Марсым щрагъэтIысэхыну зыхуагугъэ космонавтхэм, илъэс псокIэ а уафэщIым жьы къыщашэрэ щыбауэфу щыIэфын папщIэ, тонн псо зи хьэлъагъ лъышэ хуэныкъуэнущ. Ар дыдэхэм, а щIыпIэм къытелъэтыкIыжу ЩIы Хъурейм къагъэзэжыфын папщIэ, зэрысыну ракетэм лъышэ зыхэт окислителу тонн 25-рэ зи хьэлъагъ хузэхуахьэсыжын хуей хъунущ. 
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а Iуэхугъуэм Марсым и хьэуа пIащIэм хэт углекислэ пкъыгъуэр дызэрыбауэ хьэуам хуэзыгъэкIуэф Iэмэпсымэ цIыкIум лэжьэн а уафэщIым зэрыщыщIидзам и мыхьэнэр ин дыдэ ещI, апхуэдиз къэзышэчын лъышэ ди планетэм къытраIэтыкIыу Марсым тыншу зэрагъэIэпхъуэфын Iэмал IэщIагъэлIхэм щIэх къазэрыхуэмыгупсысынур къэтлъытэмэ...  
          
КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ