УЭШХ ФIЫЦIЭМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭР

Иужьрей зэманым кIэщI-кIэщIурэ долъагъу уэшх фIыцIэ къызэрешхыр. Абы, дауи, цIыхухэр ирогузавэ. Япэрауэ, зэхэгъэкIыпхъэщ уэшхыр зищIысымрэ ар къыздикIымрэ.

Тепщэчым псы тIэкIу ипкIэрэ махуэ зыбжанэкIэ щыбгъэтмэ, йогъущыкI. Ар дыдэращ псы ежэххэм, гуэлхэм, хыхэм, тенджызхэм къащыщIри – йокIуэдыкI. Псыр бахъэ мэхъури, хьэуам хошыпсыхьыж. Хьэуам хэту бахъэм зеIэт, щIыIэ хъуху. Бахъэр адэкIэ дэмыкIуеижыфу зэхуехусыж, ткIуаткIуэ мэхъури, уэшхыу къохыж. Уэшх хъун ипэ псы ткIуэпс цIыкIухэр пшэ мэхъу. Ауэ дэтхэнэ пшэри уэшх хъужыркъым, атIэ жьым ирехьэжьэри, жыжьэ гуэрым еху. А гъуэгуанэм хьэуа пщтыр щрихьэлIэмэ, пшэр аргуэру бахъэ мэхъуж. Хьэуа щIыIэ хуэзэрэ – ткIуэпсхэр нэхъ иныж мэхъу, пшэр къоуфIыцIри, хьэуам хуэмыIыгъыжу уэшх къошх.

Уэшхыр зэхуэмыдэу, ину, мащIэу, къепсэпсауэу, къошх. Ар зэлъытар ткIуэпсхэм я инагъращ. ТкIуэпсхэр уэм къыщехкIэ бахъэ хуэзэмэ, уэшхыр нэхъ ин хъунущ.

Уэшхыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу егуэш:

Къепсэпсауэр. Миллиметррэ ныкъуэрэ нэхъ ин мыхъуу ткIуэпс цIыкIухэр хуэму уафэм къыщелъэтэхкIэ, къопсэпсауэ жаIэ. Гъатхэмрэ  бжьыхьэмрэщ ар нэхъ къыщыхъур.
Уэшхышхуэ, псыдзэ. Ар напIэзыпIэм щIедзэ, апхуэдэу напIэзыпIэми мэувыIэж, ауэ ину, уэру къошх, уафэгъуагъуэ къыщыдэкIуэ, уэ къыщыдех щыIэщ.
Уэлбанэ. Хыщхьэм щызэхуэсу, жьым кърихьэкIыурэ Iэгъуэблагъэхэм уэшхыу махуэ бжыгъэкIэ къыщошхыж. Бжьыхьэ уэшх, уэтIпсытI жыхуэтIэращ.
Бадзэуэшх. Уафэр пшэм щIихъумэну хунэмысу къыщIидзэрэ икIэщIыпIэкIэ увыIэж уэшх кIэщIым бадзэуэшхкIэ йоджэ. Апхуэдэхэм деж лэгъупыкъу уолъагъу, Iэгъэбэгухэр уэру къокI.
Уэшхрэ уэсрэ зэхэту бжьыхьэм е щIымахуэм къох. ЩIылъэм температурэр нолым нэхърэ щынэхъ лъагэрэ, уэгумкIэ щIыIэмэ, уэсу къежьар щIылъэм къыщыскIэ ткIуаткIуэ зэрыхъужым къыхокI ар.
Уэшхым ипIэкIэ мыл къыщехи щыIэщ. Ар нэхъыбэу къыщыхъур щIымахуэращ. ЩIыпIэ хуабэхэм къикI уэлбанэ пшэхэм къапих ткIуаткIуэр щIы щIыIэм къыщыскIэ мэщтри, и кум псы иту и щхьэфэр тещтыкIауэ, хъурей цIыкIуурэ къох.
ЦIыхухэр зыгъэгузэва уэшх фIыцIэмкIэ къэдгъэзэжынщи, куэдым я гугъэщ ар предприятэхэм, заводхэм къаутIыпщ гъуэзхэмрэ кIэрыхубжьэрыхухэмрэ я Iэужьу. ИкIи пэжщ, узыщыпсэу щIыпIэм апхуэдэ завод щылажьэмэ, хабзэм къигъэув мардэхэм темытмэ, дауи, уэшхыр зэмыфэгъуу (гъуэжьу, плъыжьу, хужьу, удзыфэу, кхъуэщыныфэу) къехынущ. Щыхьэрым дэсхэм я щхьэр занщIэу хуэкIуэнущ «Гидрометаллург» ОАО-м. ЦIыхухэр абы къиутIыпщ Iугъуэ фIыцIэм иригузавэу иужьрей зэманым хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм зыхуагъазэ зэпыту къекIуэкIми, къикI щыIэкъым.  

Къалэдэсхэр хуейщ заводыр зэхуащIыжыну е къалэм дахыу цIыхум зэран щахуэмыхъун щIыпIэ ягъэIэпхъуэну.

- «Гидрометаллургыр» зы илъэскъым, илъэситIкъым щIыуэпсым зэрегуауэр. Абы къиутIыпщ гъуэзыр цIыхум и тхьэмбылым зэритIысхьэм, пэкIуэцIыр Iисраф зэрищIым, уз зэмылIэужьыгъуэхэр къызэригъэхъейм псори дыщыгъуазэщ. Iэмал имыIэу зэхуедгъэщIыну дыхущIэкъуркъым, дэ дызыхуейр - а IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр узыншагъэмрэ щIыуэпсымрэ зэран хуэмыхъуу къызэрагъэпэщынырщ. Иужь дыдэу ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ узыншагъэмкIэ зэранышхуэ зыпылъ химие пкъыгъуэхэу кадмий, бдзапцIэ (свинец), гъуаплъэ (медь), дзырхъ (цинк) жыхуэтIэхэр мардэм нэхърэ пщIэнейкIэ нэхъыбэу заводым и Iэгъуэблагъэ хьэуам зэрыхэлъыр, - итщ Инстаграмым щиIэ, цIыху мини 4-м нэс зи Iэ щIэдза напэкIуэцIым.

 Заводыр мэлажьэ, ауэ республикэм и унафэщIхэм жаIащ абы унафэ зэригъуэтынур.

Уэшхыр зэрыфIыцIэм нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэнкIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, къэбэкъауэ (вулкан) къикIамэ, вагъуэиж къехуэхамэ, абы сабэрэ сахуэрэ къиIэтауэ хьэуам хэлъынкIэ хъунущ. КIэщIу жыпIэмэ, хьэуам хэлъ фIейр уэшхым къыхилъэсыкIыжу аращ. Си щхьэкIэ, дызытепсэлъыхь насыпыншагъэхэм хуэдэ зыгуэри иужьрей зэманым ди щIыналъэм къыщыхъуауэ сыщыгъуазэкъым. Къанэр зыщ – хабзэм къигъэув мардэхэм тету зы IуэхущIапIэ гуэрым и кIэрыхубжьэрыхухэр игъэкъабзэркъым!

Абы кърикIуэнкIэ хъунум дыщыгъуазэщ псори (щхьэц икIым къыщыщIэдзауэ  узыфэ шынагъуэхэм щиухыжу). «ЦIыхухэм лэжьапIэ яIэн щхьэкIэ заводхэр щыIэн хуейщ», - жаIэнкIи хъунщ, щIыналъэм и экономикэм тращIыхьу. Дауи, ар пэжщ, ауэ ди зэманым IэмалыщIэ куэд щыIэщ заводхэр зэрылажьэ щIыкIэр цIыхуми щIыуэпсми зэран хуэмыхъуныр къызэфIагъэкIыу.  

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.