ДАГЪЭ ЕГЪЭФА КХЪУЖЬ ФШХА?

ГъащIэ теплъэгъуэ
 Си сабиигъуэм къысщыщIауэ щыта зы щIэщхъу, зикI, сигу ихужыркъым. Абы щыгъуэ Борийхэ я гъунэгъуу дыщыпсэурт. Псори къехъуапсэу пхъэщхьэмыщхьэ хадэшхуэ диIэт. Ауэ Борийхэ я жыг хадэр дыдейм нэхърэ нэхъыфIыжт. Пасэу хъууэ абыхэ зы кхъужьеижь яIэти, абы къыпылыдыкIыу пыт кхъужь джабэплъышхуэхэр щыплъагъукIэ, плъэмыкIыу уи гурыIупсыр къажэрт. Дыдейхэр кIасэти, хъуатэкъым, щхъуантIэт. Борийхэ я кхъужьеижьым пытхэр хъури тIыгъуэжат. Гъэ къэс кхъужь хъуакIэ дызыгъэтхъэж зи хабзэ ди гъунэгъухэм иджыри къытхуахьыну къыщIэкIынщ жыхуэсIэу, зыкъомрэ зызошыIэ. Ауэ нэпсеигъэр къыстокIуэри, афIэкIа зысхуэмыIыгъыжу согупсыс: «Абыхэ къытхуамыхьыххэнкIи хъуну кхъужьым сежьэу сыт сыщIыщысынур? А кхъужьеижьыр унэм пэжыжьэу хадапхэ дыдэм итщ. Унэ щIыбагъри лъагэу нартыхупкъэщ, абы сихьэкIэ зыми сыкъилъагъунукъым». 
Пшапэр зэрызэхэуэу, ди гъунэгъум я хадэм сипкIэри, кхъужьеижьым сыдэпщеящ. Япэу къыпысчам содзакъэри, фом хуэдэу IэфIщ. Арати, сепIэщIэкIыу нэхъ пIащэурэ, нэхъ дахэурэ кхъужь къом си майкэ гуфIакIэм дэз сщIащ. Сыкъехыжыну зыщызгъэхьэзыр дыдэм ирихьэлIэу нартыхур игъэщхъыщхъыу зыгуэр абы къызэрыкIуэцIрыкIыр щызэхэсхкIэ, занщIэу жыгым сыкъелъэу сыщIэпхъуэжыну сигу къокI. АрщхьэкIэ сошынэ. Зызущэхуауэ сызытес жыг къудамэм зыкIэрызокъузэ. ИкIи арыххэу къурагъышхуэ зыIыгъыу кхъужьей щIагъым къыщIыхьа ди гъунэгъу нанэ Фаризэт къыщыслъагъум, сыкъэгузэвэнтэкъэ? Ауэ Фаризэт си Iуэху лъэпкъ зэрихуэртэкъым. Ари зыхуейр, сэ схуэдэу, кхъужь ихьынурати, иIыгъ къурагъ кIыхьымкIэ жыгым къыхэуэн зэрыщIидзэу, согужьейри си майкэр къыдызолъэф, си гуфIакIэм дэлъ кхъужьыр Фаризэт езым къыпиуда хуэдэу изогъэлъэлъэх. Фызыжьми аращ къызэрыщыхъур. И кIэдахъуэм из ищIауэ хадэм йокIыж. Сэ си гур къызэрогъуэтыж. Аргуэру щIэрыщIэу кхъужьыр си гуфIакIэм дэз сщIауэ жыгыжьым сыкъыздехыжым, сызытеувэр сымылъагъуу сыкъебэкъуэхыурэ, си лъапэр зыхуэза щабэ гуэрым кIуэцIрыщэтурэ, си лъакъуэ ижьыр, си лъэгуажьапщэм къэсу, жыг кугъуанэм щилъадэм, сыгужьеяуэ си щхьэмкIэ къытет къудамэм зыкIэрызощIэри, зэрыслъэкIкIэ зытызоIэтыкI. Ауэ си лъакъуэр зэрылъэдам инащи, къысхуихыжыркъым. «Дауэ иджы сызэрыхъунур?» - гузэвэгъуэм сызэщIиубыдарэ сщIэнур сымыщIэу, хуиту сызымыгъэIэбэу къысфIэщI кхъужьхэр аргуэру си гуфIакIэм къыдызогъэлъэлъыжри, си лъакъуэр зэрыузри къысфIэмыIуэхужу, жыг гъуанэм ина си лъэтхьэмпэр зэ адэкIэ згъазэм, зэ мыдэкIэ къэзгъэзэжурэ сыкъоIэ. АрщхьэкIэ дэнэт? 
 Даурэ зызмыщIми, си Iуэхум зыри къимыкIыу, къапхъэным иубыдам хуэдэу жыгым сыкъытенащ. Ауэрэ кIыфIыбзэ хъууэ вагъуэхэр къызэритIысхьам гу лъыста нэужь: «Уэхьэхьей, фыкъыздэIэпыкъу!» - жысIэу си макъым къызэрихькIэ сыджэу щIэздзащ. Сызытена кхъужьеижьыр, зэрыжысIащи, хадапхэрат зэрытри, сызэхамыхыу куэдрэ сыкIиящ. ИкIэм-икIэжым, нартыхубзийр игъэщхъыщхъыу абы зыгуэр къыкIуэцIрыжу солъагъу. Ар си анэрат: 
- Сыт къыпщыщIар?! Къех абы псынщIэу! – къэхъуар къыгурымыIуэу, гужьеяуэ ныдоплъей мамэ. Ауэ сэ къысщыщIауэ абы сыщIемыхыжыфыр щыжесIэкIэ, ар нэхъри къэгузэвауэ псынщIэу йожыж. Куэд дэмыкIыу цIыкIуи ини Борийхэ я унагъуэм исхэри дяпщэкIэ къыщыс ди гъунэгъухэри зэрызехьэу къос. 
Арати, хэт пкIэлъей, хэти уэздыгъэ иIыгъыу цIыхур кхъужьей щIагъым щызэрызохьэ. Жыгми зыкъом ныдэпщеяуэ, щхьэж Iуэхум зэреплъыр жеIэ. Зодауэхэр. АрщхьэкIэ, си лъакъуэр фIыуэ зэрагъэузам фIэкIа, нэгъуэщI зыри щахуемыщIэм, кхъужьеижьыр зейм псом нэхърэ нэхъ зигъэгубзыгъэу: «Лъакъуэр зэрына къудамэжьыр пхъэхкIэ пымыхауэ хъунукъым!» - щыжиIэкIэ, ар зэхэзыха ди анэр гужьеяуэ къыхокIиикI: 
- А жыпIэ телъыджэр сыт?! И лъакъуэр жыг гъуанэм илъу, дауэ ар зэрыпыпхынур?!
ИтIанэ Фаризэт нанэ къопсалъэ: 
- Абы и лъакъуэр сэкъатыншэу къитхыжыну дыхуеймэ, ар зэрына жыг кугъуанэм дагъэ идокIэри, абы иужькIэ тыншу ар абы къимыкIыжмэ, си Iуэхущ.
 Абдежым псори мэдыхьэшх. Ауэ, икIэм-икIэжым, Фаризэт нанэ жиIамкIэ нэхъыбэр арэзы хъуауэ, сэхуран дагъэ къахь, ар жыг гъуанэм иракIэри, даурэ ящIми, си лъакъуэр абы кърахыж. Ауэ Iуэхур абдеж щиухакъым. «Зы жьэм жьэдэкIыр жьищэм жьэдохьэ», - жыхуаIэрати, а пщыхьэщхьэм сэ къысщыщIар ди хьэблэм дэз хъуат, псоми зэлъащIысати, етIуанэ махуэм хэт сыхуэзэми, «Жыг кугъуанэм исар дауэ ущыт? СлIо, кхъужьым дагъэ щыхуауэ пшхыну нэхъ IэфI?» - жиIэу симыгъэбампIэу зблэкIыртэкъым. 
Арати, апхуэдэу екIуэкIыурэ, «жыг кугъуанэм исар» ягъэкIэщIри, «Ей, гъуанэрыс! Ди гъусэу псым унэкIуэну?!», «Гъуанэрыс, пщэдей мэзым уздэтшэну ухуеймэ, фи гъунэгъум я кхъужь хъуа дагъэ зыщыхуам щыщ къытхуэхьи, дэри дыгъэшх!» - жаIэурэ сагъэпсэуртэкъым. АбыкIи зэфIэкIакъым - итIанэ «ГъуанэдэскIэ» къызэджэу щIадзащ. Балигъ сыхъуу дзэм къулыкъу щысщIэну сыдэкIыхукIэ зэхэсх мыхъу а цIэ лейм сэ сызэрырибэмпIар зыхуэдизым ущIэмыупщIэ! Абы лъандэрэ а цIэ лейр зи зэранкIэ къысфIащауэ щыта кхъужьыр, сшхын дэнэ къэна, жыжьэу блахыу слъагъумэ, си нэр мэуз! 
 

Коммодов Геннадий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.