ГУГЪЭМ И КХЪУХЬ ТЕДЗАПIЭ МЫЩТЫЖХЭР

Аращ зэреджэр Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцIхэр щIэрыщIэу къызэзыгъэдзэкIыжу, абы нэгъуэщIынэкIэ хэплъэжу иджыблагъэ дунейм къытехьа тхыдэ фильмым. МащIэкъым а зауэм теухуауэ трахар, нэхъыбэжи тратхыхьащ, апхуэдэу щыт пэтми, къэтIэща мыхъуа, нэсу зэхэмыгъэкIа Iуэхугъуэхэр куэд дыдэ мэхъу. Урысейм и ИщхъэрэщIхэм (Заполярье) щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм я пэжыр нобэр къыздэсым щызу джа хъуакъым. Совет лъэхъэнэми абы блэплъыкIыу зэрыщытами пцIы хэлъкъым. ИтIани, зы мывэ илъкъым мы щIыналъэм, зауэлIхэм я лъым иримыIауэ, я гуIэ нэпсым имылъэсауэ.
ЩIэныгъэми кинематографми щIагъуэ щыжамыIауэ ИщхъэрэщIхэм тхыдэшхуэ яIэщ. Ищхъэрэ хыдзэм и адмирал Головко Арсений и гукъэкIыжхэр щызэхуэхьэса Iэрытхым абы щыщ Iуэхугъуэ куэдым я щхьэфэ йоIэбэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар тхылъу дунейм къытехьакъым, мы зэманым и къуэм тедзэным хуегъэхьэзыр. Фильмым и сценарийр зытха Хреновэ Дарье тегъэщIапIэ ищIыр ди хэкуэгъу цIэрыIуэм и гукъэкIыжхэрщ.
«ИщхъэрэщIхэр игъащIэми малъхъэдисым хуэдэт си дежкIэ, сызыIэпашэрт я дунейм, сыхилъасэрт я щIыуэпсым. Мы пэхуэщIэр къыщыхэтлъхьэми, фильмыр зытесщIыкIынумкIэ гупсысэгъуэ сиIакъым, гугъур нэгъуэщIт - абы щекIуэкIа зауэм и пэжым дытемыкIыу къызэрыдгъэлъэгъуэну щIыкIэрат. МащIэ дыдэт дызыщыгъуазэр. Абы ирихьэлIэри, ди насып кърихьэкIауэ жыфIэ, хыдзэпщ цIэрыIуэм и къуэм - Михаил - и адэм и нэгу щIэкIахэр къыщиIуэтэж и Iэрытххэр къыдигъэкIыну зэригъэхьэзырым и хъыбар зэхэтхащ. ХъуэпсапIэ зиIэр гуращэ зиIэм IущIащ, икIэм-икIэжым сценарийр Iэрытхым тетщIыкIыну дызэгурыIуащ. Головко Арсений къыщIэна тхыгъэм седжэху ИщхъэрэщIхэм яхузиIэ гурыщIэм хэхъуэрт - абы а лъахэр фIыуэ зэрилъэгъуар къызэриIуэтэн псалъэ имыгъуэту итхырт, щыпсэу цIыхухэри зыми емыщхьу щиIуэжырт. Хыдзэпщым, лъэбакъуэ ичым хуэдэу, а щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэр зэрыщыту итхыжащ, жыпIэми щыуагъэ хъуну къыщIэкIынукъым. Дунейм и щытыкIэрауэ къыщIэкIынущ зэпхар - зауэм и лъэужьхэр хэмыгъуэщэжауэ зэрыщытт, уеблэмэ фочышэхэми, зауэлI пыIэхэм, Iэщэ-фащэ зэмылIэужьыгъуэхэм уащрихьэлIи къыхокI. Зи ужь дихьа Iуэхур къыдэхъулIа жыпIэмэ, дэ дызыхуейр къэдгъуэтауэ къытщохъу. Зыщ дызыпэмыплъар - зауэр, абы хэтахэр нэгъуэщIми, щIэрыщIэу ди нэгу щIэкIын ди гугъакъым…», - жеIэ Хреновэ Дарье.
Сценаристым и псалъэм къызэрыхэщащи, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яубыдыну хэта ИщхъэрэщIыр совет зауэлIхэм я лъым ириIащ. Бийр иужь итащ Ищхъэрэ хыдзэр зыIэщIилъхьэу Ищхъэрэ-Атлант хышхуэм хуэкIуэ Баренцевэ хым хуэзышэ гъуэгухэр иубыдыну. Ауэ, зауэ гуащIэр зэрекIуэкIар фильмым IупщIу зэфIигъэувэжми, дэ къыхэтлъагъукIыр нэгъуэщIщ: и хъугъэщIагъэхэм я щIыб къыдэт цIыхухэрщ, нэхъ пэжу жыпIэмэ, цIыхури щIыналъэри хъумэныр зи пщэ къыдэхуа Головко Арсенийщ.
Головко и гукъэкIыжхэм тегъэщIапIэ быдэ ягъуэтащ, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и Архив нэхъыщхьэмрэ УФ-м и Къэрал архивымрэ я дэфтэрхэр къыщыгъэсэбэпащ. Зауэ лъэхъэнэм траха фильмхэм щыщ теплъэгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ зыхаухуанэ, абы хуащIыж псалъэмакъ кIэщIхэм гъэлъэгъуэныгъэр куэдкIэ нэхъ уи фIэщ ящIащ, къыщыхъу икIи щекIуэкI Iуэхугъуэхэм гурэ псэкIэ задэпщIу щытыкIэ урагъэувэ хъуащ.
Фильмыр щытрахащ Североморск, Мурманск, Бытырбыху, Лиинахамари, Мончегорск къалэхэм. Лъэхъэнэм и акъужьыр зауэм епхауэ а щIыпIэм щыIэ губгъуэхэм, псыежэххэм, фэеплъ унэхэм, скъархэм зыхыуагъащIэ.
Утыкушхуэм ихьа фильмыр Мэзкуу дэт Урысей географие хасэм и хэщIапIэм мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъэгъуэнущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я дежкIэ а киногъэлъэгъуэныгъэм мыхьэнэ иIэщ, сыту жыпIэмэ гукъэкIыжхэр къызыбгъэдэкI хыдзэпщыр ди лъахэгъущ, къыщыхъуари и сабиигъуэр щигъэкIуари КъалэкIыхьырщ. Езы Головко Арсений иригушхуэрт щалъхуа Хэку мащIэм, къыр лъабжьэм къыщIэж псынэпс къабзэми хуигъадэрт.
Фильмым щIэупщIэшхуэ игъуэтащ, абы «ИщхъэрэщI щэн» («Северный Характер») дунейпсо киногъэлъэгъуэныгъэм и тыгъэ лъапIэмрэ «Жыгпэгъу къудамэ» («Лавровая ветвь») лъэпкъ саугъэтымрэ къыхуагъэфэщащ.
Головко Арсений 1906 гъэм КъалэкIыхьым къыщалъхуащ. 1940 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм къыщегъэжьауэ 1946 гъэм и мэлыжьыхь пщIондэ Ищхъэрэ хыдзэр и IэмыщIэ илъащ. Абы и унафэм щIэта дзэм Мурманск къалэр бийм къыIэщIихащ, Совет ИщхъэрэщIхэр абы IэщIимыгъэхьэу ихъумащ. Головко Арсений зихуэдэ къэмыхъуа совет хыдзэпщщ, адмиралщ, СССР-м и зауэ дамыгъэ куэдыр зыхуагъэфэща зауэлI щыпкъэщ. Абы и цIэр зэрахьэ Налшыкрэ КъалэкIыхьымрэ я уэрамхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрым 2020 гъэм Головко Арсений и цIэр зезыхьэ жыг хадэ къыщызэIуахауэ щытащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Валерэрэ хыдзэпщым ипхъу Головко Натальерэ.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)