ШХЫНХЭЛЪХЬЭУИ ХУЩХЪУЭУИ КЪАГЪЭСЭБЭП

Жэгундэр ныбжьышхуэ зиIэ хадэхэкIхэм ящыщщ. Абы и къуэпсыр ди эрэм ипэкIэ Армением, Ираным, Вавилоным, Ассирием къыщожьэ. ЦIыхухэм пасэу гу лъатащ, зэрышхыныгъуэм къыдэкIуэу, абы хущхъуэгъуэ зэрыхэлъым. И лъабжьэм и мызакъуэу, и тхьэмпэхэри куэду къагъэсэбэпырт. Ар зэрыхущхъуэм псом япэу гу лъызытар хьэрып къэралхэм я дохутырхэрщ. Ди эрэм ипэхэм Европэм къэсащ. Япэу зыIэрыхьар алыджхэрщ. Урысейм къизышари ахэращ. Абы лъандэрэ илъэсищэ зыбжанэ дэкIащ. Иджы ар ди къэралым и щIыпIэ куэдым щащIэ, ауэ, псом хуэмыдэу, Кавказым щобагъуэ. Жэгундэм фошыгъу къыхащIыкI. Ар шхынхэлъхьэуи къагъэсэбэп.
Мы къэкIыгъэм куэду хэлъщ цIыхум и Iэпкълъэпкъыр нэхъыбэу зыхуей белокыр, углеводхэр, кислотахэр, витаминхэр, нэгъуэщIхэри. В-I2-м хуэдэу жэгундэм нэхърэ нэхъыбэ зыхэлъ къэкIыгъэ щыIэкъым. Жэгундэпсыр хуабжьу сэбэп яхуохъу зи лъыр мащIэхэм, къэгубжьыгъуафIэхэм, зи лъыр дэуейхэм, зи тхьэмбылыр, лъатэр, кIэтIийр узхэм.
Жэгундэм мымащIэу хэлъщ лъынтхуэхэр зыгъэкъабзэ бетаниныр. Псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ жэгундэм йод зэрикуэдым. Ар цIыхум и Iэпкълъэпкъыр Iэмал имыIэу зыхуейщ. Абы узыфэ куэд егъэкIуэд е нэхъ мащIэ ещI. Мы къэкIыгъэм лъатэмрэ кIэтIиймрэ фIыуэ егъэлажьэ. А псоми къыхэкIыу жэгундэр пащтыхьхэм, пщыхэм куэду ирагъэшхырт.
Урысейм XVI лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ жэгундэр шхынхэлъхьэу къыщагъэсэбэп. Къапщтэмэ, жэгундэ сэлат. Жэгундэр богъавэри, щабэу уотхъунщI. Абы цIыкIу-цIыкIуу зэпыгъэлъэлъауэ нащэ фIэIу, мащIэу бжьыныху, къуэнтхъурей хыболъхьэ, шыгъу тыбоудэж, шатэ е сэхуран дагъэ тыбокIэжри, шхын хьэлэмэтщ. Апхуэдэу нэгъуэщI шхыныгъуэ куэди пхуэгъэхьэзырынущ жэгундэр хэлъу. 

Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.