«Ашэмэзым» и гъэсэнхэр

ЦIыхубэр зэкъуигъэувэрэ лъэпкъ зэхэщIыкIыр къиIэту дэтхэнэ зы лъэпкъми дамыгъэ нэхъыщхьэу иIэщ ныпыр. Адыгэ ныпым и махуэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэрыхигъэунэ­хукIрэ блэкIа илъэс 13-м ди республикэм и дэнэ щIыпIи щагъэлъапIэ ар. Мы гъэми къалэхэми районхэми ще­кIуэкIащ апхуэдэ зэIущIэхэмрэ дерс зэIухахэмрэ. Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м епхауэ лажьэ «Ашэ­мэз» сабий садым и гъэсакIуэ­хэу НэщIэпыджэ Ларисэрэ Джато­-къуэ Маринэрэ къызэрагъэпэща зэIущIэм жыджэру хэтащ ныбжьыщIэ цIыкIу­хэр. 

Адыгэ фащэ зыщыгъ пщащэ зэ­кIуж­хэмрэ ныпым и плъыфэу адыгэ джанэ зыщыгъ щIалэщIэхэмрэ екIуэкIыну Iуэхум екIуу зыхуагъэхьэзырат. Къы­зы­хэкIа лъэпкъым и бзэмрэ и хабзэмрэ я мыхьэнэр къагурыIуэу зэрагъасэр нэ­рылъагъуу, зыкъагъэлъэгъуащ сабийхэм. ЗэIущIэр къызэIуихри, махуэшхуэм и мыхьэнэр, адыгэ ныпым къэрал куэ­дым ис адыгэхэр зэрызэкъуигъэувэр, абы пщIэ хуащIу зэрахъумэр цIыкIухэм яжриIащ Джатокъуэ Маринэ. 
Вагъуэ пщыкIутIымрэ шабзищ зэ­блэдзамрэ дыщэпскIэ зытеда нып екIур утыку кърахьэри, абы теухуа усэхэр жаIащ гъэсэн цIыкIухэм. 
Мы махуэм зи гугъу ящIар ныпым и закъуэкъым, атIэ адыгэм къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэ псоми сабийхэм гу ­лърагъатэу зэхалъхьат гъэсакIуэхэм я дерсыр. Абыхэм цIыкIухэр щIагъэдэ­Iуащ адыгэм и тхыдэм, къикIуа гъуэ­гуанэм, хабзэмрэ нэмысырэ я куп-­щIэм. Апхуэдэуи адыгэм адыгэу зилъытэжын папщIэ и бзэр, и хабзэр, и щэнхабзэр ищIэн зэрыхуейр гурагъэ­Iуащ. 
Пщащэ Iэдэбхэмрэ щIалэ нэжэгужэ­хэмрэ я адыгэбзэ шэрыуэм махуэшхуэр нэхъри иIэтырт. ЯIыгъ ныпым иIэ мы­хьэнэр къызыгурагъэIуа цIыкIухэм ­гъуазэ яхуэхъун куэд зэхахащ а махуэм, езыхэми жэуаплыныгъэ ин яхэлъу ягъэдэхащ Iуэхур. 
ЦIыкIухэр ныпым и зэхэлъыкIэм теп­сэлъыхьа нэужь, адыгэ джэгукIэхэмкIэ зэпрагъэуащ. Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ зэ­рыжаIэфым къыдэкIуэу, щIалэхэм я зэ­фIэкIыр ягъэунэхуну Iэмал яIащ лъэп­къым къыдекIуэкI джэгукIэхэмкIэ. Пщащэхэми адыгэ макъамэ гуакIуэм щIэту къафэ дахэ ягъэзащIэри, зэIущIэр адыгэ джэгукIэ зэхуащIыжащ. 
«Ашэмэз» сабий гъэсапIэм и унафэщI Битокъу Ульянэ дерсыр зыгъэхьэзыра гъэсакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи ­сабийхэм я утыку итыкIэм, яIурылъ бзэм, яхэлъ жанагъым арэзы къызэ­ри­щIыр жиIащ. 
Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, ди лъэп­къэгъухэр щыпсэу къэралхэм Адыгэ ныпым и махуэр зэрыщаIэтыр и нэ­щэнэщ зэгуэрым зэбгрыпхъа хъуа адыгэ лъэпкъыр нобэ нэхъ гъунэгъу зэрызэхуэхъужым, щIалэгъуалэр къы­зы­хэкIам и тхыдэм зэрыдихьэхым. Нэхъ щхьэпэжщ сабий гъэсапIэхэм мыпхуэ­дэ дерсхэр зэрыщекIуэкIыр. Сыт щхьэ­кIэ жыпIэмэ, къыдэкIуэтей щIэблэм нобэ едгъащIэрщ ди пщэдейр зэлъы­тауэ щытынур. Къэхъундэс цIыкIухэм хуэдэхэр къызэрытщIэхъуэм, абыхэм ядэлэжьэн гъэсакIуэ пажэхэр ды­зэ­риIэм лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ ущегъэгугъ. 
Къэбарт  Мирэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.