Зи пщIэр къалъыта Бажэ Дотий

И ныбжьыр илъэс 65-рэ зэрырикъур нобэ егъэлъапIэ Аргудан къуажэм къы­щалъхуа, Нарткъалэ щыпсэу политик, жы­ла­гъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Бажэ Дотий. 

Бажэ Дотий 1958 гъэм гъатхэпэм и 30-м Аргудан къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ колхозым и меха­низатору лажьэ и адэ Мустафэрэ абы и унэгуащэ Жангулэзрэ я бынитхум ещанэт Дотий. Бынуна- гъуэшхуэм къы­щы­хъуа, пасэу зи адэр зыщхьэщыкIа Бажэ ­Дотий гугъуехь куэ­дым пхыкIащ. Илъэсибл ныбжьым иту лэжьыгъэ IэнатIэм пэры­хьэн хуей хъуат ар. Апхуэ­дэми, гъащIэм ип­сыхьа щIалэм хузэфIэкIащ хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр - цIыхугъэр, гуапагъэр, гу­щIэ­гъур - хэлъу къэгъуэгу­рыкIуэн. Ар­гудан къуажэм и ку­рыт еджапIэр 1975 гъэм къиуха нэужь, Дотий дзэм ираджащ. Германием илъэ­ситIкIэ ­къулыкъу щищIащ, ротэм и нэхъыжьу. Нобэр къыздэсым зэщIоупщIэ, зопсалъэ я нэхъыщхьэу щы­­­тахэмрэ къулыкъу къы­дэзыщIа языны­къуэхэмрэ. Дзэ къулыкъу нэужьым ­къигъэзэжри, КъБКъУ-м и экономикэ фа­культетым щIэ­тIысхьащ икIи ехъулIэ­ныгъэкIэ къиухащ. Ар ­эко­номистуи, бухгалтер ­нэ­хъыщ­хьэуи лэжьащ. 
Жэуаплыныгъэ пылъу абы IэнатIэ куэд ирихьэ­кIащ: КъБР-м и Парламентым и етIуанэ зэхуэсы­м  и депутату, КъБР-м ­Ку­рорт­хэмрэ туризмэмкIэ  и министерствэм и Жыла­гъуэ советым и унафэщIым и ­къуэдзэу, КъБР-м и Парламентым хабзэр къызэ­памыудынымкIэ, цIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ, Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и комиссэм и унафэ­щIым  и  къуэдзэу, Аруан, Лэскэн район администрацэхэм я Iэтащхьэхэм я ­къуэдзэу. Къищынэмы­щIауэ, ар жыджэру хэтащ ­КъБР-м Граждан жылагъуэ институтхэм ядэ­лэжьэ­ным­рэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советми. 
Бажэ Дотий хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ республикэм парламентаризмэр щызэ­фIэувэнымрэ  абы зыщегъэужьынымрэ, щIы­налъэм и къэралы­гъуэр гъэбыдэным и IуэхукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хабзэхэр убзы­хунымрэ ахэр къэщтэнымрэ, щIыпIэ самоуправленэ къызэгъэ­пэ­щыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым зэкъуэтыныгъэр, мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр щыгъэбыдэным. ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къыбгъэдэкIыу ар жы­джэру хэтщ дунейпсо, урысейпсо, щIыналъэпсо зэ­хы­хьэхэм, щIэныгъэ-прак­тикэ конференцхэм.
- Дотэрэ сэрэ курыт еджапIэм дызды­щIэ­тIысхьащ икIи къыздэдухащ. Илъэс щэ ­ны­къуэ лъандэрэ ды­зэроцIыху. ЕджакIуэ нэ­хъыфI­хэм, щапхъэхэм ящыщт, - игу къегъэ­кIыж и ныбжьэгъу Молэ Мухьэмэд. - Спорт лIэужьыгъуэхэм, футболым, волейболым дахьэхырт. И сабиигъуэм къы­щы­щIэдзауэ цIыхум зэ­рыщ­хьэпэным хущIэкъуу ап­хуэ­дэщ. ЗэрысщIэжрэ и гурылъхэм, и мурадхэм зэ­рытеIэбэным хуэкIуэ цIыху жыджэрщ. 
УнафэщI, къызэгъэпэща­кIуэ IэкIуэлъа­кIуэ Бажэ Дотий и IэнатIэм гудзакъэрэ жэуап­лыныгъэрэ пылъу зэрыпэрытым къыдэкIуэу, и лэжьэгъухэмрэ ар къэзы­цIыхухэмрэ я дежкIэ щапхъэт абы хэлъ хьэл-щэн ­дахэхэмрэ гъэсэныгъэмрэ. Дотий цIыхухэм  я пщIэр къи­лэжьащ и къалэнхэм фIыуэ зэрыхи­щIы­кIым, и Iуэху еплъыкIэхэм, гъащIэм зэрыхуэнабдзэгубдзап­лъэм, цIыхухэм зэ­ра­хуэ­гуапэм къыхэкIыу. 
- Илъэс щэщI ипэкIэ лэ­жьыгъэ IэнатIэм ды­пэрыту дызэрыцIыхуауэ дыкъыздокIуэкI. Ар зи псалъэм теб­гъуэтэж цIыху пэжщ, лэ­жьа­кIуэ нэсщ, жэуаплыныгъэ зыпылъ цIыху гуапэщ, - жеIэ ЗекIуэ­рей Алий. - Рес­­пуб­ликэм, абы щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэнур егъэ­фIэкIуэным и IуэхукIэ зи зэфIэкIрэ къарурэ емыб­лэжхэм ящыщщ.  
Бажэм Лэскэн районым и къуажэхэм щIалэгъуалэ комитетхэр къыщызэригъэ­пэщат. Гъэмахуэ зэманым щIалэгъуалэр зэхуишэ­сырти, тхьэмахуэ зы-тIукIэ бгым дишурэ заригъэгъэпсэхурт. 
- Абы и лъэныкъуэкIэ щап­хъэ схуэхъуар класс уна­фэщIу, егъэджакIуэу диIа Арахъэ Хьэжмуратщ. 9-нэ классыр къэдуха нэужь, къуршым, бгым дишэри, дызэрыс щIыпIэм  и дахагъэр дигъэлъэгъуат. Ар сигу къинэжащ икIи абы щыгъуэ сигу ислъхьат, балигъ сыхъумэ, щIэблэр бгым дэсшу апхуэдэу зезгъэгъэпсэхуну, - жеIэ Дотий. 
- Дотий сэрэ Iуэху щхьэпэ куэд дыздыхэтащ. Ап­хуэ­дэщ Хэку зауэшхуэм хэта нэхъыжьыфIхэм, жьы  хъуа­хэм я унэм щыIэхэм            гулъытэрэ пщIэрэ зэрахуи­щIыр, хуэ­мы­щIахэм зэрапэIэбэр, щIэблэр хабзэм, цIы­хугъэм, диным, тхыдэм зэрыщIипIы-кIыр, - жеIэ Къунаш Заурбий.  
ПсэунымкIэ гугъу ехь унагъуэхэм защIэгъэкъуэным, балигъ мыхъуахэм я Iуэху зэ­Iу­мыбзхэр яхузэхэгъэ­кIыным, щIалэгъуалэм    я узыншагъэр ефIэкIуэн папщIэ ахэр спортым къы­хэшэным теухуауэ Дотий лэжьыгъэшхуэ иригъэ­кIуэкIащ. 
- БалигъыпIэ сыщиувэм сигу ислъхьат си адэ Мустафэрэ си анэ Жангулэзрэ бынкIэ сымыгъэхъуэпсэну, нэгъуэщIхэм я бынхэр ­щапхъэу къыхуахь мыхъуу, къызата гъэсэ­ныгъэмкIэ къыс­хуэарэзыуэ сызэрып­сэу­ным и ужь ситыну. Си ­къуэш нэхъыжьхэу Хьэу-тийрэ Iумэтийрэ - къуэш ­нэхъыщIэкIэ, си шыпхъу ­нэхъыщIэ Жанусэ - дэлъху нэхъыжькIэ зэрызмыгъэ­хъуэп­сэнырщ, гуапэу са­­­зэ­ры­хущытынырщ, си гулъытэ зэрыщызмыгъэ­щIэнырщ сызыхущIэкъуар. А хъуэп­сапIэхэр къызэхъу­лIамэ фIыщ. Анэкъилъ­ху­хэр дызэрымыщIэу, я Iуэху зыIутым зы­щызмы­гъэ­гъуэ­зауэ сыжеифыркъым - жеIэ Дотий.  - Ди япэ итахэм адыгэ хабзэри цIы­хугъэри нэхъ зэрахэлъу щытам шэч къытесхьэркъым. Ди ныбжьым итхэми ахэр къыддалъагъун  хуейщ. КъыткIэ­лъы­кIуахэм лъэпкъ хабзэмрэ нэ­мы­сымрэ яхэ­мылъмэ, дэращ ар зи ­къуаншагъэр. Ди нэ­хъы­жьыфIхэм яхуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ ягъуэт, щIэблэм лей къалъымысу къыт­щIэувэнырщ сызыщIэхъуэпсыр. 
- И цIыхугъэкIи, и дуней тетыкIэкIи, дэп­лъагъу хабзэкIи абы хуэдэ уигъэлъыхъуэнт, - жаIэ Дотий и лэ­жьэгъухэмрэ и цIыхугъэ­хэмрэ. Сыт щыгъуи и лэжьэгъу­хэм гулъытэ яхуи­щIу, я щхьэкIи я унагъуэкIи ящIэуп­щIэу апхуэдэт.
- Куэд щIауэ дызэроцIыху. Дызэрызэдэ­лэ­жьа илъэс бжыгъэм къриубыдэу фIагъ куэд дэслъэгъуащ. Ныкъусаныгъэ къыбди-лъа­гъу­мэ, имыбзыщIу, къалэн къыщащIа Iуэхум жэуап­лыныгъэ пылъу бгъэ­дэту апхуэдэт, - жеIэ Нэхущ Заурбий. - ЗымащIэкIи и хьэл-щэн дахэм ноби кIэ­ры­хуа­къым. 
Дотийрэ и щхьэгъусэ Светланэрэ унагъуэ дахэ зэдаухуащ. Абыхэм бынищ къащIэ­хъуащ: Индирэ  дзэ дохутырщ, Радимэрэ Ельдаррэ - юристщ. Зэщхьэ-   гъу­сэхэм къуэ­рылъху-  пхъу­рылъ­хухэр яущий, ягъа­сэ, ягъэгуфIэ, ягъэгушхуэ.
Бажэ Дотий ящыщщ зи лэжьыгъэм и пщIэр къалъытахэм. Абы иIэщ ­КъБР-м и Iэтащхьэм ФIы­щIэ къызэрыхуищI тхылъ, ­КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъ, республикэм и министерствэхэмрэ ве­домствэ­хэмрэ я щIыхь, фIы­щIэ тхылъхэр. Къи­щы­нэ­мы­щIауэ, ТворчествэхэмкIэ дунейпсо академием къыхуигъэфэщащ «Патриот России» медалыр, «Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ» юбилей медалыр, нэгъуэщIхэри иIэщ.
Тхыгъэр зытеухуа Бажэ Дотий дохъуэхъу узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ  щы­мы­щIэну, и унагъуэкIи и IыхьлыкIи гуныкъуэгъуэ имы­Iэну, гъащIэм гу щихуэну. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)