Театр сценэр къаруушхуэщ

УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и щIыналъэ къудамэр я дэIэпыкъуэгъуу, гъатхэпэм и 27-м республикэм и театрихым - Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым, Кулиев ­Къайсын и цIэр зезыхьэ ­Балъкъэр къэрал драмэ ­те­ат­рым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей къэрал драмэ ­театрым, Музыкэ театрым, Гуащэ теат­рым, Нэгъуей Мухьэдин зи унафэщI «Фатум» уней театрым я ак­тёрхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ­Театрым и дунейпсо махуэр гу­къинэжу ягъэлъэ­пIащ. 

УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Фырэ Майе артистхэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ узыншагъэ, дэрэжэ­гъуэ, ехъулIэныгъэ яIэну, ­театр гъуазджэм дяпэкIи хэлъхьэныгъэфIхэр хуащIыну. 
Фырэ Майе КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм зэрыхагъэхьам щыхьэт техъуэ тхылъхэр зэхыхьэм щаритыжащ республикэм и театрхэм я лэжьакIуэхэу Щэбэтыкъуэ Заур, Абей ­Рустам, Къардэн Викторие, Къумыкъу Замирэ, ТэвкIэщ ФатIимэ, Жаппуевэ Сакинат, Пащты Iэсият сымэ. 
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Кар­чаевэ Iэминэ зи лIыкIуэ министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща артистхэмрэ режиссёрхэмрэ яритыжащ. Ахэр Шыгъушэ Лидэ, Балъкъэр Тамарэ, Жангуразовэ ФатIимэт, Костяковэ Валентинэ, Кузнецовэ Иринэ, Къуныжь Алим, Сафаровэ Тамарэ, Тубай Раисэ, Хьэмыку Жаннэ, Шэрджэс Мухьэмэд, Щэрмэт Людмилэ сымэщ. 
Театрым и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, УФ-м и ­Театр лэжьакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэм и правленэм и щIыналъэ къудамэм щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ игъэлъэпIащ мы гъэм зи юбилей артистхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэ пажэхэр, театрхэм я унафэщIхэр. ­КъищынэмыщIауэ, УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэм и правленэм и республикэ къудамэм унафэ къищтащ илъэс 70-м щхьэ­дэха театр лэжьакIуэхэм абы зэрыхэтым папщIэ дяпэкIэ пщIэ къыIамыхыну. 
Хабзэ зэрыхъуауэ, пшыхь гуапэм къыщызэщIакъуэжащ «Илъэсым и театр лэжьыгъэ нэхъыфIхэр» зэ­пеуэм кърикIуахэр икIи абы пашэ щыхъуахэм я цIэ къыщраIуащ. Лъэпкъ драмэ театрхэм я лэжьакIуэ пажэ­хэм иратащ щIыхь тхылъ­хэмрэ ахъшэ ­саугъэтхэмрэ. «Ансамбль спек­такль нэхъыфI» унэ­тIы­ныгъэм щытекIуащ «ЩIакIуэ фIыцIэ» спектаклыр (Що­джэн­цIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театр), «Режиссёр лэжьыгъэ нэхъыфIыр» къызэхъулIауэ ­къалъытар Дэба­гъуэ Романщ («Зыми емыщхь миссис ­Сэвиндж»). «ЦIыхубз ­роль нэхъыфI» лэжьыгъэр къе­хъулIащ ЖьакIэмыхъу КIунэрэ («Зыми емыщхь миссис Сэвиндж») КъуэщIысокъуэ Роксанэрэ («Къамботрэ Лацэрэ»). «ЦIыхухъу роль ­нэхъыфI» зэпеуэм пашэ щыхъуащ Иуаз Азэмэт («Къамботрэ Лацэрэ»), Абей Рустам («Цыганский барон»), Бай­даев Шахым («Волшебная свирель») сымэ. «Хормейстер нэхъыфI» лэжьыгъэр къе­хъулIауэ къалъытащ Дзы­гъуа­нэ Заретэ («Къамботрэ Лацэрэ», «Цыганский барон»). «ЕтIуанэ планым и цIыхубз роль нэхъыфIыр» ­къехъулIащ Багъ Иннэ («Зыми емыщхь миссис Сэвиндж», «ЩIакIуэ фIыцIэ»), КIэхумахуэ ФатIимэ («Ревизор», Мысостышхуэ Маринэ («Зыми емыщхь миссис ­Сэвиндж»), Къул Марьянэ («ЩIакIуэ фIыцIэ»), Белобородовэ Аллэ («Ханума»), Шыдакъ ФатIимэт («Волшебная свирель»). «ЕтIуанэ планым и цIыхухъу роль нэхъыфI» - Хьэщэ Къанщобий («Ревизор»), Быдэ Хьэсэн («Зыми емыщхь миссис ­Сэвиндж»), Джатэжьокъуэ Константин («ЩIакIуэ фIы­цIэ»), ТIымыжь Владимир («Ревизор»), Шыпш Къантемыр («ЩIакIуэ фIыцIэ»), Гогуев Арафат («Волшебная свирель»), Джаппуев Марат («Волшебная свирель»), Балъкъэр Юрэ («Ханума»), Ораков ­Замир («Ханума»), Сибэч Алим («Ханума»), ­Къардэн Радик («Цыганский барон»), Къумыкъу Мухьэдин («Къамботрэ Лацэрэ», «Цыганский барон»). «Дебют»-р къе­хъулIауэ къалъытащ Белоцерковская Дарьерэ («Цыганский барон») Сторожевэ Анастасиерэ («Семейные ­истории», «Хочу купить вашего мужа»). 
«ЗыIэригъэхьа пщIэмрэ щIыхьымрэ папщIэ» фIищауэ УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и щIыналъэ къудамэм къыхилъхьащ республикэм и гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэм я цIэ къраIуэну. Абы хыхьэу ягъэлъэпIащ ­УФ-м и Журналистхэм, Тха­кIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и щэнхабзэ къудамэм и редактор Моттаевэ Светланэрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ ­театрым и артисткэ Шы­гъушэ Лидэрэ, ахэр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъухэм папщIэ.
- Театр сценэр къарууш­хуэщ, абы укъыхуигъэщIамэ, абы урипсэумэ, театреплъ­хэм яжепIэн уиIэмэ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - Фи махуэшхуэмкIэ театр лэжьа­кIуэхэм гукIи псэкIи сынывохъуэхъу!
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ