ШКОЛАКIУЭХЭМ ПАПЩIЭ БЖЭ ЗЭIУХА

«Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу Ведомствэм щIэмыт Бахъсэн къудамэм и лэжьакIуэхэм Бжэ зэIухам и махуэ драгъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ школым и кадет классым щеджэхэм. 

 НыбжьыщIэхэм зыщрагъэплъыхьащ я IуэхущIапIэм. Ирагъэлъэгъуащ я техникэмрэ къызэрызэрагъэпэщхэмрэ, лэжьакIуэхэм я къалэнхэр зэрырахьэкIыр. 
- ДыщогуфIыкI щIалэгъуалэр ди къулыкъум зэрыдихьэхым. УпщIэ гъэщIэгъуэнхэр я куэдт. Абыхэм ящыщ гуэрым и гъащIэр лъэпкъ гвардием и дзэхэм пищIэнкIэ хъунщ, - къыхигъэщащ полицэм и майор Бэрбэч Ахьмэд. 
 НыбжьыщIэхэм я унэтIакIуэ Аргъэщокъуэ Лянэ хабзэхъумэхэм фIыщIэ яхуищIащ Iуэху щхьэпэм папщIэ. 

БэракъыщIэр ират

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэ зэгухьэныгъэу Владикавказ щыIэм и командирым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ полковник Трубин Роман Дзэм и бэракъыщIэр иритащ гвардием Звезднэ жылэм  щиIэ и частым и унафэщI Макаев Нурид. 
Iуэху гуапэм хэтащ частым и унафэщIхэр, район администрацэм, дзэ прокуратурэм, Хэку зауэшхуэмрэ дзэ къулыкъумрэ я ветеранхэм я советым я лIыкIуэхэр. 
- Дзэм и бэракъыр щIыхь пылъу сыт щыгъуи зефхьэн хуей дамыгъэщ, пщэдейрей махуэмкIэ гушхуэныгъэ къыфхэзылъхьэуи щытыпхъэщ. Дзэ частым хабзэфIхэр къыдокIуэкIри, абыхэм хэдгъэхъуэн хуейщ, - жиIащ Трубин Роман. 
 Ныпыр зэIэпаха нэужь дзэ къулыкъущIэхэм иратащ къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэхэр. Iуэху гуапэр иухащ дзэ оркестрым игъэIу макъамэм щIэту гупыр сатыру утыкум ирикIуэу. 

Я еджапIэхэм щагъэгъуазэ 

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и капитан Тхьэгъэлэдж Тимур Налшык къалэм и школ №18-м щеджэхэм яхутепсэлъыхьащ Санкт-Петербург, Новосибирск, Саратов, Пермь къалэхэм я IэнатIэм епхауэ щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщIэтIысхьэм. 
КъулыкъущIэм школакIуэхэм ягуригъэIуащ ведомствэ дзэ институтым ущIэтIысхьэн папщIэ пщIэн хуейхэмрэ абы зэрызыхуэгъэхьэзырыпхъэмрэ. Тхьэгъэлэджыр тепсэлъыхьащ а еджапIэм щIалэгъуалэр зыгъакIуэхэм я къалэнхэм, социальнэу къызэрызэрагъэпэщым, курсантхэм хуащI гулъытэхэм. 
НыбжьыщIэхэм яфIэщIэщыгъуэ упщIэхэр къаIэтащ, языныкъуэхэм жаIащ Урысейм и лъэпкъ гвардием и дзэхэм яхыхьэну зэрытраухуар. 
 НыбжьыщIэхэм офицерым фIыщIэ хуащIащ сэбэп зыпылъ хъыбар куэд къызэращIам папщIэ. 

Лъы хуэныкъуэхэм зыщIагъакъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ ягухьащ лъы тыным ехьэлIа «Зы гум къыбгъэдэкIыу адрейм хуэкIуэу» акцэр дэзыIыгъхэм икIи щIыналъэм лъыуэ щахъумэм литри 10-м щIигъу хагъэхъуащ, - къет IэнатIэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Лъы щыхаш республикэ станцым и дохутыр нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Узденовэ Дианэ зэрыжиIащи, Урысей гвардием и щIыналъэ управленэмрэ медицинэ IуэхущIапIэмрэ зэрыIыгъщ, ахэр мызэ-мытIэу дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуащ икIи лъы ятащ абы хуэныкъуэхэм папщIэ, ведомствэ, щIыналъэ, урысейпсо акцэхэм хэту.
Медикхэм управленэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ лъы тын Iуэхум жыджэру зэрыхэтым папщIэ, жаIащ зэрызэдэлажьэм адэкIи пащэным зэрыщыгугъыр.

УАРДОКЪУЭ Женэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.