ЦIЫХУ ГЪАЩIЭР КЪЕГЪЭЛЫНЫР ЛЪАПIЭНЫГЪЭЩ

Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм даIыгъащ «Лъы тыи, цIыхур къегъэл» Iуэхур.
Полицейхэр я лэжьыгъэм ехьэлIауэ щIэх-щIэхыурэ щыIуоуэ щытыкIэ шынагъуэхэм икIи ящIэ лъы хуэныкъуэм донорым  къыхуищIэр уасэ зимыIэ дэIэпыкъуныгъэу зэрыщытыр. 
Iуащхьэмахуэ районым и сымаджэщ нэхъыщхьэм щекIуэкIа донор Iуэхум хыхьащ Урысей МВД-м и щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэр. 
Полицей 20-м нэблагъэм лъы хашын ипэкIэ медицинэ къэпщытэныгъэхэр драгъэкIуэкIащ. Абыхэм яхэтт япэу акцэм къыхыхьахэри, нэхъ пасэу мызэ-мытIэу лъы зытахэри. 
- Дыщогугъ мы Iуэхум дызэрыхыхьар абы хуэныкъуэхэм я узыншагъэр зэфIэувэжынымкIэ щхьэпэ хъуну, жаIащ хабзэхъумэхэм.
Медицинэ IуэхущIапIэм и администрацэм полицэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ псапащIэ акцэр къызэрыдаIыгъым папщIэ

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.