Узыншагъэр, егъэджэныгъэр...

КIуэкIуэ Казбек яхуэ­защ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм, лэжьакIуэ пэрытхэм. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, щIыналъэ программэ­хэр зэрагъэзэщIам кърикIуахэм, апхуэ­дэуи зэман гъунэгъум ­къриубыдэу къапэщылъхэм.

«Урысейм и Президентым къыхилъхьа жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа мэхъу. Абы Iэмал къыдитащ республикэм и экономикэ, социальнэ унэтIыныгъэхэм зегъэужьынымкIэ лэжьыгъэхэр щIэ­гъэхуэбжьауэ зэфIэдгъэкIыну, пандемиер щекIуэкIа, иужькIэ санкцэхэр къы­щыттракъуза лъэхъэнэхэми емылъытауэ цIыхухэм я псэукIэм и фIагъым хэдгъэхъуэну», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Республикэм и Iэтащхьэм районым щыпсэухэм фIыщIэ яхуищIащ зауэ Iуэху хэхам къахуигъэув къалэнхэр зыгъэзащIэу дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ. «Дзэлыкъуэ районым а Iуэхум мы­хьэнэшхуэ щрат. Дзэ къалэныр щIыхь пылъу езыхьэкI щIалэхэр дызэрыгушхуэщ. Зауэ Iуэху хэхам зи къуэ хэт дэтхэнэ унагъуэми фIыщIэ яхузощI я щIалэхэм бгъэдалъ­хьа гъэсэныгъэм, щытыкIэр къазэрыгу­рыIуэм папщIэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
ЗэIущIэм къыщаIэтащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуа Iуэхугъуэхэр. И гугъу ящIащ узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм, щIалэгъуалэ политикэм, тхыдэр хъу­мэн, псыкIэ къызэгъэпэща зэрыхъум, мэ­къумэш хозяйствэм. ЩIыналъэм и цIыхухэм зыгъэгузавэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм ятеухуа я еплъыкIэхэри къагъэлъэгъуащ.
Дзэлыкъуэ районым лъэпкъ проектхэр зэрыщагъэзащIэ лъэхъэнэм къриубыдэу зэ­гъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ курыт школу 3-м, спорт пэшу 9-м, щэнхабзэмкIэ унэу 3-м, макъамэмкIэ еджапIэм, район поликлиникэм. УхуэныгъэщIэхэми къахэхъуащ: узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж спорткомплексу 2, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэ, щэнхабзэмкIэ унэ, фельдшер-акушер пунктхэр ящIащ. Сэрмакъ къуажэм курыт школыщIэ дащIыхь. Апхуэдэу жылагъуэ щIыпIэу 9, пщIантIэу 14 зэIузэпэщ ящIащ. Кхъахэ хъуа унэхэр нэхъ мащIэ щIынымкIэ программэм ипкъ иткIэ фэтэр куэду зэхэт уни 9-м щIэс цIыхухэр псэ­у­пIэщIэкIэ къызэрагъэпэщащ. Жылагъуэ­хэр зэфэ псыкIэ къызэгъэпэщыныр егъэ­фIэкIуэнымкIэ лэжьыгъэхэр йокIуэкI.
Илъэсищым къриубыдэу мардэхэм къе­зэгъыу зэрагъэпэщыжащ гъуэгуу километр 80, жылагъуэ 15-м я гъунапкъэхэм километр 11 къызэщIиубыдэу уэздыгъэхэр щы­фIадзащ. 2023 - 2024 гъэхэм Дзэлыкъуэ ­районым и гъуэгухэм ящыщу километр 20 зэрагъэпэщыжынущ. А лэжьыгъэхэр щокIуэкI Псынэдахэ – Дзэлыкъуэдэс - Дженал - Каменномост, Каменномост - Хьэбэз, Дзэлыкъуэкъуажэ - Лесгор, Светловодск - Дзэлыкъуэ автомобиль гъуэгухэм. Субсидие ахъшэкIэ Бэтэх, Дзэлыкъуэдэс къуа­жэхэм я уэрамхэр зыхуей хуагъэзэжынущ.
Iэщ гъэхъунымрэ кIэртIоф гъэкIынымкIэ райо­н­ыр республикэм щыпэрытхэм ящыщщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щIыналъэм щолажьэ мэкъумэш IуэхущIапIэу, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу 660-рэ, уней хозяйст­вэхэр яIэщ цIыху мин 11-м нэблагъэм. Илъэсищым къриубыдэу Дзэлыкъуэ ­ра­йоным инвестпроект зэмылIэужьыгъуэу 16 щагъэ­зэщIащ. ЩIыналъэм и бюджетым зэрыхэхъуам Iэмал нэхъыбэ къарет социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр нэхъ псынщIэу зэфIахыну.
2023 - 2024 гъэхэм районым щыпащэнущ школхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр зэгъэ­пэ­щыжыным, зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIэ къы­зэ­гъэпэщыным, цIыхухэр куэду щы­зэхуэс щIыпIэхэр зэпэщ щIыным, жылагъуэ­хэр псыкIэ къызэгъэпэща зэрыхъур егъэфIэкIуэным, нэгъуэщI проектхэри гъэзэщIэным.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.06.2023 - 09:14

ЕГЪЭДЖАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭХЭМРЭ Я ИЛЪЭСЫМ ТРАУХУЭ

«Библиотекэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хыхьэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм техникэ, мэкъумэш литературэхэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ «Слово во славу учителя» зэхыхьэр.

02.06.2023 - 09:13

ХЪУМПIЭЦIЭДЖХЭМ Я БГЫР ЩIЭПСЫГЪУЭР

Алтай таурыхъ

01.06.2023 - 15:02

ХУАБЭМ ЗЫКЪЕВГЪЭЛ

«Кондиционер» псалъэр инджылызыбзэм къикIащ, «хьэуар нэхъыфI зыщI» жиIэу къокI. Пасэ зэманым цIыхухэм хуабэвэхым зыщахъумэрт, гуэлым, псым хэсу.

01.06.2023 - 10:01

ФIЫМ Я ФIЫЖХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

«Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм.

01.06.2023 - 10:01

ПШЭРЫХЬ ХУЩАНЭ…

Новеллэ