Джатэм и щIагъи пэжыр щыжыIэ

Адыгэ сэшхуэм япэ ды­дэу щытетхыхьа зэманыр 1625 гъэм хуахь, шэрджэсхэм я Iэщэ-фащэм теухуауэ Джованни де Лукэ и Iуэху еплъыкIэр къыщигъэлъэгъуам.

XVIII лIэщIыгъуэмрэ ­XIX-м и япэ Iыхьэмрэ адыгэ уэркъ­хэм иджыри зэрахьэрт гъущI хъурей зэрыхъахэм къыхащIыкIыу щыта зэрызахъумэж афэ джа­нэхэр. Таж пыIэр ­лъагэт, абыи дамащхьэхэм нэс къехыу гъущI хъар кIэ­рылът. Сэшхуэхэм я джатэдзэр кIыхьт, гъущIым къыхэ­щIы­кIа джанэхэр зэпиуп­щIы­фырт. Ауэ XVIII лIэщIы­гъуэм шэ зыгъауэ Iэщэхэр нэхъ къагъэсэбэп хъури, афэ джа­нэхэр хуэмурэ я гъащIэм хэкIын щIидзащ, сэшхуэхэми нэхъ хуэмыныкъуэж хъуащ. 
Шэрджэс сэшхуэхэм ящыщу нэхъ жьы дыдэу яхъумэр 1713 гъэм ящIауэ щытарщ, ар Къэрал Тхыдэ музейм щIэлъщ.
XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм, XX-нэм и пэщIэдзэхэм адыгэ сэш­хуэм и джатэдзэр псын­щIэу, мыкIыхьу ящIырт. Шэр­джэс­хэм мыхьэнэшхуэ иратырт ар зэращIым: «Ар къабзийм хуэдэу псынщIэу, чы псы­гъуэм­ ещхьу лантIэу, жьа­кIэупсым хуэдэу жану щытын хуейщ», - жаIэрт. Сэш­хуэдзэм и лъабжьэм дамыгъэхэр тращIыхьырт. Абы тратхэхэмкIэ къыпхуэщIэнут сэшхуэр къызыхэкIар.
Тыркум щыпсэуа, Къэбэрдейм илъэс зыкъом хъуауэ къэзыгъэзэжа, «Адыгэ унэ» тыкуэныр къызэIузыха IутIыж Мэжид лъэпкъым и тхыдэм теухуауэ куэдым щыгъуазэщ. ХещIыкI сэшхуэм и Iуэхуми.
- Адыгэ сэшхуэр хьэлъэу щыттэкъым, пIащIэт, къэбгъэшмэ хъуреибзэ хъурти, зэуэ ипIэ иувэжырт, жант, быдэт. Ар къызыхащIыкIри адрейхэм ещхьтэкъым, - дыщегъэгъуазэ абы. - Куэдым ямыщIэнкIэ хъунщ сэшхуэр щыблэ зэуа гъущIым къыхахыу зэрыщытар. Абы щхьэу­сыгъуэ иIэт: гъущIым щыблэ еуа нэужь, къарууэ, току хилъхьэм фегупсыс. ГъущIым и зэхэлъыкIэр нэгъуэщI, нэхъ быдэ абы ищIырт. КIыщым нэсамэ, псыхьын хуейкъэ? ГъущIыр ягъэплъырти, шым шэсырт, хуэмурэ къакIухьурэ жьыбгъэкIэ япсыхьырт. Абы иужькIэ сэшхуэм зыри къы­щыщIыжтэкъым.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэ сэшхуэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ейм зыкIи ещхькъым. Абы и къум и кIапэр зэгуэхауэ щытщ. Ар къызэрысэбэпрат: сэшхуэр и папцIэмкIэ щIым хасэрт, лIыр абдеж етIы­сэхырти, фочым и пэр дигъэхьэрт, шэрыуэу нэщанэм еуэн папщIэ. Ари къэбгуп­сысыфын хуейтэкъэ?! Нэ­гъуэщI лъэпкъхэм ягъэщIагъуэ абы и щэхур щыжы­пIэ­кIэ. И нэхъыбэм сэшхуэр ­зэ­рызыгуалъхьэр ижь­раб­гъурамэ, адыгэм сэмэгумкIэ ар пщIыхэлъщ. ИтIанэ IэкIэ яубыду кърахыртэкъым ар, IэщIыбкIэ кърагъэлъэтырти, я къихынри бийм еуэнри зы ящIырт. Хабзэжьу щыIэт адыгэм сэр кърихамэ, къы­щIрихар имыгъэзащIэу ирилъхьэжыныр емыкIуу. 
Сэшхуэр хьэщIэщым зды­щIахьэу къезэгъыртэкъым - бысымым дзыхь хуумыщIу арат къикIыр. Апхуэдэ дыдэу шым епсыхамэ, щIопщыр унэ гупэм щыфIидзэрт, зэры­зы­щиIэжьэнум елъытауэ фIэ­дзэкIэ щхьэхуэ иIэу. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.