Къашыргъэ Мадинэ и пшыхь

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуа­пIэм иджыблагъэ щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм и япэ профессиональнэ пшынауэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Лъэпкъ творчествэм зэрызригъэужьым папщIэ Урысей Федерацэм и Правительствэм игъэува «Душа народа» саугъэтыр зыхуа­гъэфэща Къашыргъэ Мадинэ и пшыхь.

Ар зытеухуэжар мы гъэр Урысейм егъэджакIуэмрэ унэ­тIакIуэмрэ гъэсакIуэмрэ я илъэсу зэрыщагъэувамрэ пшынэ еуэным профессиональнэу хурагъэджэн зэрыщIа­дзэрэ илъэс 50 зэры­рикъумрэт. 
Пшыхьыр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал инс­титутым, Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым.
Лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ ин хуэ­зыщIа Къашыргъэ Мадинэ ди щIыналъэм фIыуэ зэрыщалъагъум и щыхьэтт абы цIыхур куэду къызэрекIуэлIар. 
Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэ симфоние оркестрым ­Къардэн Хьэсэн и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Насып ауз» симфоние поэмэмкIэ пшыхьыр къызэIуихащ.
Абы къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминатрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и ректор Рахаев Анатолэрэ. 
- ЕгъэджакIуэу ущытыным нэхъ къалэ­нышхуэ щыIэу къы­щIэкIынкъым. Ди егъэджакIуэ лъапIэхэ, фи нэIэ щIэт сабийхэм дунейр ивогъэцIыху, ар зыхащIыкIыу ивогъасэ. Дахагъэ, лъапIагъэ нэхъыщхьэхэм нэIуасэ ­хувощI. А IэнатIэм упэрытын папщIэ сабийхэр, IэщIагъэр фIыуэ плъагъуу щытын ­хуейщ. ЕгъэджакIуэмрэ унэ­тIакIуэмрэ я пшыхьымрэ Къа­шыргъэ Мадинэ еймрэ зы зэрытщIам мыхьэнэ иIэщ. А цIыхум и лэжьыгъэшхуэм къыпэкIуа пщIэщ ар, - жиIащ Карчаевэм.
Къашыргъэ Мадинэщ япэу ди щIыналъэм лъэпкъ пшыналъэхэр гъэзэщIэнымкIэ IэщIагъэ нэхъыщхьэ щызэзыгъэ­гъуэтар. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисткэщ икIи концертмейстерщ. 
Абы и зэфIэкI зыхуэдэр щалъэгъуащ ­Москва, Санкт-Петербург, Пермь, Мейкъуапэ, Кисловодск, Черкесск, Налшык и утыкухэм. Къашыргъэм япэу игъэзэщIащ КъБР-м и композитор куэдым я IэдакъэщIэкIхэр. Абы къы­дигъэкIащ хэхэс адыгэхэм яхъума макъамэхэр нотэхэр ящIыгъуу зэрыт «Адыгэ пшы­налъэхэр» тхылъыр, «Кавказ лъэпкъхэм я пшы­нэ еуэкIэм хуэзыгъасэ дерсхэр» зыфIища и лэжьыгъэр.
Абы иригъэджахэм ящыщ куэд пшынауэ Iэзэ хъуащ, Лосэн Тимур, Дудар Аслъэн, Лыджыдэ Алий, Иуан БетIал, Бегиевэ Заремэ, Къумыкъу Марианнэ, ДзыхьмыщI Данэ жыпIэми.
Абыхэм ящыщ куэдым лъэр щIэзыгъэкI я пшыналъэхэмкIэ пшыхьыр ягъэдэхащ.

Инэрокъуэ  Данэ.
Сурэтыр  Къарей Элинэ  ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.06.2023 - 09:14

ЕГЪЭДЖАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭХЭМРЭ Я ИЛЪЭСЫМ ТРАУХУЭ

«Библиотекэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хыхьэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм техникэ, мэкъумэш литературэхэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ «Слово во славу учителя» зэхыхьэр.

02.06.2023 - 09:13

ХЪУМПIЭЦIЭДЖХЭМ Я БГЫР ЩIЭПСЫГЪУЭР

Алтай таурыхъ

01.06.2023 - 15:02

ХУАБЭМ ЗЫКЪЕВГЪЭЛ

«Кондиционер» псалъэр инджылызыбзэм къикIащ, «хьэуар нэхъыфI зыщI» жиIэу къокI. Пасэ зэманым цIыхухэм хуабэвэхым зыщахъумэрт, гуэлым, псым хэсу.

01.06.2023 - 10:01

ФIЫМ Я ФIЫЖХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

«Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм.

01.06.2023 - 10:01

ПШЭРЫХЬ ХУЩАНЭ…

Новеллэ