УАФЭГУМ УИТУ, УШЫНЭ ХЪУНУКЪЫМ

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ. «Общество книголюбов» зэгухьэныгъэм жэрдэм ищIа зэхуэсым щытепсэлъыхьащ тхакIуэ, усакIуэ Мусукаевэ Сакинат «Когда летаешь, нельзя бояться» зыфIища и тхылъым. 
А тхылъым еджахэм гъэ кIуам зэхуэс зыбжанэ ящIри, къазэрыщыхъуами тепсэлъыхьауэ щытащ.
 ЗэIущIэр къыщызэIуихым «Общество книголюбов» зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье жиIащ:
- Мусукаевэ Сакинат и IэдакъэщIэкIхэр къуэпсыбэщ, абы тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, публицист зэфIэкI зэриIэмкIэ куэд щIауэ къацIыхуащ. ЩIэджыкIакIуэхэмрэ литературэджхэмрэ абы и зы тхыгъэ гулъытэншэ ящIакъым. Дэтхэнэ зы тхыгъэри гупсысэ пыухыкIакIэ гъэнщIащи, гъащIэм щIэщыгъуагъ гуэр къыхалъхьэ. ТхакIуэм бзэ гъэщIэгъуэн Iурылъщ, абы и литературэ тхыгъэхэр къэхъугъэкIэ къулейщ, гъэщIэгъуэнщ, - жиIащ Шинкарёвэм.
 Тхылъыр 2022 гъэм Москва къалэм урысыбзэкIэ дунейм къыщытехьащи, балъкъэрыбзэ зымыщIэхэр Мусукаевэм и Iуэтэжхэм еджэну Iэмал яIэщ. 
ГъащIэм теухуауэ Мусукаевэм иIэ гупсысэ куухэр, дахэхэр, лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр гъэщIэгъуэну зэхигъэзэгъащ. 
А пшыхьым зыкърагъэхьэлIат «Анна» клубым къызэщIиубыдэхэм, тхакIуэхэм, журналистхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм. Сакинат и IэдакъэщIэкIхэм щыщу щхьэж нэхъ игу ирихьам щыщ пычыгъуэ къеджащ зи гугъу тщIахэр.
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Беппаев МутIалип тхылъым ит дэтхэнэ тхыгъэми гулъытэ щхьэхуэ хуэфащэу къызэрилъытэр жиIащ. А зэIущIэм Беппаевыр нэхъ убгъуауэ щытепсэлъыхьащ «Мать» повестым.
КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разият, журналист-тхакIуэхэу Сарбашев Анзор, Щомахуэ Дарье, Мазуренкэ Маринэ, Бейтуганов Исмэхьил сымэ, нэгъуэщIхэри къыщыпсэлъащ абы. 
ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм ящIэлъ щIэщыгъуагъым, сюжет гъэщIэгъуэнхэм, къэIуэтэкIэ узыIэпызышэм, упщIэ куэдым я жэуап а тхыгъэхэм къызэрыщыбгъуэтым теухуат къызэхуэсахэм къаIуатэ гупсысэр. 
Тхылъым ихуа певестхэмрэ Iуэтэжхэмрэ зэритхам, абыхэм лъабжьэ яхуэхъуам я гугъу ищIащ Мусукаевэ Сакинат къыщыпсалъэм. ЗэIущIэм и кIэухым абы и IэдакъэщIэкIхэм гулъытэ хуэзыщIа дэтхэнэми фIыщIэ яхуищIри, и усэщIэхэм къызэхуэсахэр щIигъэдэIуащ.
 Иджырей литературэм бзылъхугъэхэм увыпIэ хэха зэрыщаубыдымкIэ къызэхуэсахэр зэакъылэгъу хъуащ. Ахэр Мусукаевэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ, узыншагъэ иIэну. 
 

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.