ЩIЭБЛЭР ФIЫМ ХУАУЩИЙ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт профилактикэ акцэм жыджэру хэтщ Бахъсэн районри.

Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ (ПДН) и IэнатIэм лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн къалэм дэт, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м, прогимназие №№I,3-хэм, Сыжажэ Альберт и цIэр зэрихьэу ПсыкIэху дэт курыт еджапIэм, Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №4-м. 
Полицейхэр школакIуэхэм епсэлъащ наркотикхэкIымрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зыдемыгъэхьэхыным, фадэмрэ тутынымрэ защыдзеиным теухуауэ. Щыгъуазэ ящIащ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пыщIа щIэпхъаджагъэ зылэжьым, хабзэм ебакъуэм административнэ, уголовнэ жэуапхэр зэрахьым. 
Полицейхэм ныбжьыщIэхэм ягу къагъэкIыжащ гъуэгу хабзэми тетын зэрыхуейр, жраIащ макъамэхэм, нэгъуэщIхэм зэредаIуэхэр я тхьэкIумэхэм илъу лъакъуэрыгъажэхэмкIэ, роликхэмкIэ къэжыхьыным шынагъуэ зэрыпылъыр. 
ЗэIущIэм хэта инспекторхэм класс нэхъыжьхэм щеджэхэр зыщIэупщIахэм жэуап иратащ. Ахэр къыхураджащ гъащIэ узыншэм, спортым, щэнхабзэм жыджэру хэтыну.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.