ЩАПХЪЭ

Бакъ Залым хирургщ, Налшык къалэ сымаджэщ №I-м и дохутырщ, Герниологхэм я «GREPA» европей ассоциацием, Урысейм и хирургхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. ЩIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ Саратов МедицинэмкIэ и къэрал университетым. Щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и къудамэм. ЗэрыжиIэмкIэ медицинэм ухуеджэныр гугъущ, ауэ а IэщIагъэм икIи узыIэпешэ, щIэныгъэм зэрыхэбгъэхъуэным ухуэпабгъэу.

Дохутыр IэщIагъэр зэригъэгъуэтыну зэрыхуейр пасэу къыгурыIуащ Залым. ЗэрыцIыкIурэ ар и адэ-анэм хуагъасэрт цIыхум сэбэп яхуэхъун зэрыхуейм. Сэбэп ухъуным гуапагъэ зэрыхэлъыр зыхищIащ езыми.

- Дохутырым зэпымыууэ и щIэныгъэм хигъэхъуэн хуейщ. Ар нэсу къигъэсэбэпыфрэ игурэ и щхьэрэ зэтелъмэ, сымаджэм тегушхуауэ бгъэдыхьэфынущ, и узыр щхьэщихыфынущ. Армырамэ, медицинэм ущIыхэтын щыIэкъым. Сэбэп ущымыхъуфынум деж, зэрани умыхъумэ нэхъыфIщ жыхуэсIэщ, - жеIэ Залым.

Дохутырым хэлъыпхъэ хьэл-щэнхэм ящыщу Бакъ Залым къыхегъэщхьэхукI гущIэгъур, сымаджэм и гуныкъуэгъуэхэр зэрызыхэпщIэр. «Псалъэ гуапэми зи хущхъуэгъуэ къыхэкI щыIэщ», - жи абы.

Дохутырым и IэщIагъэ гугъум хэлъщ а илэжьыр фIыуэ езыгъэлъагъу, нэхъри тезыгъэгушхуэ Iуэхугъуэхэри. «Сэ згъэхъужам и нэгум кърих гуфIэгъуэрщ си IэщIагъэм нэхъ гурыфIэгъуэшхуэу хэлъыр. ЦIыхум нэхъыщхьэ дыдэу иIэр узыншагъэрщ. АтIэ узыншагъэм теухуауэ зыгуэрым гупсэхугъуэ зэрептыфым псэр зэригъэнщIыжыр сыту куэд и уасэ! Абдежым зыхэпщIэр пхурокъу узэрыдохутырым уринасыпыфIэну», - жеIэ Залым абы теухуауэ.

Бакъ Залым зэпымыууэ хэтщ медицинэмкIэ екIуэкI зэхьэзэхуэхэм, щIэнIуатэхэм, дунейпсо конференцхэм и лэжьыгъэхэр щегъэлъагъуэ. Иджыблагъэ, псалъэм папщIэ ар щыIащ эндоскопиемрэ хирургиемкIэ Москва щекIуэкIа дунейпсо конференцым . Залым жеIэ зэпымыууэ зызыужь, щIэ гуэрхэр къызыхыхьэ медицинэм укъыкIэрымыхуу удэбэкъуэн папщIэ апхуэдэ щIэнIуатэхэм Iэмал имыIэу ухэтын зэрыхуейр.

«ГъащIэм щапхъэ щыпхуэхъур хэт?» - жытIэри деупщIат.

- Си гугъэщ дэтхэнэ цIыхуми япэ дыдэу щапхъэ хуэхъур и адэ-анэрауэ. Си адэ-анэрщ си хьэл-щэным, ехъулIэныгъэхэм, гъащIэ хъужым хузиIэ еплъыкIэхэм теухуауэ псом япэ фIыщIэ зыхуэсщIыр. Я цIэр къисIуэну си гуапэщ IэщIагъэ схуэхъуам хэсча лъэбакъуэхэм щапхъэрэ чэнджэщкIэ сытезыгъэгушхуа, гъуэгугъэлъагъуэ схуэхъуа егъэджакIуэхэм. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, ди сымаджэщым и хирург нэхъыщхьэ Бахъсэнокъуэ Залым, хирургиемкIэ къудамэм и унафэщI Дадэ Алим. ГуащIэшхуэ ирахьэлIащ абыхэм щIэныгъэ къыдатыным теухуауэ, - къыдитащ жэуап.

Бакъ Залым и IэщIагъэр цIыхум и хьэл-щэныр зыкъомкIэ зыпсыхьщ. Дохутыр нэсым, гудзакъэ зиIэм, зи IэщIагъэм псэ хуабагъэ хэзылъхьэм и щапхъэщ щIалэр.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.