ПАВЛОВ ВАСИЛИЙ ТЕКIУАХЭМ ЯХУОЗЭ

2023 гъэм и гъатхэпэм и 3-м къыщыщIэдзауэ и 10 пщIондэ Башкирием и къалащхьэ Уфа щекIуэкIащ МВД-м боксымкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэ. ЩIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIа организацэ I5-м я гупхэр зыхэта зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.

А зэпеуэм ехъулIэныгъэ къыщигъэлъэгъуащ килограмм 86-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щызэуа, УФ-м и МВД-м и къудамэу Бахъсэн щIыналъэм щыIэм и лэжьакIуэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Мэзыхьэ Разиуан. Ди щIалэр зэзэуа псоми ятекIуащ икIи япэ увыпIэр къафIихьащ.

УФ-м и МВД-м и къудамэу Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыIэм и плъыр - кIэлъыплъыныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэ, полицэм и сержант нэхъыщIэ Алиев Малик килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэм я деж домбеякъыр къыщихьащ.

КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщI Павлов Василий Урысейм и МВД-м и чемпионатым щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ ехъуэхъуащ дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр яIэну, я мурадхэр къехъулIэну.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.