ШУМИЛИНЫМ И МЕМОРИАЛЫМ

Калининград къалэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар къызэрагъэпэщат Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Шумилин Андрей и фэеплъу.

зэхьэзэхуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм, апхуэдэуи Абхъазым, Белоруссием къикIа, илъэс 24 - 25-рэ зи ныбжь спортсмени 120-рэ.
Зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм ды­жьыну тIу къыщахьащ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 61-м нэсхэм я деж щыбанэу, кIэух зэпеуэм  нэса Жыласэ Рустам хьэрхуэ­рэгъу къыхуэхъуа, Санкт-Петербург щыщ Абдулатипов Михаил 7:8-уэ къыхигъэщIащ.
Килограмм 74-рэ хъухэм я деж щыбэна Маргъущ Джэмал дыжьыныр къытхуихьащ.
Спортсменхэр и гъэсэнщ ЗэкIуу Арсен.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ

22.04.2024 - 09:38

Адэжь щIыналъэм щохьэщIэ

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и уна­фэщIымрэ абы хэтхэмрэ мы махуэхэм Урысей Федерацэм адыгэхэр зэрыс и хэгъэгухэм щохьэщIэ, Адыгэ Хасэхэм цIыхухэм щахуозэ, республикэ унафэщIхэм йопсал

22.04.2024 - 09:36

Зэран къызэрытхуэхъу Iэмалхэр мэбагъуэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - ­КъБР-м и министр Къуэшы­рокъуэ Залымрэ КъБР-м и Прокуратурэм экстре­миз­мэм­рэ терроризмэмрэ пэ­щIэ­тыным, лъэпкъ зэхущы­тыкIэхэм, къэрал шынагъуэнш

22.04.2024 - 09:12

МАКЪАМЭ ТЕЛЪЫДЖЭМ И ЛЪАХЭМ

Налшык дэт Музыкэ теат­рым иджыблагъэ ще­кIуэ­кIащ «Му­зыкальный диа­лог» концертыр, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдо-къуэ Муратрэ ди республикэм щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэррэ зэ­да­гъэ­хьэ­зы