МЭЗХЭМ ЗЭ­РЫКIЭЛЪЫПЛЪ IЭМЭПСЫМЭХЭР ТЫГЪЭ КЪЫХУАЩI

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ лэжьыгъэ  Iуэ­хукIэ ди щIыналъэм къэкIуа, Мэз хозяйст­вэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Советников Иван.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щIыуэпсым и хъу­гъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр ­Шаваев Ильясрэ Ипщэ федеральнэ округым Мэз хозяйствэмкIэ и департаментым и уна-  фэщI Костенич Пётррэ.
ЗэIущIэм къыщаIэтащ ди щIыналъэм мэзхэр зехьэнымкIэ щызэфIагъэкIхэр. «Республикэм и щIыналъэм щыщу мэзхэм куэд ямыубыдми, абыхэм куэду къыщокI зыхуэсакъыпхъэ жыг лIэужьыгъуэхэр икIи зыхуэзэ щIы­на­лъэ­хэми мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абы къыхэкIыу ахэр   хъумэнымрэ зэтегъэувэжынымкIэ лэжьыгъэ-хэр япэ игъэщыпхъэхэм ящыщщ. 2020 гъэ ­лъандэрэ мэз фондым хыхьэ щIыхэм жыгыщIэу мелуаным щIигъу щыхасащ», - жиIащ КIуэ­кIуэ Казбек. Советников Иван къыхигъэщхьэхукIащ абы и лъэныкъуэкIэ республикэм лэ­жьыгъэфI зэрыщекIуэкIыр икIи хэхауэ жиIащ мафIэсхэр къэмыгъэхъунымкIэ нэхъ шынагъуэу щыт лъэхъэнэхэм профилактикэ Iуэхухэр щIэгъэхуэбжьапхъэу къызэрилъытэр.
Республикэм и унафэщIым зэрыжиIамкIэ, ­мафIэсхэм я шынагъуэр ягъэмэщIэн папщIэ мэзхэм я щытыкIэм зэрыкIэлъыплъ техникэ лIэу­­жьыгъуэу 67-рэ иужьрей зэманым къа­щэ­хуащ. 2019 гъэм нэсыху апхуэдэ зэ­фIэкI республикэм иIакъым. Профилактикэ лэ­жьыгъэр нэхъ зэуIуу къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ зэ­щIыгъуу зэдолажьэ мэз хозяйствэм и IэщIагъэлIхэр, МЧС-м, хабзэхъумэ органхэм я IэнатIэхэр. Абы и фIыгъэкIэ блэкIа 2022 гъэм мэзхэм зы мафIэси къыщыхъуакъым.
КIуэкIуэ Казбек апхуэдэу къыхигъэщхьэху кIащ мэз хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я улахуэр ­къэ­Iэтыным республикэм и Правительствэр иджыпсту зэрегупсысыр. Абы Мэз хозяйствэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым фIыщIэ хуищIащ мэзхэр зехьэным елэжь щIыналъэ IэнатIэм и нэIэ зэрытригъэтым, ар техникэкIэ къызэгъэпэщыным и зэфIэкI зэры­хилъхьэм папщIэ.
ИужькIэ  Мэз хозяйствэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым Налшык къалэм щригъэкIуэкIащ мэз IуэхухэмкIэ кърата полно­мо­чиехэр Урысей Федерацэм и субъектхэм нэхъ тэмэму къагъэсэбэпынымкIэ хэкIыпIэхэм ятеу­хуа зэIущIэ. Абы 2022 гъэм щыIа лэжьыгъэм ­кърикIуахэр къыщапщытэжащ икIи 2023 гъэм къапэщыт къалэнхэр щаубзыхуащ.
ЗэIущIэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм, Кърымым, Севастополь, Донецк, Луганск цIы­хубэ республикэхэм, Запорожскэ, Херсонскэ областхэм я лIыкIуэхэр. Сотни-ков Иван Къэбэр-дей-Балъ­къэр Республикэм ЩIыуэпсым и хъу­гъуэфIыгъуэ­хэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и унафэм щIэт IуэхущIапIэхэм тыгъэ ­яхуи­щIащ мэзхэм зэ­рыкIэлъыплъ техникэ Iэ­мэпсымэу 10.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ