ИДЖЫРЕЙ КЪАЛЭНХЭМ IЭМАЛ КЪЫХУАГЪУЭТ

Гъатхэпэм и 16-м КъБР-м и Правительствэм и Унэм ще­кIуэкIащ Урысейм и Ипщэ муниципальнэ щIыналъэхэм я зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр ЗыунэтI советым и зэIущIэ. Абы хэтыну щыхьэрым къе­б­лэгъат Адыгэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Кърым, Ингуш, Дагъыстэн, Къэрэшей-Шэрджэс, Къалмыкъ, Шэшэн республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Волгоград, Астрахань, Ростов областхэмрэ Севастополь къалэмрэ я лIыкIуэхэр.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Урысейм и Ипщэ муниципальнэ щIы­налъэхэм я зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр ЗыунэтI Советым и унафэщI Наумкин Олег, ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Ди къэралыр зэувэлIа Iуэху­хэм теухуауэ къыттралъхьа те­зырхэм дыпэлъэщынымрэ ахэр зэран къытхуэмыхъуу зыду­жьы­нымрэщ нобэкIэ ди къалэн нэхъыщхьэр. Абы теухуауэ муниципальнэ щIыналъэхэм я уна­фэщIхэм Iуэхушхуэхэр я пщэ къыдохуэ. Сыту жыпIэмэ, цIыхум и Iуэху хуэмыхъумэ, япэу зэкIуалIэр ахэращ. ЦIыху­бэм я щыIэкIэ-псэукIэмрэ экономикэмрэ зэтетIыгъэм и за­къуэ мыхъуу, ахэр зыхуей щы­мыщIэу адэкIэ дыкIуэтэным зэпымычу дытелэжьэнырщ ди къалэныр, - захуигъэзащ КIуэ­кIуэм зэIущIэм хэтахэм.
Дзэ Iуэху хэха щекIуэкI щIыналъэм щыIэ ди лъэпкъэгъу­хэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къэралым зэрызащIигъакъуэм тепсэлъыхьащ Хъубий Марат.
- Иужьрей илъэсым ди къалэн нэхъыщхьэр дзэ Iуэху хэха щекIуэкI щIыналъэм щыIэ ди щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэ­хэмрэ защIэдгъэкъуэнырщ. Ар Урысей Федерацэм и Президентым къытхуищIауэ ди зэ­хуэдэ унафэщи, дзэ IуэхукIэ ­Украинэм щыIэхэм я унагъуэ­хэм сом мин 50 иратащ, уIэгъэ ­хъуахэм сом мини 100, 200, 300 хухах, фэбжьым и хьэлъагъым елъытауэ, хэкIуэдахэм я уна­гъуэм сом мелуан хуаутIыпщ. Ди щIалэхэр зыIут IэнатIэм къащы­хуэсэбэпыну Iэмэ­псы­мэ­хэмрэ техникэмкIэ къызэдогъэпэщ зэпымычу. Апхуэдэу, къэтщэ­хуащ квадрокоптер, теп­ловизор, щыкIыфIым деж нэхъыфIу уэзыгъэлъагъу Iэмэ­псымэхэр, нэгъуэщIхэри. Абы къищынэ­мы­щIауэ, ерыскъыпхъэрэ щыгъынрэ яхудогъашэ. Я уна­гъуэхэм мылъкукIэ за­щIыдо­гъакъуэ, дзэ Iуэхум зэ­рыхэтым папщIэ етт улахуэр ­хэ­дбжэркъым, социальнэ ахъ­шэу мазэ къэс иратыр щахуэдгъэувкIэ. Къэралым и Уна­фэ­щIым къызэрилъытэмкIэ, ахэр хэкум зэрыхуэлажьэм папщIэ гулъытэ щхьэхуэ яхуэфащэщи, зыхуэныкъуэ псомкIи защIыдогъакъуэ, - къыхигъэщащ Хъубийр къыщыпсэлъам.
КъулыкъущIэхэр зэIущIэш­хуэм щытепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэха Донбассым щегъэ­кIуэ­кIы­нымкIэ, а щIыналъэр хъу­мэ­нымкIэ УФ-м и Президент Путин Владимир иригъэкIуэкI политикэм ехьэлIауэ щIыпIэ­хэм щызэфIах лэжьыгъэм.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.03.2023 - 11:03

Щыпсэуа унэм и блыным

Кулиевым и цIэр зезыхьэ уэрамым и пэщIэдзэм деж гъубж махуэм цIыху гупыш­хуэ щызэхуэсат. Абыхэм яхэтт къулыкъущIэхэр, жу­р­налистхэр, Къардэн лъэп­­къым щыщхэр, нэ­гъуэщI­хэри.

24.03.2023 - 09:03

Къашыргъэ Мадинэ и пшыхь

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуа­пIэм иджыблагъэ щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм и япэ профессиональнэ пшынауэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Лъэпкъ творчествэм зэрызригъэужьым папщIэ Урысей Федерацэ

24.03.2023 - 09:03

Сабий тхылъым и тхьэмахуэр ирагъажьэ

Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм гъатхэпэм и 20-м къыщызэIуахащ Сабий тхы­лъым и тхьэмахуэ.

24.03.2023 - 09:03

Джатэм и щIагъи пэжыр щыжыIэ

Адыгэ сэшхуэм япэ ды­дэу щытетхыхьа зэманыр 1625 гъэм хуахь, шэрджэсхэм я Iэщэ-фащэм теухуауэ Джованни де Лукэ и Iуэху еплъыкIэр къыщигъэлъэгъуам.

23.03.2023 - 08:52

Узыншагъэр, егъэджэныгъэр...

КIуэкIуэ Казбек яхуэ­защ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм, лэжьакIуэ пэрытхэм.