Псым дызэхихыр пэж?

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщ­хьэм 1993 гъэм мазаем и 22-м ­иригъэкIуэкIа зэIущIэм къы­щащта унафэм ипкъ иткIэ, гъатхэпэм и 22-р Псым и дунейпсо ­махуэу ягъэуващ. 

Дэ языныкъуэхэм деж дегуп­сысыххэркъым псым ди гъащIэм щиубыд увыпIэр зыхуэдизым. Ди планетэр абы хущымыщIэу къыт­щыхъуми, абы щыщу узэфэ хъунур щIыналъэ куэдым щымащIэщ, цIыху меларди 2,5-м щIигъум зэ­рызагъэкъабзэ псыр дагъуэншэкъым. ЩIы Хъурейм гъащIэр щызэтезыIыгъэ а ткIуаткIуэ гъуэзэджэр ирикъуу къызыIэрыхьэхэри дегуп­сы­сыпхъэщ ар зэгъэзэхуауэ къэдгъэсэбэпын зэрыхуейм. АтIэми, а къэщIыгъэ телъыджэм хуэфащэ ­гулъытэ хуэтщIыфу пIэрэ?
Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къы­зэ­ралъытэмкIэ, ткIуаткIуэ къызэ-­ры­мыкIуэм и зэхэлъыкIэр куэду елъытащ абы бгъэдэт цIыхум зыхищIэ гурыгъу-гурыщIэмрэ гупсы­сэ­кIэу зэрихьэмрэ. Псым «зэхих» хъыбарыр, компьютерым ещхьу, игу иреубыдэ. 
«Псыр псэ хэлъхьэжщ», «Псыр псэм и зы ныкъуэщ» адыгэ пса­­лъэжь­хэр зэрызэпэджэжри нэ­ры­лъагъущ. Нобэрей щIэныгъэр зы­щыгъуазэр а жыIэкIэхэмкIэ нэхъ пасэу къэIуэта мыхъуауэ пIэрэ? 
- Псым «зэхих» хъыбарыр компьютерым ещхьу игу иреубыдэ. Мы ткIуаткIуэм и зэхэлъыкIэр телъыджащэщ. Абы и алыфбийм «дэла­жьэ» дэтхэнэми псалъэуха, зэры­хуейуэ, щыхуэтхыфынущ, ар нэ­гъуэщIкIэ, зэрегуакIуэуи, щыхузэ­хъуэкIынущ, - езым къихутахэмкIэ къыддогуашэ профессор Рустум Рой. 
Псым «псэ зэрыхэлъыр» зэхэзыгъэкIа япэ къэхутэныгъэ езыгъэ­кIуэкIауэ къалъытэр Японием щыщ щIэныгъэлI, доктор Мосару Эмотощ. Ауэ, къыжыIэпхъэщ, псым и щы­тыкIэр зэрызыхуэдгъазэм, ды­зэ­­рыхущытым зэрелъытар зэрыз­э­хэд­гъэкIыфын къэхутэныгъэ цIы­кIухэр тщыщ дэтхэнэми зэрыт­хуегъэкIуэкIынур. АбыкIэ щыхьэту къоув Волгоград щылажьэ психолог, зи ныбжьыр илъэс 64-м ит Гребень Маринэ. 
- Си щхьэкIэ згъэунэхуащ псым зэ­рызыхуэбгъазэ гупсысэмрэ псалъэмрэ зэрызыдищIыр, - жеIэр абы. - Сыт сэ сщIар? ЯпэщIыкIэ ­         псы къызэрыгуэкI IэгубжьэкIэ къы­щIэзгъахъуэри сефащ, IэфIагъ, гуэкIуагъ и лъэныкъуэкIэ иужьым зэрызихъуэжыр зэхэзгъэкIын мурадыр сиIэу. ИтIанэ ар IэгуфитIым изубыдэри, зэрысхузэфIэкIкIэ сеубзэрабзэу, дахэ жесIэу щIэздзащ. 
Гребень Маринэ къызэриIуэтэ­жым­кIэ, ар егупсысырт псым псэ зэрыIутым, акъыл зыбгъэдэлъ къэ­щIыгъэ телъыджащэу ар зэры­щы­тым, езым и Iэпкълъэпкъым щыщу процент 80-м нэблагъэр а ткIуат-кIуэ телъыджэмкIэ зэрызэхэухуэнам, IэгуфитIым щызэщIиIыгъэр ЩIы Хъурейм цIыхуу тетым зэриблагъэм, нэгъуэщIхэми. 
- Арыххэти, псым ехьэлIауэ си гум IэфIагъэ мыухыжым зыкъы­щы­зэ­щIиIэтащ, - къыпещэ Маринэ и гукъэкIыжхэм. - Дахэ зыхужысIа       псым сыхуэсакъыпэурэ сеIубащ. Телъыджащэщ, ауэ етIуанэу сызэфа псыр япэрейм «IэфIагъ» и лъэ­ныкъуэкIэ хуабжьу къыщ­хьэ­щыкIырт - сызэрепсэлъамрэ сы­зэрыхущытамрэ зыкъыдигъэзат. Ари и щыхьэту къэслъытащ доктор Мосару Эмото дуней псор щы­гъуазэ зыхуищIар зэрыщыпкъэм. 
ЦIыхум и гурыщIэр, и гупсысэр зыхуэдэр псым зэрызыхищIэр къэ­зыгъэлъагъуэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIащ профессор Коротков Константин и лъэщапIэми.  Псы зэрыт хьэкъущыкъур къэзыувыхьа гупым хэтхэр лъагъуныгъэм, гу щабагъэм, къабзагъэм ехьэлIа гупсысэхэр зэрахузэфIэкIкIэ я щхьэм щаIыгъыну хущIэкъуащ. Псыр яхъуэжри, гупсысэхэр шынагъэм, лъагъумыхъуныгъэм, зэуэ­ным хущIэкъухэмкIэ зэблахъуащ. ТкIуаткIуэ лIэужьыгъуитIри зэщIа­гъэ­щтыхьащ, молекулэхэм я зэхэлъыкIэр IупщI къащIын му­радкIэ. «ФIыщIэ пхузощI», «къыс­хуэгъэгъу» псалъэхэр зыжраIа псым и молекулэхэр тхыпхъэщIыпхъэ дэхащэу зэхэуващ. «Си гур пщыкIащ» дыджыгъэр зрапэса псым и кластерхэр микроскопкIэ щызэпаплъыхьым, ахэр нэджэIу­джэ дыдэу къыщIэкIащ.
1995 гъэм Мосару Эмото мурад ищIащ псыр макъамэ зэ­мылIэу­жьыгъуэхэм щIигъэдэIуну. Макъамэр зэриухыу, псыр игъэщтурэ, абы къыщыунэхуа кристал-лхэр мик­роскопкIэ зэпиплъыхьыжати, Бах, Моцарт, Бетховен сымэ я IэдакъэщIэкIхэм псым теплъэ­гъуэ дахэхэр къыхищIыкIащ, ауэ рок хьэлъэм кристаллхэр зэ­Iи­щIащ. 
- Гупсысэ Iей и акъылым щызы­хъумэ цIыхур и Iэпкълъэпкъым хэт псыращ псом япэу зэгуауэри, мыфэмыцыгъэм телэжьэн хуэдэу зэтриухуэри. Аращ уи гум фIы   ибгъэлъыху щIэнэхъыфIри. Къы­зэ­рыщIэкIымкIэ, гулъытэншагъэрщ псым и ухуэкIэр нэхъ Iеижу зэтезыкъутэр. Ари и зы щхьэусыгъуэщ ­сабийхэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэм-рэ зэпымыууэ едэхэщIэн, макъ ­щабэкIэ епсэлъэн щIыхуейм, - зэтохуэ жаIэхэр щIэныгъэлIхэу Мосару Эмоторэ Грубер Аллоисрэ. 
А псом уедэIуа иужькIэ, ди псы­ежэххэм яIэ хъуа щытыкIэм ди­мыгъэгузэвэн тлъэкIыркъым. Ахэр пхъэнкIий идзыпIэ зэращIыжам дызыхуишэнур сыту пIэрэ, псыр ДыкъэзыгъэщIам и компьютермэ?.. 
АтIэ сыт Псым и махуэр зыхуэ-гъэзар? ЩIыуэпсым ехьэлIа ад­рейхэми хуэдэу, ар зэгъэщIылIар мы IэнатIэм щыщыIэ къалэн ткIийхэр зэфIэгъэкIын зэрыхуейм жы­лагъуэм гу лъегъэтэнырщ. Мыбдеж зыщиплъэфыхьрэ зэман ­дэбгъэкIмэ, дунейпсо цIы­хубэм гузэвэгъуэшхуэ къызэрылъэIэсынум шэч къытехьэгъуейщ. Ауэ щыхъукIи, щIыуэпсыр хъумэныр, егъэ­фIэкIуэныр къэрал псоми я уна­фэщIхэми абыхэм щыпсэу цIыхухэми я зэхуэдэ къалэнщ. Аращ зы­хуэгъэзар Псым и махуэу гъатхэпэм и 22-м ягъэлъапIэри.

  ЛУЦЭ СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.03.2023 - 12:35

ТХАБ – ТХЬЭБЭ - ТХЫБЭ

А цIэр зэрехьэ Геленджик («Хъулъыжъый», зэпкърыпхмэ: «хъулъэ» - хъупIэ, «жъый» - цIыкIу) къалэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщхьэщыт лъагапIэм.

26.03.2023 - 09:25

КЪАРУ ЩАБЭ ЗЫХЭЛЪ СУРЭТХЭР

Жэбалы Заирэ зи лэжьыгъэхэм псэм зыдащI сурэтыщI ныбжьыщIэщ. Абы щIэщыгъуэ къыхелъагъукIыф дунейм. И сурэтхэр къыхех щIыуэпсым, къаIэпех къуалэбзухэм, къахегъуатэ къэкIыгъэхэм.

26.03.2023 - 09:25

КЪАРУУШХУЭ ТЕКIУАДЭМИ

Шэрэдж псыхъуэм лъэныкъуитIымкIи декIуэкI автомобиль зекIуапIэхэр, Урвань (Аруан) – Уштулу федеральнэ мыхьэнэ зиIэмрэ  Старэ Шэрэдж – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу гъуэгумрэ, зэпызыщIэ Iыхьэу ГЭС-хэм я щхь

25.03.2023 - 10:05

ШКОЛАКIУЭХЭМ ПАПЩIЭ БЖЭ ЗЭIУХА

«Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу Ведомствэм щIэмыт Бахъсэн къудамэм и лэжьакIуэхэм Бжэ зэIухам и махуэ драгъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ школым и кадет классым щеджэхэм. 

25.03.2023 - 09:25

ЦIЫХУ ГЪАЩIЭР КЪЕГЪЭЛЫНЫР ЛЪАПIЭНЫГЪЭЩ

Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм даIыгъащ «Лъы тыи, цIыхур къегъэл» Iуэхур.