ЩIым хуагъадэ планетэ

 Дыгъэм къедза Iэхэлъахэм зэрыпыIудза щымы­Iэу, и инагъкIэ ЩIым хуа­гъадэ уафэщI гъэщIэгъуэн астрономхэм, аргуэ­рых­хэти, къахутащ. 

Уахэм кIэлъыплъынымкIэ США-м щыIэ НАСА IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм, хьэршырыкIуэ спутникхэу «Кеплер», «TESS» зи фIэщыгъэхэм ярыт Iэмэ­псымэхэр къагъэсэ­бэп­кIэрэ, нэхум зэрызидз псынщIагъэ и лъэныкъуэкIэ къэдбжмэ, дызэгъэщIылIа Дыгъэм илъэс 70-кIэ пэжыжьэ щIыпIэм деж къыщахутащ, и инагъ-и хьэлъагъым тетщIыхьмэ, дызы­тепсэукI ЩIым хуагъадэ планетэ. 
K2-415b нагъыщэр зрата уафэщIым и хьэлъагъыр, къызэрапщытамкIэ, я нэхъ мащIэр арауэ, ЩIым къи­шэчым нэхърэ хуэди 3-кIэ нэхъыбэщ.
 Ди планетэр увыIэгъуэ имыIэу къэзылъэтыхь «Кеплер» кхъуафэм ирагъэувауэ щыта IэмэпсымэхэмкIэ мы зэманым ирихьэлIэу къа­хута экзопланетэхэм (гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зы­хуагъэфащэхэм) я бжыгъэр 2600-м щхьэдэхащ.
TESS-м и гугъу тщIымэ, абы ит Iэмэпсымэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ кIэлъоплъ Дыгъэм зэрыпэжыжьэ щы­мыIэу къалъыта вагъуэ нэхъ зэщIэпщIыпщIэхэм ящыщу мин 200-м нэблагъэм. Абыхэм я Iэхэлъахэм щыIэу НАСА-м и IэщIагъэлIхэм ­къахута уафэщIхэм я гугъу тщIымэ, ящыщ мини 3-м нэблагъэр, я нэхъ мащIэрауэ, экзопланетэу къабжащ.
Къыхэдгъэщынщи, зи ­гугъу тщIы вагъуэ зэры­бы­ным щхьэхуэу кIэлъыплъащ Японием Гугъэ уэзыгъэщI къэхутэныгъэхэр щегъэ­кIуэкIынымкIэ университет нэхъыщхьэу щыIэм щы­лажьэ астрономхэу Хирано Теруюки зи пашэхэр. 
А щIэныгъэлIхэри щыхьэт техъуащ Америкэм TESS хьэршырыкIуэ и кхъуафэм К2-415 вагъуэ цIыкIужьейм деж гу зыщылъита К2 уафэщIым къызэрыщилъэтыхьым. Япон астрономхэми зэрыжаIэмкIэ, зи гугъу ящI планетэм и зэпрыупIэр ЩIы Хъурейм ейм нэхърэ хуэдэ 1,015-кIэщ зэрынэхъ иныр, къишэчри хуэди 3-кIэ нэхъыбэщ.
КъэралитIми я астроном­хэм къызэрыхагъэщащи, зыкIэлъыплъа вагъуэ­хэмрэ абыхэм къедза уафэщI­хэмрэ, адрейхэм елъытауэ, дыщыпсэум зэрыпэ­мы­жы­жьэм къыхэкIыу, къэхутэныгъэхэр зэман гъунэгъум ­къриубыдэу нэхъри зыдегъэкIуэкIыпхъэщ.    

 КЪУМАХУЭ  Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.

07.10.2026 - 09:03

ФIым ухуэлъащэмэ, фIым ухуэкIуэнщ

Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ ­химиемрэ биологиемкIэ ­егъэ­джакIуэ, Бахъсэн ­щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк ­(Ты­жьей) къуажэм  ­къы­­­щалъхуа, республикэм Егъэ­­джэныгъэмкIэ и министерствэм

07.10.2026 - 09:03

И гуащIэм щыгуфIыкIыу

Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ.