Усыгъэр зыхащIэу

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэ­гъуапIэм ще­кIуэ­кIащ Тхылъеджэхэм я зэгухьэныгъэм илъэс къэс къызэригъэпэщ «Ди псалъэр къызэрыIужыр» рес­­публикэ зэпеуэм и «Ху­дожественнэ псалъэ» Iы­хьэр. Ар тхакIуэ-уса­кIуэ­­хэу Тхьэзэплъ Хьэсэн, Чипчиков Борис, Яро­польский Георгий сымэ я фэеплъу щытащ, апхуэ­дэуи, мы гъэм зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу Джэдгъэф Борисрэ До­дуев Ас­кэррэ я усэ­хэми траухуащ. 

Мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм я мурадыр сабийхэмрэ ныбжьы­щIэ­хэм­рэ республикэм и тхакIуэ, усакIуэ пажэхэм я тхыгъэхэм дегъэхьэхыныр, литературэр фIыуэ егъэлъагъуныр, усыгъэм и фIыпIэр къегъэщIэныр, бзэхэр гъэ­лэжьэныр аращ. Зэпеуэм хэтащ ныбжьыщIэ 65-рэ. Ахэр усэ е тхыгъэ пычы­гъуэхэм къеджащ адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи, уры­сыбзэкIи. НыбжькIэ гупищу гуэшауэ щытащ: нэхъыщIэхэр, курытхэр, нэхъыжьхэр. 
- Ди гуапэщ илъэс къэс ди зэпеуэм къыхыхьэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр. Бжыгъэм хэхъуэ къудей мыхъуу, сабийхэм псалъэм и къарур къазэрыгурыIуэр, я усэ къеджэкIэр, утыку итыкIэр ефIэкIуащ. ДиIэщ илъэс къэс зэпеуэм хэтхэр, нэхъыщIэ дыдэхэм я деж къыщыщIадзэу нэхъ ба­лигъ­хэм я зэпеуэм нэсахэр. Нобэ екIуэкI кIэух зэпеуэм хэт цIыху 65-р къахэтхащ гупыж зыщIа цIыхуи 140-м. ЦIыкIухэм я зэ­фIэкIым кIэ­лъыплъ къэп­щытакIуэ гу­пым я пщэ къыдохуэ къалэнышхуэ. Сыту жыпIэмэ, тыншкъым ди сабийхэм фIым я фIыжыр къахэпхыну! - жиIащ Iуэ­-хум и къызэгъэпэщакIуэ, ­КъБР-м и Тхылъеджэхэм я зэгухьэ­ныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье. 
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Беппаев МутIалип, КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Додуев Аскэр, «Солнышко» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ Щомахуэ Дарье, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэ­жьакIуэ Гугъуэт Заремэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и корреспондент Мазуренкэ Маринэ, «Горянка» газетым и журналист Шэрдан Ли­лианэ сымэ. Абыхэм къапщытащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ гъэхуауэ усэ къызэреджэр, я бзэм и къа­бзагъыр, утыкум зэритыр, къызэджэм халъхьэ щIэ­щыгъуагъыр. Тхьэ­зэплъ Хьэсэн, Яропольс­кий Георгий сымэ я уна­гъуэхэм усэ къеджа ныбжьыщIэхэм усакIуэхэм я тхылъ иратащ. 
НэхъыщIэ дыдэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Бэрэгъун Заур. Бауаев Амин - етIуанэ, Кудаев Кям­ран - ещанэ хъуащ. Тхьэ­зэплъ Хьэсэн и уна­гъуэм къыбгъэдэкIыу тыгъэ хуагъэфэщащ Бэший Саидэ. Курытхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщахьащ ­Темукуевэ Джамилэрэ ­Шапошниковэ Аннэрэ. ЕтIуа­­нэ хъуахэщ Жемгуразовэ Евэ, Радостевэ Варварэ, Хьэжь Илинэ, Узденовэ Азизэ сымэ. Ещанэр ­ялъысащ Гемуевэ Надия, ­Къущхьэ Надар, Жыгун Iэлисэхь, Теппеевэ Даринэ сымэ. Нэхъыжьхэм я деж текIуэныгъэ къыщихьащ Ныбэжь Малик. ЕтIуанэр ялъысащ Бэгъуэт Амелие­рэ Кудаев Муратрэ. Ещанэ хъуащ Хьэткъут Азнаур. Бзэр зэригъэшэ­рыуэм, утыкум зэритым елъытауэ къахэжаныкIахэми тыгъэ щхьэхуэхэр хуа­щIащ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.