Зэманым поджэж

КъБР-м и Къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ ягъэдахэу зэIузэпэщ ящIа утыкум къращIыхьа галереем щагъэлъагъуэ дагъыстэн художник, скульптор Закарьяев Закарья и лэжьыгъэ 80-м нэблагъэ. 

«Треш-Ток» зыфIаща выставкэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр къызэ­ры­мыкIуэу щIэщыгъуэщ. Художникым и IэдакъэщIэкIхэр дызэса гъуазджэ лэжьыгъэхэм къащхьэщызыгъэкIыр абы ди пащхьэм щигъэлъагъуэ цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ щищIым компьютер клавишэхэмрэ кIапсэ­хэмрэ къызэригъэсэбэпарщ. Закарьяев Закарья «къыджеIэ» иджы­рей цIыхухэр дунейпсо бэджыхъым зэрызэщIищтар. 
- Мы лэжьыгъэхэм илъэсищкIэ я ужь ситащ. Выставкэм щызгъэлъа­гъуэ си IэдакъэщIэкIхэмкIэ нэхъы­щ­хьэу гу зылъывэзгъэтэнур бжыгъэхэм я зэманым цIыхухэмрэ абы я зэхущытыкIэхэмрэ ягъуэта зэхъуэ­кIы­ныгъэхэрщ, - жеIэ Закарья. - Скульптурэ, графикэ лэжьыгъэхэр пенопластрэ пеноплекскIэ сщIащ икIи ахэр компьютер клавишэхэмрэ кIа­псэ­хэмкIэ «къэсщIыхьыжащ». Налшык къалэм сыкъызэревгъэблэгъар си ­гуапэщ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэ­зыгъэ­пэ­щахэмрэ абы къекIуэлIахэмрэ фIыщIэ фхузощI!
«Треш-Ток» Iуэхум хыхьэ лэжьыгъэ 80-р щищIым сурэтыщIым клавиатурэ минрэ ныкъуэм щIигъу къигъэсэбэпащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэ зы скульптурэм клавиатурэ 15 - 30 ехь. Дуней псом и щIыналъэ­хэм щыщхэр художникым клавиатурэкIэ къызэрыхуэупсам и Iуэхур къыщигъэпсынщIащ. 
Закарьяевым къызэрилъытэмкIэ, дунейпсо бэджыхъым зэщIищта цIыхухэр есэжауэ зэпэIэщIэу зэрызэ­псалъэм къыхэкIыу, я гъащIэр компьютер клавишэхэм къыгуэхыпIэ имыIэу хъуащ. ЖыпIэнуракъэ, я акъы­лым, Iэпкълъэпкъым щыщ ­хъуащ. Апхуэдэми, ноутбукхэр, компьютерхэр, компьютер клавишэхэр кIэ­рыхубжьэрыхухэм хэлъщ е шкафхэм сабэ хъужауэ дэлъщ. Зы лъэны­къуэкIэ уеплъмэ, выставкэр зытращIыкIыжар дэращ, бжыгъэхэм я зэманым псэу цIыхухэрщ. Зэрыт­щIэщи, социальнэ сайтхэм цIыхухэм зрагъэхъуэж. Художникым и лэжьыгъэхэр дызыщIэзыгъэгупсысыжщ, цIыху­хэм­рэ Iэмэпсымэхэмрэ зэрызэ­хущыт и лъэныкъуэкIэ. 
- Выставкэм щагъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр гъэщIэгъуэныщэщ, уеплъыхукIэ щIэ гуэрхэр хэплъагъуэу, - жиIащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым ­Руслан. 
- Лэжьыгъэхэр сигу дыхьащ, щIэ­щыгъуэщ! Нобэрей зэманым йокIу. Си лэжьыгъэкIэ щIыналъэ куэдым сыкIуэн хуей мэхъури, гу лъыстащ Лондон, Париж, Нью-Йорк жыпIэми, дуней псом и сыт хуэдэ утыкуи ахэр къыщипхьэ зэрыхъунум, - жеIэ арджэныщI цIэрыIуэ Мэзло Руслан. - Скульптурэ теплъэхэр къыптехьэлъэркъым, тыншщ. СурэтыщIым и лэжьыгъэм фIыуэ зэрыхищIыкIым и нэщэнэщ ар. Клавиатурэ кнопкэрэ кIапсэрэщ къигъэсэбэпыр, ауэ а лэжьыгъэхэм гупсысэ куу ящIэлъщ. Апхуэдэ выставкэ щIэщыгъуэхэр ди къалэм нэхъыбэу щагъэлъагъуэмэ, насыпышхуэщ! 
Закарьяев Закарья дагъыстэн художникщ. Ар Мэхъэчкъалэ щопсэу икIи щолажьэ. И лэжьыгъэхэр ща­хъумэ Урысейм, Китайм, Тыркум, Словакием, Боснием, Герцеговинэм, Азербайджаным.
Гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым къызэригъэпэщащ, Налшык къалэ администрацэр и дэIэпыкъуэгъуу. Выставкэр гъатхэпэм и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.