Быф Анатолэ къратащ Къэрал Думэм и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр

Урысей Федерацэм законхэр къыдэгъэ­кIынымрэ парламентаризмэм зыщегъэу­жьы­нымкIэ бгъэдэлъ фIы­щIэм папщIэ Парламентым и ищхъэрэ палатэм и спикер Во­лодин Владимир Къэ­бэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ли­кэм, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэр­­джэс Республикэм къабгъэдэкIыу Къэрал Думэм и депутату ­       хаха, Мылъкум, щIым, мылъку зэхущыты­кIэ­хэм я IуэхукIэ Къэрал Думэм и комитетым хэт Быф Анатолэ къритащ Къэрал Думэм и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр.
Къэрал Думэм и Уна­фэщIым и ФIыщIэ тхы­лъыр лэжьыгъэм къы­зэ­рыщыхэжаныкIам и щыхьэт ведомствэ дамыгъэщ икIи ар ират Къэрал Думэм законхэр къыдэгъэкIынымкIэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, Урысей Федерацэм парламентаризмэм зыщегъэужьыным хэхауэ къыщыхэжа­ны­кIахэм.
Быф А. Ж. нэхъ япэкIэ, 2019 гъэм, къы­хуагъэфэщауэ щытащ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и ЩIыхь тхылъыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.