Къуажэдэсхэм хуащI гулъытэм хохъуэ

Иужьрей махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек муниципальнэ щIыналъэ зыбжанэ къызэхикIухьащ икIи абыхэм хиубыдэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм, лэжьакIуэ пэ­рытхэм яхуэзащ. ЗэIущIэхэм къыщапщытэжащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ иужь­рей илъэсхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэмрэ зэман гъунэгъум къриубыдэу къэув къалэнхэмрэ.

Бахъсэн
муниципальнэ щIыналъэм

ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «Къэбэрдей-Балъкъэрым, Бахъсэн районым щыщу дзэ операцэ ­хэхар егъэкIуэкIыным пыщIахэм я къалэнхэр щIыхь пылъу ягъэзащIэ. Сэ а щIалэхэм си щхьэкIэ сахуозэ икIи ахэр зыгъэса щIыналъэм, адэ-анэм яхуэгъэзауэ командирхэм жаIэ фIыщIэ псалъэхэр зэхызох.» Дзэм иджыпсту къулыкъу щызыщIэхэм, абыхэм я унагъуэхэм яхуэфэщэн гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ республикэм и Iэтащхьэм райо­ным щыпсэухэм фIыщIэ яхуи­щIащ. Абы къыхигъэщхьэхукIащ апхуэдэ лэжьыгъэр къэбгъэтIасхъэ зэрымыхъунур.
Бахъсэн муниципальнэ рай­о­ным къэкIуэну зэман гъунэ­гъум къыпэщыт къалэнхэм щы­теп­сэлъыхьым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ: «Дэ къуа­жэ щIыналъэхэм зэрызаужьыр щIэдгъэхуэбжьэну, абыхэм лэ­жьапIэ IэнатIэщIэхэр къыщы­зэдгъэпэщыну къытпэщытщ. Урысейм и Президентым ди пщэ къызэрырилъхьам тету, иджыпсту 2023 гъэм едгъэ­кIуэкIыну лэжьыгъэхэр дгъэтэ­мэмыжыну Iэмал диIэщ».
Бахъсэн муниципальнэ рай­оным и щIыналъэ админист­рацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур зэIущIэм хэтахэр щыгъуа­зэ ищIащ иужьрей илъэсищым екIуэкIа лэжьыгъэхэм. А зэманым Куба къуажэм школыщIэ дащIыхьащ, нэхъ япэIуэкIэ Хьэ­тIохъущыкъуей къуажэм щэнхабзэмкIэ унэ, Псыхъурей къуа­жэм узыншагъэр щрагъэ­фIа­кIуэ физкультурэ комплекс къыщызэIуахащ, Къулъкъужын Ищ­хъэрэ къуажэм гъуазджэмкIэ и сабий школыр къагъэ­щIэрэщIэжащ. Апхуэдэу щэнхабзэкIэ унэу 7, школхэм я спорт залу 10 зэрагъэпэщыжащ, зи ныбжьыр илъэси 3-м щIимы­гъуа сабийхэр щагъэсэну IуэхущIапIэу 5 къызэIуахащ. Гулъытэ хэха хуащIащ жылагъуэхэр зэ­фэну псыкIэ къызэрызэрагъэ­пэщыр егъэфIэкIуэным. Псы зрикIуэ бжьамийуэ зэрахъуэкIахэр, щIэуэ яукъуэдияхэр километр 55,5-рэ мэхъу.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къигъэлъэгъуащ 2023 - 2024 гъэхэм зэфIагъэкIыну зыщыгугъ Iуэху нэхъыщхьэхэри. Абыхэм япкъ иткIэ щIэгъэхуэбжьауэ елэжьынущ цIыхухэм я псэукIэр егъэ­фIэкIуэныр нэхъыбэу зэлъыта IэнатIэхэм я инфраструктурэм зегъэужьыным. Псыхъурей къуа­жэм щэнхабзэкIэ унэ къыщрагъэжьэнущ, псыр бжьамийкIэ щызэбграшынущ, сабий садыр капитальнэу щызэра­гъэ­пэ­щыжынущ. Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIынущ Ислъэмей къуажэм дэт щэнхабзэкIэ унэми. Узыншагъэр хъу­мэным и пэублэ IэнатIэр къэ-­
гъэщIэрэщIэжынымкIэ прог­раммэм хиубыдэу Къулъкъу­жын Ипщэ къуажэм и амбулаторэр зыхуей хуагъэзэнущ, ­Куба-Таба къуажэм апхуэдэ IуэхущIапIэщIэ дащIыхьынущ. Зэман кIэщIым къриубыдэу хьэзыр хъун хуейщ Куба къуа­жэм щащI амбулаторэр.
Гъуэгу лэжьыгъэхэм хиубыдэу мыгувэу зэфIагъэкIын хуейщ Зеикъуэ - Туфкарьер - Дыгъэ­мыхъуэ автомобиль гъуэгум ­хиубыдэу Бахъсэн псым телъ лъэмыжыр зэгъэпэщыжыныр. Ислъэмей къуажэм Чыпым и цIэр зезыхьэ уэрамдыхьэр егъэ­фIэ­кIуэныр. Апхуэдэу Псыхъурей Къатхъэным и цIэр зезыхьэ и уэрамым лъэс зекIуапIэ щау­къуэдиинущ, Куба-Таба - Къулъкъужын Ипщэ, Куба - Псыхъурей - Крем-Константиновскэ автомобиль гъуэгухэр техникэ мар­дэхэм къикIыу зэрагъэпэ­щыжынущ. Мыгувэу Бахъсэн районым и жылагъуэ зыбжанэ псыкIэ къызэзыгъэпэщыну ухуэныгъэм щIадзэнущ, Куба къуажэм и псы къыщIэшыпIэр хьэзыр ящIынущ, Къулъкъужын Ипщэмрэ Къулъкъужын Ищхъэрэмрэ псы къабзэкIэ къызэ­зыгъэпэщ бжьамийхэр зыхуей хуагъэзэнущ.

Май муниципальнэ
щIыналъэм

Зи чэзу Iуэхухэм ятеухуа псалъэмакъым ипэ къихуэу КIуэкIуэ Казбек Май районым исхэм фIыщIэ яхуищIащ дзэ операцэ хэхар езыгъэкIуэкI зауэлIхэм, абыхэм я унагъуэхэм яхуэфэщэн гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ. «ЗэщIыгъуу евгъэкIуэкI апхуэдэ лэжьыгъэм ди щIалэхэм папщIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ахэр цIыхухэм я псэукIэ тэмэмым щIобэн икIи абыхэм текIуэныгъэ къызэрахьынум шэч къытетхьэркъым. Хэку зауэшхуэм хэта ди адэшхуэхэми хуэдэу, а щIалэхэм ди къэралым и къэкIуэнур яхъумэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. Абы къыхигъэщхьэхукIащ псом хуэмыдэу нобэ дзэм щыIэхэм я унагъуэхэм защIэгъэкъуэныр нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр.
Май муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Саенкэ Татьянэ ищIа докладым зэпкърыхауэ къыщигъэлъэгъуащ щIыналъэм ще­кIуэкI лэжьыгъэхэр. Муниципалитетым и зэфIэкIыр хуеунэтI лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, щIыналъэ программэхэр гъэзэ­щIэным. Абыхэм я фIыщIэкIэ щIэгъэхуэбжьауэ заужь со­циаль­нэ IэнатIэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм. Иужьрей илъэси­щым къриубыдэу мы щIыналъэм сабийуэ 120-рэ зэкIуалIэ сад, зи ныбжьыр илъэсищым щIимы­гъуахэм ящыщу дэтхэнэми 40 зэкIуэлIэну IуэхущIапIэу тIу, стадион, спортым дихьэххэм пап­щIэ гъуэ зэмылIэужьы­гъуэхэр, Май къалэм, Ново-Ивановскэ къуажэм я школхэм пап­щIэ спорткомплексхэр, Октя­брьскэ къуажэм, Майскэ къалэм щыщу унэ кхъахэхэм щы­псэухэм папщIэ фэтэр куэд хъу унэу щы къызэIуахащ. Капитальнэу зэ­рагъэпэщыжащ Майскэ къалэм и курыт еджапIэу тIу, Ново-Ивановскэ къуажэмрэ Александровскэ станицэмрэ щэнхабзэмкIэ унэхэр, Котляревскэ станицэм гъуазджэмкIэ и сабий школыр, район сымаджэщым и сабий поликлиникэр. УнафэщI­хэм я нэIэ трагъэтщ инфраструктурэ зыужьыныгъэм. Зы суткэм псы фIейуэ ­кубометр 2500-рэ зыгъэкъабзэ IуэхущIапIэщIэ Майскэ къалэм къыщызэIуахащ, Майскэ къалэмрэ Александровскэ станицэмрэ я хьэблэ щхьэхуэ­хэм псы зрикIуэ бжьамийуэ километри 10,3-рэ щаукъуэдиящ. ЦIыхухэр унэ ныкъуэкъутэхэм къыщIэ­гъэIэпхъу­кIынымкIэ программэм ипкъ иткIэ псэупIэ­щIэхэр иратащ фэтэр куэд хъу унэу ­15-м щIэсахэм. Фэтэр куэд хъу унэу 18 зэра­гъэпэ­щыжащ, хьэб­лэ щхьэ­хуэ­хэм хиубыдэ пщIантIэу 44-рэ, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэу 11 зэIузэпэщ ящIащ. Районым и гъуэгухэм ящыщу километр 60-м щIигъу зэрагъэпэщыжащ, километри 10-м уэздыгъэхэр щы­фIадзащ.
ДызыхуэкIуэ илъэситIым ­къриубыдэу техникэ мардэхэм къезэгъыу зэрагъэпэщыжынущ Майскэ - Заречнэ - Ново-Ивановскэ автомобиль гъуэгумрэ абы телъ лъэмыжымрэ, апхуэ­дэу Право - Урванскэ - Красная Поляна, Ново-Ивановскэ къуа­жэхэм дыхьэ гъуэгухэр. Ухуа­кIуэхэм къапэщытщ Майскэ ­къалэмрэ Александровскэ станицэмрэ я школыщIэхэр, Октябрьскэ къуажэм и фельдшер-акушер пунктыр кърагъэжьэну, районым и школхэм ящыщу тху капитальнэу зэрагъэпэщыжыну. Иджыпсту цIыхухэр щIэс мыхъужыну къалъытауэ фэтэр куэд зыхэт унитху районым щыIэщи, абыхэм щыпсэу уна­гъуэхэр ягъэIэпхъуэну къапэ­щытщ. Апхуэдэу зыщагъэ­гъупщэркъым жылагъуэ щIыналъэхэр, фэтэр куэд хъу унэхэм я пщIантIэхэр зэIузэпэщ ящIын, псы зрикIуэ бжьамийхэр къэгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейр.
ЗэIущIэм къызэрыщагъэлъэгъуамкIэ, Май муниципальнэ районым и щIыналъэм иджыпсту щолэжь инвестицэ проект ину 7-м. Абыхэм ящыщщ былы­мылымрэ джэдкъазылымрэ елэ­жьыну IуэхущIапIэр, Iэщ комплексыр, бдзэжьейр щагъэхъуну хозяйствэр. Апхуэдэу ­утыку кърахьащ щIалэгъуалэ центр къызэгъэпэщыным, спортым и инфраструктурэм зегъэу­жьы­­ным, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр къэгъэщIэрэщIэ­жы­ным, бюджет IэнатIэм щыла­жьэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным пыщIа Iуэхухэр.

Аруан муниципальнэ щIыналъэм

ЗэIущIэм и пэщIэдзэм КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуныр иджыпсту нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр. Республикэм и Iэтащхьэм Аруан районым исхэм фIыщIэ яхуищIащ а Iуэхум и лъэныкъуэкIэ жыджэ­рагъ къызэрагъэлъагъуэм, хахуэу зи къалэнхэр езыхьэкI икIи Урысейм и суверенитетыр зы­хъумэ щIалэхэм гулъытэ хэха зэры­хуащIым папщIэ.
Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэ­нымкIэ иужьрей илъэсищым зэфIагъэкIахэмрэ 2023 - 2024 гъэхэм къапэщытхэмрэ щы­зэпкъ­рахым КIуэкIуэ Казбек къыхилъхьащ 2024 гъэм и проектхэр нэхъ пасэу гъэзэщIэным пыщIауэ УФ-м и Президент Путин Владимир утыку кърихьа жэрдэмыр къэлъытауэ, а лъэхъэнэм тещIыхьа лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIыну пIалъэхэр ягъэтэмэмыжыну.
Районым щекIуэкI лэжьыгъэхэр зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ Аруан муниципальнэ рай­оным и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Ажий Валерэ. Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ Псынабэрэ Нарткъалэрэ школ унэщIэхэр, Шэрэдж Ищхъэрэ амбулаторэ щыщIыныр. Ухуа­кIуэхэм къапэщытщ курыт еджапIэу 9, амбулаторэу 3 капитальнэу зэрагъэпэщыжыну. Мы илъэсым къриубыдэу къызыхуэ­тыншэу зыхуей хуагъэзэнущ ­район сымаджэщым и поликлиникэр. Къуажитхум дащIыхьынущ ГТО-м и мардэхэр тыным зыщыхуагъасэ гъуэхэр. Нарт­къа­лэ щIалэгъуалэ центр къы­щы­зэ­Iуахынущ. Апхуэдэу къалэ паркыр, пщIантIэхэм ящыщ куэд зэIузэпэщ ящIынущ. ЦIыху­хэм я зыгъэпсэхупIэхэр къы­щызэрагъэпэщынущ Шэрэдж Ищхъэрэмрэ Мэрзэхъурэ.
Ажий Валерэ зэIущIэм хэтахэр щыгъуазэ ищIащ блэкIа илъэсхэм ялэжьа Iуэху нэхъы­щ­хьэхэм. Абыхэм ящыщщ сабийуэ 500 зэкIуэлIэну курыт школ нэгъабэ Нарткъалэ къызэ­рыщызэIуахар. Илъэсищым ­къриубыдэу районым щIэуэ щащIащ е щызэрагъэпэщыжащ щэнхабзэм и IуэхущIапIэу 7, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм папщIэ IуэхущIапIэу 3, курыт еджапIэу 5, спорт залу 7. Къэна адрей школхэри ягъэува пIалъэхэм нэхърэ нэхъ пасэу зэгъэпэщыжын яухынущ. А зэман дыдэм къриубыдэу щыIэ мардэхэм къезэгъыу зэрагъэпэщыжащ автомобиль гъуэгуу километр 50. КъэкIуэну илъэситIым къриубыдэу зыхуей хуагъэзэнущ Налшык - Майскэ, Старэ Шэрэдж - Чернэ Речкэ, Нарт­къалэ - Къэхъун - Правоурванс­кэ автомобиль гъуэгухэр, Старэ Шэрэдж, Чернэ Речкэ, Мэр­зэхъу, Шытхьэлэ къуажэхэм я дыхьэпIэхэр, апхуэдэу Нарт­къалэ и Къэбэрдей уэрамыр.
Республикэм и Iэтащхьэр Ар­уан районым и жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм ечэнджэщащ дзэм иджыпсту щыIэхэм я унагъуэ­хэм защIэгъэкъуэным, мэкъу­мэш хозяйствэм, гъуэгухэм зегъэужьыным, псы зрикIуэ бжьамийхэр зэхъуэкIыным, бюджет IэнатIэм щылажьэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным пыщIа IуэхухэмкIэ. А махуэм зэIущIэм къыщы­псэлъахэм къыхалъхьа псори республикэм зыхуэфащэ и Iуэху­щIапIэхэм щызэпкърахынурэ, ахэр гъэзэщIэнымкIэ хэ­кIыпIэхэр яубзыхунущ.

Шэрэдж
муниципальнэ щIыналъэм

Къэщкъэтау поселкэм щекIуэ­кIа зэIущIэм и пэщIэдзэм КIуэ­кIуэ Казбек къыщыхигъэщхьэ­хукIащ районым исхэм граждан зэхэщIыкI лъагэ зэрахэлъыр икIи къэралым и шынагъуэншагъэр зыхъумэ, ди хабзэхэр къызэтегъэнэнымрэ ди сабийхэм я къэкIуэнумрэ лIыхъужьыгъэ ин къагъэлъагъуэу щIэбэн ди щIалэхэм ядэIэпыкъуным зэфIэкIыу яIэр зэрырахьэлIэр.
Шэрэдж муниципальнэ рай­оным и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Кульбаев Алан и докладым къызэрыхэщамкIэ, къуажэ школу 5 капитальнэу зэрагъэпэщыжыну, Жэмтхьэлэ къуажэи амбулаторэ, Джэрпэджэж къуажэм амбулаторэрэ щэнхабзэкIэ унэрэ, Аушыджэр къуажэм щэнхабзэкIэ унэ щащIыну, Къэщкъэтау поселкэм щIалэгъуалэ центр къыщызэ­Iуахыну я мурадщ. Апхуэдэу Къэщкъэтау поселкэм, рай­о­ным хиубыдэ нэгъуэщI жыла­гъуэу 4-м цIыхухэм я зэхыхьэпIэу щыт щIыпIэхэр, пщIантIэхэр зэ­Iузэпэщ щащIынущ. ИлъэситIым къриубыдэу техникэ мардэ­хэм къитIасэу зыхуей хуа­гъэзэну къапэщытщ Балъкъэр Ипщэ - Мухол, Старэ Шэрэдж - Жэмтхьэлэ - Сукан-Су, Бабугент - Мех­лесхоз автомобиль гъуэгу­­хэр, Балъкъэр Ипщэ - Мухол ­гъуэгум хиубыдэу телъ лъэ­мыжыр. Балъ­къэр Ипщэ къуа­жэм уэрамитI зэIу­зэпэщ щащIынущ, Сатушыр - Аушы­джэр псы жапIэр яукъуэдиину я мурадщ.
Лъэпкъ проектхэр ягъэзащIэу зэрыхуежьэрэ районым щызэ­рагъэпэщыжащ школ псоми я спорт залхэр, район сымаджэ­щым и поликлиникэр. Къэщкъэтау, Балъкъэр Ипщэ, Жэмтхьэлэ, Безенги къуажэхэм щэнхабзэмкIэ унэхэр. Къэщкъэтау, Аушыджэр, Балъкъэр Ипщэ ­къуажэхэм сабий садхэр, Ау­шыджэр къуажэм амбулаторэ, Къарэсу къуажэм щэнхабзэкIэ унэ, Къэщкъэтау поселкэм узын­шагъэр щрагъэфIакIуэ спорткомплекс дащIыхьащ. Илъэсищым къриубыдэу автомобиль гъуэгуу километр 40 зэрагъэпэщыжащ, цIыху зэхы­хьэпIэу щыт щIыпIэу 9, пщIантIэу 23-рэ зэIузэпэщ ящIащ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьынымкIэ прог­­раммэм тету Къэщкъэтау - Аушыджэр псы жапIэр къагъэщIэрэщIэжащ.
Шэрэдж районым и дежкIэ IэнатIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ мэкъумэш хозяйствэмрэ туриз­мэмрэ. Мы щIыналъэм Iэщ гъэхъуным псынщIэу зыщеужь икIи лым елэжьыну япэ предприятэр иджыблагъэ къызэIуахащ. Муниципалитетым зэхэлъ­хьэн иухащ туризмэм зегъэу­жьынымкIэ икIи а IэнатIэм инвесторхэр къыхэшэнымкIэ программэ.
Шэрэдж районым и жылагъуэ лIыкIуэхэм КIуэкIуэ Казбек ечэнджэщащ коммунальнэ инфраструктурэм, ухуэныгъэм зегъэужьыным, социальнэ IуэхущIапIэхэр, гъуэгухэр зэгъэпэ­щыжыным, хьэрычэт IэнатIэр къэIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ. Абыхэм я лъэныкъуэкIэ къы­халъхьахэр зэпкърахыну икIи зыхуэфащэ программэхэм ахэр хагъэхьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр яубзыхуну республикэм и унафэщIым къалэн ящищIащ IэнатIэ щхьэхуэхэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.