ДЫГЪУЖЬ МЫХЬМУД КЪЫЗЭРАЛЪХУРЭ ИЛЪЭС 85-РЭ ИРИКЪУНУТ

Адыгейр зэрыцIэрыIуэр и щIыуэпс дахэмрэ кхъуей телъыджэхэмрэ я закъуэкъым. А псом йофIэкIыж абы и щхьэр лъагэу щIиIэтын и цIыхухэмкIэ бгъэдэлъ беягъыр.

Лъэпкъ гъуазджэм зи цIэр дыщэ хьэрфкIэ хатха сурэтыщI Iэзэ Дыгъужь Мыхьмуд хуэдэхэрщ зи гугъу сщIыр. Мыхьмуд псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.

Урысейм и CурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI Мыхьмуд и гъащIэ гъуэгуанэр тыншу щытакъым, ауэ гугъуехьхэм япсыхьащ ар. 1938 гъэм Тэхъутэмыкъуей къуажэ къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха иужь, Краснодар дэт педагогикэ институтым художественнэ-техникэ графикэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьэну мурад ищIат, ауэ и армэ кIуэгъуэти, къулыкъу ищIэну дашащ. Армэ нэужьым иджыри илъэсищкIэ зигъэхьэзырри, пединститутым щIэтIысхьащ. ЦIэрыIуэ хъуахэу «Гущэкъу уэрэд», «Мэлыхъуэхэр», «Жызумыр зэхуахьэсыж», «ЗэхуэкIуэ къафэ» сурэтхэр диплом лэжьыгъэу игъэхьэзырауэ щытащ. Ахэр Мыхьмуд графикэм хуича япэ лъэбакъуэт. 1969 гъэм, институтыр къиуха иужь, ар щылэжьащ Мейкъуапэ дэт художественно-производственнэ кIыщым. 1977 гъэм абы и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ тIэунейрэ Москва къыщыхузэрагъэпэща иужь, ар СССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. Абы щыщIэдзауэ Дыгъужьым и IэдакъэщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ союзпсо, республикэпсо утыкухэм щигъэлъэгъуэн щIидзащ (1978 - 1979 гъэхэм Москва къалэ, 1980 гъэм Ленинград). Абы и сурэтхэр каталог зэмылIэужьыгъуэхэм, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и «Художник» журналым, нэгъуэщI къыдэкIыгъуэхэми къытрадзащ.

1984 гъэращ сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр уэру утыку къыщрихьар. Абы Мейкъуапэ щищIа выставкэм и лэжьыгъэ 80-м щIигъу щигъэлъэгъуат. Псом хуэмыдэу узэIэпашэрт и натюрмортхэм.

Мыхьмуд и графикэ лэжьыгъэхэм нэхъыбэу щытепщэр IуэрыIуатэм, зауэм, спортым ехьэлIахэрщ. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнщ абы къигъэсэбэп плъыфэхэр зэкIурэ зэпэджэжу зэрызэхилъхьэр.

Гулъытэ щхьэхуэ яхуэфащэщ «Бгырыс пшыналъэхэр» фIэщыгъэм щIэту ищIа сурэт зыбжанэм. Абыхэм гъэщIэгъуэну къыщыгъэлъэгъуащ Мейкъуапэ и архитектурэ ухуэныгъэхэр. 90 гъэхэм я кIэуххэм абы нэхъыбэу и Iэдакъэ къыщIэкIар цIыху щхьэхуэхэм я сурэтщ, IуэрыIуатэр зи лъабжьэ лэжьыгъэхэмрэ натюрмортхэмрэщ. Дыгъужьым и дэтхэнэ лэжьыгъэми щыIупщIщ ар адыгэ сурэтыщIу зэрыщытыр. Псалъэм папщIэ, уасэншэщ Дыгъужьым и «Шыгъажэ» «Iэдииху», «Къазбэч», «Сосрыкъуэ мафIэ къызэрихьыжар» сурэтхэр, нэгъуэщIхэри.

ЩОМАХУЭ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж