ШАРЛЬ ДЕ ГОЛЛЬ: МЫПХУЭДЭ ТЕЛЪЫДЖЭ ДЫДЭ ИДЖЫЩ ЯПЭУ СЫЩРИХЬЭЛIЭР

ЗэлъыIуокIуэтыр цIыхухэр арыххэуи,

 Мэхъур утыкур Iэхуитлъэхуит.

Ислъэмей къафэм щIедзэ пшынауэм, -

ПхулъэкIыу щытмэ уэ уи пIэм ит!

Тхьэгъэзит Зубер.

 

         Филологие щIэныгъэхэм я доктор, адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжынымкIэ, джынымкIэ куэд зылэжьа Пщыбий Инал зэритхыжамкIэ, адыгэ къэфэкIэм нэгъуэщI лъэпкъхэм я къэфэкIэри къыхыхьащ. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, «Ислъэмейр». Ар ингушхэм яхэсу щыта адыгэхэм къыздахьа къэфэкIэщ, абы нэхъапэм «Мышкъыш къафэкIэ» еджэу щытащ. Ауэ адыгэхэр къызыдэтIысхьэжа Тэрч къуажэм ИслъэмейкIэ еджэрти, а къафэми а къуажэцIэр игъуэтащ. Нэхъ иужькIэ къафэр Къэбэрдеишхуэми къэсащ. Пэжщ, мы къафэм зэхъуэкIыныгъэ игъуэтащ. Хэт нэхъ хуэму, зэтеубыдауэ, хэт нэхъ псынщIэу, жьы щIэту, хэти дэлъей-къелъыхыу, зигъэкIэрахъуэу, утыкур хуримыкъу къижыхьу къофэ.

         Япэхэм адыгэхэм я гъащIэм къафэр нэхъыбэу хэту щытащ. Зыгуэрым щIалэ е хъыджэбз хьэщIэ къыхуэкIуамэ, абы джэгушхуэ иращIэкIырт. ЩIыбым пшынэ щеуэрт, Iэгуауэр щаIэтырти, ар зэхызых щIалэгъуалэр къызэхуэсырт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иджы апхуэдэ щыIэжкъым, джэгу щащIыр хьэгъуэлIыгъуэм дежщ. Абы щыгъуэми адыгэ пшынэр щIагъуэу къагъэсэбэпыжыркъым. КъыщыфэкIи ипэкIэ щыIа нэмысым хуэдэ плъагъужыркъым, къэфэкIэм лей, къемызэгъ куэд къыхыхьащ. Къызэдэфэхэм мыхьэнэ иратыжыркъым утыкум зэрызыщыIыгъыпхъэм, зэкъэфэгъухэр йолъ-йопкI, заудэ, загъэсыс, языныкъуэхэр къыхокIиикI. Япэхэм апхуэдэ щыIакъым.

         «Адыгэ къэфэкIэм и IуэхукIэ  щапхъэ тепх хъунущ дуней псом щыцIэрыIуэ «Кабардинка» академическэ къэрал къэфакIуэ ансамблым. Абы игъэзащIэ къафэхэр адыгэ хабзэми бзыпхъэми къотIасэ. Ахэр дахащэу, екIуу зэригъэзащIэрщ илъэс 80 хъуауэ утыку ит ансамблыр цIэрыIуэ зыщIар. Ди ЩIы хъурейм щIыналъэ щIагъуэ иIэкъым абы Iэгу къыщыхуемыуауэ, - итхыжащ «Кабардинкэм» и ехъул1эныгъэшхуэхэ теухуауэ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрыш Нурхьэлий. - Япэ дыдэу «Кабардинка»-р нэхъ утыкушхуэ щихьар 1939 гъэм и гъатхэпэрщ. ВКП(б)-м и XVIII съездым и лэжьыгъэм хэта делегатхэм я пащхьэм зыкъыщигъэлъэгъуат ансамблми, СССР-м и Театр Иным цIыхуу щIэсыр зэфIэту дакъикъэ зыбжанэкIэ Iэгу къыхуеуауэ щытащ ди артистхэм. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ инхэр нэхъ иужькIи иIащ, ноби иIэщ «Кабардинка»-м. Псалъэм папщIэ, 1968 гъэм ар мазэ зыбжанэкIэ щыIащ Мароккэ, Алжир, Тунис, Ливие къэралхэм. А зэманым къриубдэу ансамблым къалэ 29-м зыкъыщигъэлъэгъуащ. Абы ита концерт 58-м цIыху мин 50-м нэс еплъащ. Ансамблым и ехъулIэныгъэхэм газет пщIы бжыгъэхэр тетхыхьат, радио, телевиденэ куэд тепсэлъыхьат. СССР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фурцевэ Екатеринэ ансамблым хэту хъуам фIыщIэ ин къахуищIауэ щытащ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжу екIуэкIащ ансамблым Австралием, Сингапурым, Латин Америкэм щита концертхэр. Псом хуэмыдэжу абы ехъулIэныгъэ щиIащ Европэм. «Кабардинка» ансамблым Париж и театр нэхъ инхэм ящыщ зым концерт щиту, абы кърихьэлIат Франджым и президент Шарль де Голль. Концерт нэужьым абы жиIат: «Сэ сыкъызэралъхурэ телъыджэ куэд слъэгъуащ, ауэ мыпхуэдэ телъыджэ дыдэ иджыщ япэу сыщрихьэлIэр».

   

Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.