БГЫЩХЬЭ ГУЭЛХЭР

Сылтранкель гуэлым и Iэгъуэблагъэ щIыпIэр

 

Ди щIыпIэм ит къуршхэм я щыгум инуи цIыкIууи гуэл зэмыщхь куэд ущрохьэлIэ. Абыхэм ящыщщ Сылтран­кельрэ Донгуз Орун-Кельрэ. Мы гуэлхэм ярыт псыр мы­лылъэм къыщIэжамрэ уэс ткIуам­рэщ. Гуэлхэм уа­хэп­лъэмэ, уафэмрэ пшэхэмрэ ­гъуджэм хуэдэу къызэрищым таурыхъ гуэрым укъыщыхутауэ къыпщегъэхъу. 

Кавказым щыIэ бгыщхьэ гуэлхэм я нэхъ дахэ, нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыщ Сылтранкель гуэлыр. Ар метр 3900-рэ зи лъагагъ Сылтран бгымрэ метр 3899-рэ зи лъагагъ Мукал бгымрэ я зэхуакум дэтщ. Мы гуэлым и кууагъыр хэти метр 35-рэ фIэкIа мыхъуу жеIэ, хэти метр 200-м нэблагъэу хуегъэфащэ. 
Гуэлым гектар 30 и инагъщ. Илъэсым щыщу мазибгъум абы и щхьэфэр тещтыкIауэ щытщ. Къурш джабэм иIэ къуэ зэв цIыкIу мыкуумкIэ гуэлым къыхэж псыр Сылтрансу псы­ежэхым и къежьапIэ мэхъу. Дунейм и щытыкIэм елъытауэ, гуэлым и фэм зехъуэж: зэми хужьыфэщ, зэми щхъуантIа­фэщ, зэми удзыфэщ. Гъэмахуэми псым щызэрехьэ мыткIужа мыл абрагъуэхэр. Мы щIы­пIэм удз щхъуантIэ щыплъа­гъуркъым, ауэ зэрыщыту зы­щIэгъэгъащ. Къурш бжэнхэр куэду щыхъуакIуэу щыбо­лъагъу, цIыхухэми мышынэу къабгъэдохьэ. ХIХ лIэщIыгъуэм Сылт­ранкель гуэлым зы жэ­щым къуажэр зэрыщыту ихь пэтащ, и Iуфэр псым Iуилъэ­сыкI­ри. А зэманым цIыхухэм абы нэс зэрыдэкIын гъуэгу яIэ­тэкъыми, екIуэлIэфхэртэкъым. Иджыпсту абы укIуэну нэхъ тыншщ, зыплъыхьакIуэхэм ­лъагъуэ кIуэцIрашащи, цIыху куэд йокIуэлIэф.
Дунеяплъэ Тепцов Василий а гуэлым деж 1892 гъэм зэры­кIуауэ щытар итхыжащ: «Джэдум хуэдэу бгым дыдэпщеин ­хуей хъурт, джабэхэм дыкъецIэнтхъуэхырт, зы мывэшхуэм дипкIыурэ адрейм дыпкIэрт. Ди Iэхэри ди напэхэри зэхэ­фыщIарэ уфIыцIауэ лъы къи­жырт, ауэ гугъуехь куэдым дыблэкIати, дыздежьам ды­нэ­мысу къэдгъэзэжмэ ди жагъуэ хъунут». 
Бахъсэн Ипщэ къуажэм къы­щыщIэдзауэ Сылтранкель гуэ­лым нэс километри 10 дэлъщ. Гуэлым узэрыкIуэ гъуэгур егъэ­леяуэ дахэщ. Абы и япэ кило­метри 6-р тыншщ. Къущхьэхъу хъупIэхэм уахэкIыу псей мэзым ущIохьэ, адэкIэ Сылтрансу псы Iуфэм уIуту уокIуэ. Гъуэгугъэ­лъагъуэхэр дэнэкIи фIэлъщ. Метр 2683-м утету, псы ежэхым уIуту уздэкIуэм, псыр щIы щIагъым щIолъадэри, къыщы­щIэ­жыжыр метр 300-кIэ укIуа нэ­ужьщ. АдэкIэ гъуэгум и нэхъ ­гугъум уносри, къуршым удэ­кIуеин хуей мэхъу, мывэ фIэкIа азыри ихъуреягъкIэ умылъа­гъуу. 
Метр 300-м и ужькIэ жьы ­пхуримыкъуу узэрыхъури, гъуэгуанэ гугъу зэрызэпыпчари, гуэлым и дахагъым узэрынэсу псори пщегъэгъупщэж.
Мы щIыпIэм и дахагъым гур щеубыдыкI. Гуэлым и хъуреягъкIэ IупщIэ IупщIэу зэтелъу къат лIэужьыгъуэхэу иIэщ бгы фIы­цIэшхуэхэр. 
Гуэлым и деж ущыту уплъэмэ, пшэ щытемылъым и деж Iуащ­хьэмахуэ и къуэкIыпIэ лъэны­къуэр щыболъагъу.
Гъэмахуэми гуэлым ит псыр щIыIэщ, ауэ, абы емылъытауэ, языныкъуэхэм зыщагъэпскI.
Донгуз-Орун гуэлыр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хохьэ. Ар Урысеймрэ Куржымрэ я гъу­нап­къэ зэпылъыпIэм пэгъунэгъущ, Чегет бгым и ипщэ-­къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, Накра-Тау метр 4228-рэ зи лъа­гагъ бгымрэ Донгуз-Орун-баши метр 4450-рэ зи лъагагъ бгымрэ я зэхуакум хуозэ. 
Гуэлыр мыл джейхэм кIуа­тэу­рэ зэхуакъуса къыр къутахуэм мылылъэхэм къыщIэж псыр къилъадэурэ къэхъуауэ аращ. Донгуз-Орун, Медвежий псы­хэр гуэлым къолъадэ, ап­хуэ­дэуи Донгуз-Орун псым и къе­жьапIэщ.
Гуэлым ит псыр плъыфэ зыбжанэу зэхэтщ. Къурш джабэм къежэх псым минерал зэхуэ­мыдэхэр кърелъэсэхри, гуэлым холъадэ. Абы псыр зэмыфэгъу ещI. Гуэлым тыншу уокIуэлIэф. Чегет бгым дэкI кIапсэ гъуэгумкIэ укIуэу метри 100-кIэ лъэс ­лъагъуэм утету укъехыжмэ, гуэлым уIухьэнущ. Апхуэдэуи къущхьэхъу хъупIэхэм ухэту километр 8-кIэ укIуэми гуэлым ухуэзэнущ.
Гуэлым гъунэгъуу убгъэ­дыхьэну шынагъуэщ, и хъу­реягъкIэ шэдылъэщ. Абы и ­гъунэгъуу иIэ бгы джабэхэр ­гъэмахуэм нэр игъэгуфIэу ­щхъуантIэщ. ЩIымахуэм гуэ­лым и ныкъуэр тощтыкI. Чегет хуейм укъеплъыхмэ, ар алэ­рыбгъу зэмыфэгъуу зэхэлъым хуэдэу болъагъу: гъуэжьу, удзы­фэу, щхъуантIафэу, плъы­жьу, гъуабжэу.

Сылтранкель гуэлыр

Бицу Жаннэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)