Анэдэлъхубзэм и быдапIэ

Гъатхэпэм и 3-м Налшык къалэм ще­кIуэкIащ «Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хаб-зэм я хъумакIуэщ» республикэ зэпеуэм и кIэух Iыхьэр. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и къудамэу «ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щы­хагъахъуэ центрым» къыхилъхьа а зэ­хьэзэхуэм и япэ Iыхьэхэр республикэм и щIы­налъэхэм щекIуэкIащ. Абы щыщу кIэух Iыхьэм хэтыну зыхуагъэфэщар унагъуихщ.

Адыгэбзэр зэрырагъэджыр егъэфIэ-кIуэ­ным­кIэ центрым и къудамэм и унафэщI Щоджэн Iэминат я пашэу ягъэхьэзыра зэ­пеуэм хыхьэну хуитт курыт еджапIэм щIэс ­сабий зиIэ адыгэ унагъуэхэр.
Щоджэн Iэминат зэпеуэм теухуауэ жиIащ мы IуэхумкIэ къалэну зыхуагъэувыжыр бзэр хъумэныр,  ар  щIэблэм егъэщIэныр уна­гъуэм зэрипщэрылъыр дэтхэнэ зыми хьэкъыу къыгурыгъэIуэныр зэрыарар.
Зым и дежкIи щэхукъым унагъуэ куэдым и анэдэлъхубзэр къызэрыщамыгъэсэбэ­пы­жыр. КIуэдыр бзэм и закъуэкъым, абы докIуэщI лъэпкъ хабзэмрэ гъэсэныгъэ дахэмрэ. Унагъуэм и къалэным, абы быным ­хилъхьэм куэд зэрелъытам и щыхьэтщ а ­махуэм утыку къраша унагъуэ дахэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ дэтхэнэми щапхъэ зытепхын хабзэфI, зэхущытыкIэ екIу къызэригъэлъэгъуар.
Зэпеуэм ипкъ иткIэ, унагъуэхэм я деж анэдэлъхубзэм и мыхьэнэмрэ абы цIыхум   и гъащIэм щигъэзащIэ къалэнымрэ теухуа уп­щIэхэм кърата жэуапхэм ущымыгуфIы­кIынкIэ Iэмал иIэкъым. Адэ-анэхэм къыхагъэщащ зи анэдэлъхубзэр зыщIэ сабийхэм хабзэр нэхъыфIу зэрызыхалъхьэр, щIэблэм гъэ­сэныгъэ тэмэм ягъуэтынымкIэ зэрыщ-­хьэ­пэр. Бзэ зыбжанэм акъылыр фIыуэ зэ­ригъэлажьэм, анэдэлъхубзэкIэ япэу псэ-лъэн щIэзыдза сабийм хамэбзэхэри тыншу зэризригъэщIэфым гу лъатауэ къагъэлъэ­гъуащ абыхэм. 
Унагъуэ зэпеуэр Iыхьэ зыбжанэу гуэшауэ щытащ. Япэ Iыхьэм абыхэм видео теплъэ­гъуэ кIэщIкIэ къызэхуэсахэм зыкърагъэ­цIыхури, я ехъулIэныгъэхэм щытепсэ­лъы­хьащ, етIуанэм я нэхъыжьыфIхэмрэ я лIа­къуэм къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэмрэ я гугъу щащIащ. Ещанэ Iыхьэм IуэрыIуатэр, адыгэ къуажэхьхэр нэхъыфIу зыщIэр щызэхагъэкIащ. ЕплIанэм унагъуэм исхэм я твор­ческэ зэфIэкIыр щагъэнэIуащ. Етхуанэ Iыхьэм, «Нанэ и пхъуантэ» фIэщыгъэм щIэ­тым, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къы­дэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм ящыщу езыхэм ­нэхъ ягу ирихьыр щагъэлъэгъуащ. 
КъэпщытакIуэ гупым хэтахэу - филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат УнэлIокъуэ Вячеслав, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэд, Нарткъалэ дэт сабий сад №5-м адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Гулэжын Маринэ сымэ зэпеуэм кърикIуахэр ягъэнэIуэну утыкум къыщихьам, абы хэта псори лъэпкъыр, щIыналъэр щIэгушхуэн унагъуэу къызэралъытэр жаIащ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм я щыуагъэхэр ирагъэлъагъужащ, дяпэкIэ абыхэм хуэсакъын папщIэ.
КъэпщытакIуэхэм зэдэарэзыуэ япэ увы-пIэр Къэрэгъэш къуажэм къикIа Хьэм­дэ­хъухэ я унагъуэм иратащ. ЕтIуанэ хъуахэщ Налшык щыщ Къэшэжхэ я унагъуэмрэ Дыгулыбгъуей дэс Хъыжьырокъуэхэ я уна­гъуэмрэ. Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ Къуэнхьэблэ щыщ Щоджэнхэ, Псыгуэнсу щыпсэу Гумэхэ, Кыщпэч къикIа ШыкIэбахъуэхэ я ­унагъуэхэм. Япэу утыку къыщихьам щегъэжьауэ иужьрей Iыхьэр зэфIэкIыху абы-хэм гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ, гупсысэ къы­зы­хэпхын куэд жаIащ.
Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым мы зэпеуэм унагъуэхэм егугъуу зэрызыхуагъэхьэзырар. Ар я фащэ, зыкъыщагъэлъагъуэ Iыхьэм ­теухуа зыхуеину хьэпшып ирехъуи. ТIэунейуэ гуапэт нэхъыщIэхэм я Iуэхур даIы­гъыу мыбы нэхъыжьхэр къызэрыхыхьар.
Мыхьэнэ инкIэ гъэнщIа «адыгэ унагъуэ» псалъэхэм я кууагъымрэ я дахагъэмрэ зэ­пеуэм хэтахэм ди фIэщ ящIащ. Апхуэдэуи иджыри зэ хьэкъ хъуащ лъэпкъым и псэр, абы и къэкIуэнур, анэдэлъхубзэм и быда- пIэр адыгэ къуажэхэм зэрыщыIэр. Уи гур къыдрищIейрэ къэкIуэнум фIыкIэ ущызыгъэгугъ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр къызэзыгъэ­пэщахэм фIыщIэ ин яхуэфащэщ. Мы Iуэхум адэкIи къыпащэну, зрагъэубгъуну дыщо­гугъ.

Щомахуэ  Залинэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ

22.04.2024 - 09:38

Адэжь щIыналъэм щохьэщIэ

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и уна­фэщIымрэ абы хэтхэмрэ мы махуэхэм Урысей Федерацэм адыгэхэр зэрыс и хэгъэгухэм щохьэщIэ, Адыгэ Хасэхэм цIыхухэм щахуозэ, республикэ унафэщIхэм йопсал

22.04.2024 - 09:36

Зэран къызэрытхуэхъу Iэмалхэр мэбагъуэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - ­КъБР-м и министр Къуэшы­рокъуэ Залымрэ КъБР-м и Прокуратурэм экстре­миз­мэм­рэ терроризмэмрэ пэ­щIэ­тыным, лъэпкъ зэхущы­тыкIэхэм, къэрал шынагъуэнш

22.04.2024 - 09:12

МАКЪАМЭ ТЕЛЪЫДЖЭМ И ЛЪАХЭМ

Налшык дэт Музыкэ теат­рым иджыблагъэ ще­кIуэ­кIащ «Му­зыкальный диа­лог» концертыр, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдо-къуэ Муратрэ ди республикэм щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэррэ зэ­да­гъэ­хьэ­зы