«Адыгэ макъ» республикэ газетым и лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ Адыгейм и мызакъуэу, гъунэгъу хэгъэгухэми къыщацIыху, и тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр къуэш республикэхэми щызэIэпах, хамэ къэрал куэдым адыгэ щIэджыкIакIуэхэр щиIэщ.
Лъэпкъ газетым къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу, дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ абы и редактор нэхъыщхьэ, Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист МэшлIокъуэ Саидэ. «Адыгэ макъым» къикIуа гъуэгуанэм, нобэ и Iуэху зыIутым, щылажьэхэм я зэфIэкIым, газетымрэ Интернетымрэ я къызэдекIуэкIыкIэм теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ ди лэжьэгъур.
- Саидэ, 1923 гъэм гъатхэпэм и 8-м дунейм къытехьауэ щытащ япэ адыгэ газетыр. А лъэхъэнэм ар лъэпкъым дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэт. Нобэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ республикэм къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетым икIи сыт хуэдэ пщIэ щиIэ щIэджыкIакIуэхэм я деж?
- Илъэси 100-кIэ узэIэбэкIыжмэ, адыгэ лъэпкъым газет иIэ зэрэхъуар и мыхьэнэм къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. «Адыгэ макъым» япэ редактор нэхъыщхьэ хуэхъуар Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща тхакIуэ КIэрашэ Темботт.
Къэрал унафэкIэ газетым къыдэкIын щIидзащ икIи зы лIэщIыгъуэ хъуауэ ди лъэпкъым, и тхыдэм и гъуджэу къогъуэгурыкIуэ. Ди зэманми газетым и мыхьэнэр хэхъуэ зэпытщ. Республикэм, къэралым къыщыхъухэм, ехъулIэныгъэхэм тетхыхьым и мызакъуэу, адыгэбзэр, адыгэ щэнхабзэр хъумэным, зегъэужьыным ар хуолажьэ. Тхыгъэхэр адыгэбзэ къабзэкIэ, лъэпкъ нэщэнэхэр къыхэщу, пэжыр я лъабжьэу къытохуэ. Хъыбар нэпцI куэд къыщекIуэкI иджырей дунейм абы мыхьэнэшхуэ щиIэу къызолъытэ.
- Фи газетым и зэхэлъыкIэм и гугъу къытхуэщIыт. Сыт нэхъыбэу фи нэIэ зытетыр?
- «Адыгэ макъыр» тхьэмахуэм 5 къыдокI, напэкIуэцIий хъууэ. Бэрэжьейхэм телевиденэм и программэр урысыбзэкIэ тхауэ дэлъу къыдыдогъэкI. ЗэрыжысIауэ, лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэм гулъытэ хэха хуищIу, адыгэм и дунейм епхауэ сыт щыIэми ди нэIэ тету, республикэм и цIыху пэрытхэм, Адыгейр къызэрацIыхун хъугъуэфIыгъуэхэм, ди IэпэIэсэхэм, зэчий зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм, республикэм и зыужьыныгъэм ятеухуахэр тыдодзэ.
Ди лэжьыгъэр къытщегъэпсынщIэ нэхъ гъэщIэгъуэн ящI ди республикэм къыщыхъухэм. Ди лъахэм зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр иужьрей илъэсхэм хэхъуащ, хамэ къэрал куэдым цIыхухэр зэрамыгъакIуэм къыхэкIыу. Абыхэм ди хэгъэгур къыхах, зэ къэкIуам иджыри къытезгъэзэжарэт жаIэ.
Адыгэ Республикэм и унафэщIхэм мы Iуэхум теухуауэ куэд зэфIагъэкI - зыгъэпсэхупIэу диIэхэм щIэхэр къахохъуэ, Лагъуэнакъэ зыхуей хуагъэзащ. Апхуэдэу лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ республикэм жыджэру щагъэзащIэ, абыхэм епха къалэн пыухыкIахэр АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат сыт щыгъуи къегъэув. Мис а псоми дытотхыхь дэ.
НапэкIуэцI хэхауэ къыдэдгъэкIхэм я гугъу пщIымэ, «Дыгъэ нэбзийхэр» сабийхэм папщIэ диIэщ, псэукIэм епха хъыбар гъэщIэгъуэнхэр щызэхуэхьэса напэкIуэцIщ «Упсэуну ухуеймэ» жыхуиIэри. КъищынэмыщIауэ, илъэсым щэ напэкIуэцIиплI хъууэ «Парламент хъыбархэр» ди газетым и гуэдзэну къыдыдогъэкI. Ар теухуащ Адыгэ Республикэм и Къэралыгъуэ Совет - Хасэм и лэжьыгъэм, хабзэщIэу къищтэхэм.
«Адыгэ макъым» и еянэ нэкIубгъуэр сыт щыгъуи спорт хъыбархэм хухэхащ. Ди республикэм спортым зэрызыщиужьымкIэ куэдым къахощ, спорт IуэхущIапIэхэм илъэс къэс къахохъуэ, спортым дихьэххэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Абы ипкъ иткIэ, дызытетхыхьын дызэрыгушхуэн Iуэху сыт щыгъуи диIэщ. Зы Iуэхугъуэ хэха гуэр япэ идгъэщу хабзэщ жысIэфынукъым, псоми зэхуэдэу ди нэIэ ятетщи.
- Саидэ, а псоми къадэкIуэу, «Адыгэ макъым» и лъэпIагъ нэхъыщхьэ дыдэу къэслъытэр адыгэбзэкIэ къызэрыдэкIращ. Сыт хуэдэ хэлъхьэныгъэ хуищIрэ газетым анэдэлъхубзэр хъумэным, лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэным?
- Анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ лъэпкъ газетым и мыхьэнэр уасэ зыхуэщIыгъуей Iуэхущ. Пэж дыдэу жыпIащ, псом нэхърэ нэхъыщхьэр ди газетыр адыгэбзэкIэ къызэрыдэкIращ. Бзэр тэмэму ящIэным, абы зиужьыным и щапхъэу щытщ «Адыгэ макъыр». Иужьрей зэманым куэд дыдэ къыхыхьащ ди псэукIэм, адыгэбзэ жыIэкIэ къыхуэбгъуэтын хуейуэ, ди бзэм къигъэзэгъапхъэу. Ахэр псори зэрызэддзэкIыным, урысыбзэр, хамэ къэралыбзэхэр нэхъ мащIэу къызэрыдгъэсэбэпыным иужь дитщ. Аращи, иджырей адыгэбзэр, къэбгъэIурыщIэн щыплъэкIынур ди газетым уеджэмэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щрагъэдж «современный русский язык» дерсыр, абы къыдэкIуэу щыIэщ «иджырей адыгэбзи».
Зэманым дыдэбакъуэурэ докIуэри, дэ дыщеджам щыгъуэ лъандэрэ иджыри псалъэщIэ куэд къыхыхьащ ди бзэм, зэрыжысIауэ, гъащIэм къыхыхьэ псори анэдэлъхубзэм къыдогъэзагъэри. Апхуэдэу щыхъукIэ, лъэпкъыбзэм зедгъэужьу аращ. Ди редакцэм куэд щIауэ щылажьэ IэщIагъэлIхэр диIэщ, ахэр куэдым чэнджэщэгъу ящI. АР-м и Конституцэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIыным хэлэжьыхьащ ди зэдзэкIакIуэхэри. ЕтIуанэ къэралыбзэу ди хэгъэгум къыщащтащ адыгэбзэр, абы ипкъ иткIэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iуэху куэд адыгэбзэм кърагъэтIэсэн хуейуэ я пащхьэ къоувэ. Абыхэм дэIэпыкъуэгъу ящIыну дзыхь зыхуащIыр ди деж щылажьэхэращ.
- «Адыгэ макъым» илъэсищэр щигъэлъапIэр уэ редактор нэхъыщхьэ къулыкъум упэрыхьагъащIэу ирихьэлIащ, Саидэ. Сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ абы уи дежкIэ? Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэр хэплъхьэну уи мурад фи лэжьыгъэм?
- Пэжщ, жэуаплыныгъэ ин пщэрылъ къыпщещI апхуэдиз гъуэгу къэзыкIуа газетым урипашэным. Тхыдэ бей иIэщ газетым, цIыху пэрыт цIэрыIуэ куэдым мыбы лэжьэн щыщIадзащ, къыдэкIыгъуэр зэтеубла хъунми я гуащIэшхуэ халъхьащ. Абыхэм сахуэдэу сэ зыслъытэжыным сыпэжыжьэщ, зезгъэпщэнуи сигу илъкъым. Ауэ срогушхуэ лъэхъэнэ куэдым къапхыкIа, бзэр зыгъэлъапIэ, лъэпкъ газетым и унафэщI къулыкъур къызэрысхуагъэфэщам. Шэч хэмылъу, къызагъэза дзыхьыр зэрызгъэпэжыным сыпылъынущ.
Иджыпсту зыгуэрым хэпщIыкIыу зегъэхъуэжын хуейуэ къэслъытэркъым, ауэ и теплъэкIи, и купщIэкIи лъэхъэнэм декIуу щытын хуейщ, шэч хэмылъу. Псалъэм папщIэ, тхыгъэхэр я инагъкIэ нэхъ цIыкIуу, ауэ купщIэ хэлъу, сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ щытыпхъэщ. Дэ дыщыпсэур цIыхухэр куэд еджэну щыхуей зэманкъым. Иджыпсту нэхъ къыхахыр узэплъыныр нэхъыбэу, узэджэн хуейр нэхъ мащIэу щыт хъыбархэрщ. Дэри а жыпхъэхэм дыдекIун хуейщ.
Мы гъэм, ди газетым къыдэкIын зэрыщIидзэрэ лIэщIыгъуэ щрикъум, хьэщIэщ зэхыхьэхэр едгъэкIуэкIыу щIэддзащ. АР-м и Адыгэ Хасэр ди дэIэпыкъуэгъуу идогъэкIуэкI ахэр. Зэхыхьэхэр чэзууэ тыдоухуэ лъэпкъ Iуэхухэм, республикэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм. Мазэм зэ дызэIуощIэ, дызытепсэлъыхьынухэм елъытащ къедгъэблагъэхэри. Иджыри къэс зэхыхьитI диIащ, ахэр адыгэ усэхэм, пасэрей лIыхъужъ уэрэдхэм теухуауэ щытащ. Мы Iуэху дахэр зи гукъэкIыр редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щIэуэ къытхыхьа Тау Замирэщ. Ар нэхъапэми къытхуэтхэу щытащ, ауэ иджы къытхыхьэпащ. Замирэ илъэс 28-рэ хъуауэ журналистикэм хэтщ, «Адыгей» телерадиокомпанием щылэжьащ. «Редакцэм и хьэщIэ» Iуэхур дяпэкIэ абы и къалэну щытынущ. ЦIыхухэр къригъэблагъэурэ зи чэзу Iуэхухэм тригъэпсэлъыхьынущ.
- Ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэгъуу укъезгъэцIыхумэ си гуапэу, сыноупщIынут: куэд щIауэ ухэт журналистикэм, а IэщIагъэра узыхуеджар?
- Сызыхуеджар журналистикэракъым, атIэ Адыгэ къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр щызэзгъэгъуэтащ. А лъэхъэнэм ди хэгъэгум журналистикэм щыхурагъаджэртэкъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухым ирихьэлIэу Адыгейм телевиденэ къыщызэIуахауэ щытащ, абы щылэжьэнухэр къащтэу щызэхэсхым, си зэфIэкIыр згъэунэхумэ, сфIэигъуэу, сыкIуащ. ПцIы хэмылъу, сыдихьэхащ журналист IэщIагъэм. Илъэс 18-кIэ сыщылэжьащ абы, еджапIэ дэгъуэ схуэхъуащ. Иджыпсту журналистикэм зыгуэр хэсщIыкIыу щытмэ, телевиденэращ щызэзгъэщIар - хъыбарыр псынщIэу, эфирым ехъулIэу къэбгъуэтын, птхын, уеплъыжын, зэхэбгъэувэжын хуейт. А псори иджыпсту тынш хъуащ, продюсерхэр щыIэщи, псори къагъуэт, зыпащIэ, уэ укIуэн къудейуэ аращ уи къалэныр. Дэ ди зэманым а псори уэр-уэру зэфIэбгъэкIын хуейт, ауэ абы дипсыхьащ. Иджы илъэси 10-м нэблэгъауэ газетым сыщыIэщ. Редактор нэхъыщхьэ Дербэ Тимур дзыхь къысхуищIри, и къуэдзэу сыкъригъэблэгъат. Пэжыр жыпIэмэ, гуитI-щхьитI сыхъуат, газет лэжьыгъэм сызэрыщымыгъуазэм щхьэкIэ, ауэ мыбыи куэд щызэзгъэщIэжащ.
Къэппсэлъым нэхърэ нэхъ жэуаплыныгъэ ин пылъщ птхым. Ар лIэужьхэм къахуэнэнущ, тхылъеджапIэхэм щIэлъынущ, мытэрэзу тебдза щыIэмэ, пхутегъэкIыжынукъым. Птхым хуабжьу ухуэсакъын зэрыхуейм лъэщу ухуегъасэ. Си лэжьэгъухэми абыкIэ сахуэарэзыщ, адыгэбзэм и жыпхъэ лъагэхэм тету утхэфмэ, газетыр зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым.
- Уи унафэм щIэту лажьэ а гупым я гугъу уэзгъэщIынут. Журналист щIалэгъуалэ къыфхыхьа иужьрей илъэсхэм?
- Газетым нобэ щылажьэхэр пщIэ ин зыхуащI журналистхэщ, зи зэфIэкIкIэ щытхъу къэзылэжьахэщ. Илъэс 40, 50-м нэблэгъауэ Iутхэри диIэщ. Ди нэхъыжхэм ящыщщ жэуап зыхь секретарь ЖьакIэмыкъуэ Iэминат, зэдзэкIакIуэ къудамэм и пашэ Тхьэркъуахъуэ Сафиет, обозревателхэу Мамырыкъуэ Нуриет, ЕмтIылъ Нурбый, зэдзэкIакIуэ ЛIышэ Санет, сурэттех Iэщын Аслъэн. Апхуэдэу журналистхэм я Iэрытххэр тезыдзэ Нэшэ Светлани илъэс 40-м нэблэгъауэ мыбы щолажьэ, газет напэкIуэцIхэр зэзыгъэзахуэ Сет Фатими илъэсипщI бжыгъэ мэхъу и IэнатIэм зэрыпэрытрэ.
Нэхъ ныбжьыщIэу ди лэжьакIуэхэм яхэтхэри къызэрыуврэ илъэсипщIым щIигъуащ, ахэр - Тхьэркъуахъуэ Адэм, Хъут Нэфсэт, Iэщын Сусан, КIарэ Фатим, Делэкъуэ Анет. НыбжьыщIэхэм дахуэныкъуэщ иджыпстукIэ, интернетым щыдиIэ напэкIуэцIхэм зедгъэубгъуу, щIалэгъуалэ зытIущ лэжьакIуэ къэтщтэну ди мураду даходэ мы махуэхэм.
- Къытебдзэ тхыгъэхэм къыпэджэжхэр щыIэмэ, зи гупсысэр газет напэкIуэцIым къыщызыгъэлъэгъуэну хуейхэм зыкъыпащIэмэ, пщIэ лэжьыгъэм мыхьэнэ зэриIэр къыбгуроIуэ, цIыхухэр зэрыхуэныкъуэр зыхыбощIэ. Фи журналистхэмрэ щIэджыкIакIуэхэмрэ зэпыщIауэ зэдэлажьэрэ нобэ, къыфхуэтхэ авторхэр фиIэ?
- Пэж дыдэщ. Газетым еджэхэр къатхэ щыхъукIэ, пщIэ Iуэхур зэрымыпсыхэкIуадэр къыбгуроIуэ. Апхуэдэхэр диIэщ, ди жылэхэм тхыгъэхэр къытхурагъэх, щIэх-щIэхыурэ къатхэу зи унэцIэр щIэджыкIакIуэхэм фIыуэ яцIыхухэри диIэщи, дахуэарэзыщ. Щыпсэу щIыналъэхэм щыхъыбархэм ятеухуауэ езыхэм къытхурагъэхь тхыгъэхэм нэмыщIи, дэ къытеддзахэм теухуауэ я гупсысэхэр къыщатх куэдрэ къохъу. Абыхэм ди газет напэкIуэцIхэр ягъэбей, уеблэмэ дыщызэпсалъэ утыку хуэдэу мэхъу.
КъищынэмыщIауэ, республикэм и цIыху цIэрыIуэхэу зэфIэкI ин зиIэхэр къызэрытхуэтхэм дегъэгушхуэ. УФ-м Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, АР-м и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ ГъукIэлI Нурбий сымэ къытхуотхэ, щIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэри, усакIуэхэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэри къытохуэ ди газет напэкIуэцIхэм. Абы папщIэ литературэ нэкIубгъуэ хэха диIэщ.
Псоми зэуэ я гугъу тхуэщIынкъым. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ сытым дежи къытхуэтхэхэр дызэриIэр. Псалъэм папщIэ, Красногвардейскэ районым щыпсэу Пщыкъан Майе, Краснодар крайм и ТIуапсэ районым дэс Ныбэ Анзор (хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я хъыбархэр къытхуетх), Теувэж районми илъэс 50 хуэдизрэ къитхыкIащ Нэхей Рэмэзан.
- Ар хъарзынэщ, абы нэмыщIи, фи газетым и зэпыщIэныгъэхэр абдеж къыщыувыIэркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Черкес Хэку», «Адыгэ макъ» адыгэ газетищыр илъэс 30-м щIигъуауэ зэдолажьэ, номер зэхэтхэр къыдагъэкI. Абы адэкIи къыпыфщэну фи мурад? Сыт хуэдэ сэбэпынагъ пылъ а къыдэкIыгъуэ зэхэтхэм?
- Мыхьэнэшхуэ иIэщ республикищым ди газетхэр зэрызэдэлажьэм. Абы нэхъ зэпэблагъэ дещI, зы лъэпкъыу дызэрыщытым щыхьэт тохъуэ, ди щэнхабзэр, бзэр зэдыдоIэт, хэгъэгухэми щыпсэу цIыхухэр нэхъ зэрыщIэнымкIэ сэбэп мэхъу. Ар Iуэху дахэу ди япэкIэ зэдащIащ «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Черкес Хэку» (КъШР), «Адыгэ макъ» (АР) газетхэм я редактору щыта ХьэфыцIэ Мухьэмэд, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, Дербэ Тимур сымэ. Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми я газетхэм я илъэси 100-ри гъэ къакIуэ ягъэлъэпIэнущ. Абы щыщу илъэс 30-м дызэпыщIащ, ди мурадщ абы къыпытщэну. КъэкIуэн диIэн папщIэ, ар Iэмал хъарзынэщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ: республикитIми къикIыу номер зэхэтхэм папщIэ къытIэрыхьэ тхыгъэхэр зэдмыдзэкIыу къытыдодзэ. Ар Дербэ Тимур къыхилъхьа унафэхэм ящыщщ, адыгэбзэм и беигъэр къигъэлъагъуэу, ди лъэпкъым и цIыхухэр нэхъ зэгурыIуэным къыхуэсэбэпу. Ар сэри къыдызощтэ, дяпэкIи апхуэдэу едгъэкIуэкIынущ.
- Зэманым зехъуэж, ди гъащIэм IэмалыщIэ куэд къыхохьэ. Интернетыр къызэрежьэрэ газетым и щыIэкIэм дауэ зихъуэжа?
- Интернет Iэмалхэр къызэрежьар нэхъ зэгуэуар газету традзэм и бжыгъэращ. Абы пощтым къигъэув уасэр зэрыиныр къыхыхьэжри, ди щIэкIыджакIуэхэм яхэщIащ. Гугъуехь хэмылъу, тыншу хъыбархэр къаIэрыхьэмэ ядэу, газет хуэмыныкъуэу къэзылъытэ куэд щыIэщ. Ауэ тхылъымпIэм тетыр нэхъ къыхэзыхыу, абы есахэри яхэтщ ди щIэджыкIакIуэхэм. Ахэр нэхъ ныбжь зиIэхэрауэ жыпIэ хъунущ.
Интернетым Iэмал къыует нобэ къэхъуар нобэ зэбгъэщIэну. Газетым къыпхуиIуатэр дыгъуасэ къэхъуаращ. Ауэ мыбдежым къыхэгъэщын хуейщ: газетыр тхыдэщ, ар архивым къыхэнэнущ, ари щыIэн хуейщ.
Мыри дыщIызгъуну сыхуейт: Адыгейм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат ди лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ ирет, и нэIэ къыттет зэпытщ. Абы и щыхьэтщ илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, дыщылажьэ унэр зыхуей зэрыхуагъэзар, унэлъащIэ къэтщэхунымкIэ и сэбэп къызэрыдигъэкIар. Мы илъэсыр къыщыблагъэм ди лэжьапщIэр зыхэпщIэу хигъэхъуащ, ди махуэшхуэм ирихьэлIэу автомобилыщIэ къытхуригъэщэхуащ, газетыр къыдэгъэкIынымкIэ къытхуэсэбэпыну IэмэпсымэщIэхэр къритщэхуну республикэ бюджетым мылъку къыхагъэкIащ. КъумпIыл Мурат къалэн къытщищIащ газетхэр цIыхухэм и чэзум яIэрыхьэн щхьэкIэ, пощтым дызэрыдэлажьэр нэхъри едгъэфIэкIуэну. Абы иджыпсту иужь дитщ. Газетым техуэ уасэр дгъэмэщIэн папщIэ районхэм ар зэраIэрыдгъэхьэнур доубзыху. А псомкIи сэбэп къытхуохъу ди унафэщIхэр. Газетым и Iэ тедзэгъуэм цIыху нэхъыбэм ар яIэрыхьэнымкIэ сэбэп къытхуэхъуу диIэщ Адыгейм и тхьэмадэу щыта, псапащIэ цIэрыIуэ Щэумэн Хьэзрэт, сенатору Хъупсрокъуэ Мурат, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм Адыгейм къыбгъэдэкIыу депутату щыIэ Резник Владислав сымэ.
- Уэ узэреплъымкIэ, хъыбарегъащIэ Iэмалхэр зэмылIэужьыгъуэ куэд щыхъуа лъэхъэнэм, тхылъымпIэм тету къыдэкI газетым сыт къыпэплъэр?
- Пщэдейрей махуэ диIэн щхьэкIэ, тхылъымпIэм тету къыдэкIхэр тхъумэн, социальнэ сетхэми жыджэру дитын хуейщ, ди бзэм, ди хабзэм теухуахэр тIуатэу, лъэпкъым дахагъэу бгъэдэлъыр дгъэбагъуэу. Мы лъэхъэнэм Интернетыр куууэ къыхыхьащ ди гъащIэм, ар хуабжьу къагъэсэбэп.
Илъэс зыкъом хъуауэ, «Адыгэ макъым» и сайтым нэмыщI, социальнэ напэкIуэцIхэр дыщиIэщ Телеграм-каналым, Одноклассники, ВКонтакте сетхэм, абы нэмыщI иджыри зы канал щIэуэ Телеграмым къыщызэдгъэпэщащ - «Хэкум и макъ». Газетымрэ электрон хъыбарегъащIэ Iэмалу диIэхэмрэ зэзыпх QR-кодхэр «Адыгэ макъым» и япэ напэкIуэцIым тетщ, зыфIэгъэщIэгъуэн псори абы занщIэу ихьэфынущ, телефон камерэр трагъапсэ къудеймэ. Абыхэм урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи, тыркубзэкIи хъыбархэр дгъэхьэзырурэ къыдолъхьэ.
«Хэкум и макъым» адыгэбзэмрэ тыркубзэмрэ къыщыдогъэсэбэп. Ар нэхъыбэу зыхуэлажьэр хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэращ. Нэхъыщхьэу республикэм и зыужьыныгъэм, лъэпкъ Iуэхухэм, къэхъукъащIэхэм, ди цIыху пэрытхэм ятеухуащ абы къитлъхьэхэр. Адрей напэкIуэцIхэм урысыбзэр нэхъ идогъэбэкI, адыгэбзэри хыдогъэхьэ. НэгъуэщI лъэпкъхэри ди хъыбархэм еджэн, ди газетыр яцIыхун папщIэ едгъэкIуэкI Iуэхущ ар.
Дызэрыс къэралым къытхуигъэув къалэнхэм елъытауэ, Адыгейм щызэфIах Iуэхухэм, ди лъэпкъым и дахагъэм, и хабзэхэм, республикэм и зыужьыныгъэхэм, ди цIыху цIэрыIуэхэм, нэгъуэщIхэми дыщытопсэлъыхь ди напэкIуэцIхэм. А псор нэгъуэщIхэми едгъэщIэн хуейкъэ?! Аращ социальнэ сетхэм урысыбзэкIэ дыщIитхыхьыр. ТхылъымпIэм тедзари интернетри зэхуэдэу къэгъэсэбпын хуейуэ соплъ. ИтIанэ кIуэдыжынукъым апхуэдиз мыхьэнэ зиIэ газетыр. Илъэси 100-р - гъунапкъэкъым.
- СыткIэ захуэбгъэзэнт газетеджэхэм?
- Газетеджэхэм захуэзгъазэмэ, жысIэну сфIэигъуэр мыращ: фи анэдэлъхубзэр щыIэну, ар хъума хъуну, фи щэнхабзэр, хабзэр, тхыдэр къыдэкIуэтей щIэблэм ящIэну фыхуеймэ, лъэпкъ газетым Iэ тевдзэ.
Унагъуэм, еджапIэм анэдэлъхубзэр, шэч хэмылъу, щIэлъын, щызэрагъэщIэн хуейщ, ауэ абыкIэ ирикъуркъым. Тхылъхэр, газетхэр диIэн, телевиденэр, радиор лэжьэн хуейщ ди бзэмкIэ. Мис абы щыгъуэщ лъэпкъыр лъэпкъыу къыщызэтенэнур.
Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.