КЪУРШЫМ КЪЕХ ЯТIЭПСЫР КЪЫЗЫХЭКIЫМРЭ АБЫ ЗЭРЫЗЫЩЫПХЪУМЭНУ IЭМАЛХЭМРЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъатхэ къэс щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щIыуэпс насыпыншагъэхэр къыщохъу ятIэпс къехым епхауэ. Абыхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхухэр щыхэкIуадэ щыIэщ, гъуэгухэр зэхекъутэ, гужьеигъуэ урегъэувэ. Абы ипкъ иткIэ, упщIэ къоув: сыт къуршым къех ятIэпсыр зищIысыр, дэнэ ар къыздикIыр, сыт хуэдэ IэмалкIэ зыщыпхъумэфыну?

Къуршым къех ятIэпсыр (урысыбзэкIэ - сель) уэшхыпс, мывэ зэмылIэужьыгъуэ, щIымыл ткIужым къыщIэж псыуэ зэхэлъщ икIи къуршыщхьэм ит гуэлхэм из хъуа нэужь, къежьэ Iуэхугъуэщ. И щытыкIэкIэ ятIэпсыр ткIуаткIуэмрэ мывэмрэ я зэхуаку дэтщ, сыту жыпIэмэ, ар процент 60-кIэ мывэкIэщхъщ, процент 40-р псыщ. ЯтIэпсыр къуршым къызэрехым елъытащ и къарури. Псалъэм папщIэ, ику иту зы секундым гъуэгуанэ метри 2 - 4 къызэпеч, ауэ а бжыгъэр метри 4 - 6-м нэсамэ, Iэмал имыIэу, къыпэщIэхуэр ирилъэсыкIыу къехынущ.
ЯтIэпсыр къежьэным сыт щхьэусыгъуэ хуэхъур? Гъатхэр, гъэмахуэр уэлбанэрилэу щытамэ, къуршым телъ уэсыр, мылылъэхэр ткIужмэ, жьы хъуа мывэр щащэрэ къыгуэлъэлъмэ, къуршым ятIэпс къызэрехынум шэч хэлъкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ, бгым и нэпкъым жыг куэду тетмэ, ятIэпсыр зэриубыдынур, абы къихь насыпыншагъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ зэрищIыфынур.
Къуршым ятIэпсыр къехыным щхьэусыгъуэ хуэхъу Iуэхугъуэм елъытауэ, лIэужьыгъуэ зыбжанэ щыIэщ:
а) ЩIыхъейм къыхэкI (сейсмосель) - къуршым щIыхъей къыщыхъурэ, мылылъэм е бгым щыщ Iыхьэ гуэр къыгуэхуамэ, псы къыщIэжыр IуещIэри, зэхуехьэс. Псыр куэд хъуа нэужь, абы и хьэлъагъым мыл, мывэ къутахуэр къыIуеудыж, зэуэ хуит къохъужри, уэру къох. Апхуэдэ ятIэпсыр къызэрыпхуэгъэувыIэнрэ узэрыпэлъэщынрэ зы Iэмали щыIэкъым;
б) Лахархэр - вулканыр къикIа нэужь, лавэ пщтырым мылылъэхэр псынщIэIуэу егъэткIури, мывэкIэщхъымрэ пшахъуэмрэ кърилъэсэхыурэ къех ятIэпсырщ. 79-нэ гъэм Везувий къикIа нэужь, Помпеи къалэр зыхьар апхуэдэ ятIэпсщ;
в) Мывэ-ятIэпс - къызэрыгуэкI ятIэпсым нэхърэ нэхъ хьэлъэщ, нэхъ псынщIэщ, нэхъ шынагъуэщ.
Къуршым къех ятIэпсым зэрыпэщIэт Iэмалхэм ящыщщ бгым тращIыхь ухуэныгъэхэр, ятIэпсми гъуэгур къызэпиупщIу зэпраш, мывэкIэщхъыр зыубыд «кхъузанэхэр», цIыхухэм я псэупIэм къэмыс щIыкIэ псыр зэрылъэдэну кумбхэр, псыIущIэхэр къызэрагъэпэщ, псыр зыунэтI хьэкхъуафэхэр ягъэтIылъ. КъищынэмыщIауэ, ятIэпсыр нэхъыбэрэ къыщех щIыпIэхэм жыг куэду щыхасэ.
Къыхэгъэщыпхъэщ щIыуэпсым и къарумрэ абы къыщыхъу Iуэхугъуэхэмрэ защихъумэу цIыхум зэрызригъэсар, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, а Iэмалхэр сэбэп щымыхъуи щыIэщ.

ФЫРЭ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.