ДЭIЭПЫКЪУНЫГЪЭХЭМ Я ФIАГЪЫМ ХЭХЪУЭНУЩ

Иджырей мардэхэм тещIы­хьауэ амбулаторэ екIу щаухуэ Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм. Медицинэ Iуэху­щIа­пIэщIэр зэблэкIы­гъуи­тIу лэ­жьэнущ икIи махуэм къриу­быдэу абы цIыху 90-м нэблагъэм дэIэпыкъуныгъэ­хэр щагъуэтыфынущ.

Унэм хэтынущ унэтIыныгъэ зэ­хуэмыдэхэмкIэ дохутырхэр щы­лажьэ, цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ, сымаджэхэм махуэм къыщеIэзэ пэш щхьэхуэхэр, «ДэIэпы­къуэгъу псынщIэм» и къудамэр.
Иджыпсту лажьэ амбулаторэм и унэр 1948 гъэм ящIауэ щытащ, кхъахэ дыдэ хъуащ. Ар яухуэ «ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ.
Мы зэманым ухуакIуэхэм блынхэр дращIеящ, унащхьэр тралъхьащ, иджы пэш кIуэцIхэр зыхуей хуэгъэзэн щIадзащ. Медицинэм къигъэув иджырей мардэхэм хуэщIауэ щытыну IуэхущIапIэщIэм къуажэдэсхэр зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэ­хэр къызыхуэтыншэу щагъуэтынущ.
Ухуэныгъэр и кIэм нагъэсынущ 2023 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм.

Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.