Хабзэм убзэ ищIэркъым

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николай щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэм пресс-конференц ядри­гъэ­кIуэкIащ. 

Хабаров Николай зэпкърыхауэ теп­сэлъыхьащ Урысей Федерацэм и Президентымрэ Урысейм и Генеральнэ ­прокурорымрэ пщэрылъ къыщащIахэр зэрагъэзащIэм, гулъытэ хэха зыхуащI унэтIыныгъэхэм, щIыналъэм къэралым и хабзэхэр зэрыщагъэзащIэ щIы­кIэм зэрыщыкIэлъыплъым. 
Прокуратурэм гулъытэ хэха хуещI экономикэ, финанс щытыкIэр зэпIэ­зэ­рытыным, жылагъуэ шынагъуэншагъэм, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъу­мэным. 
 - Ди лэжьыгъэр идогъэкIуэкI влас-тым и гъэзэщIакIуэ, законодательнэ, ­хабзэхъумэ, нэгъуэщI къару IэнатIэхэм дапыщIауэ. ЩIэпхъаджагъэм пэщIэ­ты­ным теухуауэ япэ игъэщыпхъэхэм ды­щыхэплъащ зи гугъу сщIа IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт зэIущIэхэм. Гулъытэ ­хэха худощI щIыналъэм хабзэр щагъэ­зэщIэным, цIыхухэм Конституцэм ­къарит хуитыныгъэхэр хъумэным, псом ­хуэ­мыдэу зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ ныкъуэ­дыкъуэхэмрэ, унагъуэшхуэхэм-рэ балигъ мыхъуахэмрэ ятеухуахэм, - жиIащ прокурорым. 
Хабаровым къызэригъэлъэгъуащи, республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм щатхащ щIэпхъаджагъэ къэхъукъащIэу 41916-рэ, абыхэм хэплъэри, уголовнэ Iуэху 6132-рэ къаIэтащ, 16946-р абы ­химыубыдэу къалъытащ. ЗэгъэуIуауэ зэрызэдэлажьэм и фIыгъэкIэ, иужьрей илъэс ныкъуэм щIэпхъаджагъэхэр ягъэ­мэщIэн яхузэфIэкIащ 7416-м нэсу (ипэкIэ 7557-рэ), абы щIэпхъаджагъэ хьэ­лъэмрэ хьэлъэ дыдэхэмрэ хыхьэу 2070 (нэгъабэ 2167-рэ хъурт). 
 Нэхъ мащIэ хъуащ цIыхум фэбжь къызыхих щIэпхъаджагъэхэр - 29 (34), нэгъуэщIым и мылъку ядыгъуныр 1336-рэ (1600-рэ), хъунщIэныр 25-рэ ­­хъуащ 47-м елъытауэ, цIыхум теуэныр 9 ­(нэ­гъабэ 12). ХэщIащ гъуэгу-транспорт ­къэхъукъащIэхэм - 138-рэ (149-рэ), нар­котик­­хэкIхэр щэн-къэщэхуным пыщIа щIэп­хъа­джагъэр 1224-рэ мэхъу (1257-рэ). 
Прокурорым къызэригъэлъэгъуащи, нэхъыбэ хъуащ хъыбар-телекоммуни­кацэ Iэмалхэр къагъэсэбэпу ялэжь щIэпхъаджагъэхэр икIи а бжыгъэр ­2098-м нэсащ (нэгъабэ - 1880-рэ).
- Балигъ мыхъуахэр щIэпхъаджагъэм хэпщIэныр къэмыгъэхъуным ехьэлIауэ зэфIах Iуэхухэм къызэрагъэлъэгъуа- щи, езыхэм ялэжьауэ е ахэр хэту къэ­хъуар ехащ 57-м нэс (92-рэ). Ауэ хэхъуащ балигъ мыхъуахэм ехьэлIауэ ялэжь ­хабзэншагъэхэм икIи 509-м нэсащ (­497-уэ щытат). Абыхэм ящыщу нэхъы­бэр, 334-р, пыщIащ сабийхэр пIыным ехьэ­лIауэ адэм е анэм суд унафэкIэ ­къалэн щащIа ахъшэр зэрамытым. Къыхэдгъэщынщи, апхуэдэ щIыхуэр ­мелуан 990-рэ мин 806-рэ мэхъу. Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ япшынащ сом ­мелуан 368-рэ мин 679-рэ, хабзэр уэим зыщIхэм къытрахащ ахъшэрэ уасэ зиIэнкIэ хъуну хьэпшыпу сом мелуани 177-рэ мин 922-рэ къызэщIэзыубы-  дэ, яубыда мылъкур и уасэщ сом 1 мелардрэ мелуани 138-м щIигъу, - къыхигъэщащ прокурорым.
Законыр зэрагъэзащIэм, цIыхухэм я хуитыныгъэхэм зэран хуэхъу щыIэ-щымыIэр щызэхагъэкIым къыщIагъэщащ ныкъусаныгъэу мин 32-м щIигъу, цIыху 5518-м къащхьэщыжащ. Прокурорхэм къыщIагъэща хабзэншагъэхэм ятеухуауэ жэуапым ирашэлIащ цIыху                   8152-рэ, административнэм - 1733-рэ, уголовнэ Iуэхуи 137-рэ къаIэтащ. 
Прокуратурэм и IэнатIэхэм сыт щы­гъуи я нэIэ тетщ лъэпкъ проектхэм ­къриу­быдэу къыхуаутIыпщ ахъшэр къы­зэрагъэсэбэпым. Абы и лъэны­къуэкIэ къыщIагъэща зы щIэпхъаджагъи яхущIэуфакъым, къуаншэхэр ­жэуапым ирашэлIащ. 
Республикэм и прокурорым къызэ­рыхигъэщащи, цIыхухэм ЖКХ Iуэхутхьэбзэхэр фIагъ пылъу яIэрыхьэным, щIыуэпсым ехьэлIа хабзэр гъэзэщIэ-ным, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр ­гъэ­­сеижыным, зэщIауцIэпIа щIыпIэхэр гъэкъэбзэжыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIым я нэIэ те- тащ. Абы и лъэныкъуэкIэ хабзэр уэим ­зэ­ра­щIым хэщIа щыIэкъым, ди жагъуэ зэрыхъущи. 
Къипщытэжа пIалъэм прокурорхэм я нэIэ зытетахэм ящыщщ улахуэмкIэ ­щIы­хуэхэр япшыныжынымрэ лэжьа­кIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным-рэ. 
Хабаров Николай зэрыжиIащи, ула-хуэ щIыхуэу япшыныжащ сом мелуан 52,7-м щIигъу, IуэхущIапIэ 19-м и лэ­жьакIуэ мин 1,9-м ахъшэр яIэрыхьэжащ. УлахуэмкIэ щIыхуэр илъэсым ­къриу­быдэу сом ме­луан 11,6-м къы­щы­щIэдзауэ мелуани  2,9-м нэс ягъэмэ­щIэфащ (абы хохьэ ­банкрот хъуа IэнатIитIым щIыхуэу ятелъ сом мелуан ­1,3-р.). 
Прокурорхэм махуэ къэс я нэIэ зытетыпхъэ, гулъытэ хэха зыхуащIыпхъэхэм ящыщщ сымаджэ хьэлъэхэм хущ­хъуэхэкIхэр и чэзум зэраIэрыхьэр, цIыхухэр жьы хъуа, зэтещахэ унэхэм къы­­зэрыщIагъэIэпхъукIыр, псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным теухуауэ къыхах ахъшэр зэрызэхуахьэсыр. 
Къэралым и экономикэр зэха­къутэным теухуауэ къыдащIылIа Iуэ­хухэм я гугъу щищIым, Хабаровым жи­Iащ прокурорхэм гулъытэ хэха зэрыхуа­щIыр хьэрычэтыщIэхэм я хуи­тыныгъэ­хэр хъумэным, абыхэм лейуэ къэп­­щытакIуэ-кIэлъыплъакIуэхэм къыт­рамыкъузэным. Псалъэм папщIэ, я пщэ­­рылъхэм къриубыдэу ирагъэ­кIуэ­кIы­ну яубзыхуа къэпщытэныгъэ 1361-м щыщу 1043-р даIыгъакъым. 
Iулъхьэ тын-къеIыхыным (коррупцэм) пэщIэтыным ехьэлIауэ республикэм и прокуратурэм лэжьыгъэшхуэ зэфIи-хащ, нэгъуэщI хабзэхъумэ IуэхущIапIэ­хэм ящIыгъуу. Къапщтэмэ, 2022 гъэм а­пхуэдэ щIэпхъаджагъэр процент 27,8-кIэ нэхъыбэ хъуащ - 285-рэ. Абыхэм я ­нэхъыбэр - 103-р къулыкъур къызэригъэсэбэп гъэпцIагъэщ, 96-р Iулъхьэ тын-къеIыхыным, 61-р къэралым, цIыхум едыгъуэным пыщIащ. 
Прокурорхэм къыщIагъэща хабзэншагъэхэм япкъ иту цIыхуиплI я Iэна-     тIэм трагъэкIащ. Судхэм ирагъэхьащ сом мелуан 82982-рэ зэрагъэпшынын тхылъ 39-рэ, и пщэрылъхэм зэремы­гугъум къыхэкIыу жэуапым ирашэлIащ цIыху 1029-рэ, административнэ жэуа­пым - цIыху 71-рэ. 
Хабаров Николай игъэнэIуащ дызэ-рыт илъэсым и япэ мазихым нэхъыщ-хьэу я нэIэ зытетынур. 
Иджы дыкъытеувыIэнщ журналистхэм я упщIэхэм. 
Абыхэм ящыщщ цIыху пщIы бжыгъэхэр къэзыгъэпцIа, къызэригъэгугъа фэтэрхэр имыухуэу ахъшэ зэхуэзыхьэ-са «ФСК «Потенциал» компанием ехьэ­лIар. 
- 2022 гъэм прокуратурэм зыкъыхуэ­зыгъэзахэр щыIэщ мы Iуэхум теухуауэ. ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къы­зэрагъэлъэгъуамкIэ, а унэр 2019 гъэм   и кIэм ятын хуеящ, ауэ ухуакIуэм ар ­игъэIэпхъуащ 2020 гъэм и кум нэс.
КъызэрыщIэщащи, унэр и пIалъэм къызэрызэфIимыгъэувам имызакъуэу, цIыхухэм хабзэншагъэкIэ ахъшэ къа­зэрыIэщIихам теухуа уголовнэ Iуэху къа­Iэтауэ зэхагъэкI, - жиIащ Хабаровым. - ЩIыпIэ самоуправленэмрэ къэрал властым и органхэмрэ ящIыгъуу ды­хэплъащ къагъэпцIа, зэгурыIуэныгъэ зра­щIылIа цIыхухэм (107-рэ) я ухитыныгъэхэр зэфIэгъэувэжа зэрыхъуну щIы­кIэм. ИджыкIэ ухуэныгъэ лэжьыгъэм пащэнымкIэ щыIэ хуитыныгъэр 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20 пщIондэ ягъэIэпхъуащ. ЩIыналъэм Ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ унэр и кIэм нагъэсыным сом мелуан 21-рэ къыхалъхьащ. Лэжьыгъэр йокIуэкI. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, 2023 гъэм и накъыгъэм яухынущ. Сыт и лъэныкъуэкIи абы епха Iуэхум ди нэIэ тетщ. 
Телефон гъэпцIакIуэхэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэм теухуа упщIэм и жэуа­пым къызэрыщыхигъэщащи, илъэс ­кIуам апхуэдэу ятхащ 707-рэ, ар проценти 3,3-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ уголовнэ Iуэху 914-м щыщу 182-м теухуар судым Iэрагъэхьащ. Уголовнэ жэуапым ирашэлIащ процент 75,5-кIэ нэхъыбэ. Иджыпсту йолэжь щIэпхъаджагъэхэм ехьэлIа уголовнэ Iуэхуи 119-м.
Iулъхьэм зэрыпэщIэтым теухуауэ  Iуэху дапщэ судым Iэрыхьа, абыхэм ящыщу дапщэм я хьэкумыр ящIа упщIэм и жэуапу прокурорым жиIащ 2022 гъэм судым Iуэху 133-р зэрыIэрагъэхьар цIыхуи 139-м ехьэлIауэ. Абыхэм ящыщу 137-р зэрагъэкъуаншэ унафэу 122-рэ къащтащ. 
Куэдыр зыгъэпIейтейхэм ящыщщ ­сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэща зэрымыхъур. Хабаров Николай жиIащ а Iуэхум хэхауэ я нэIэ зэрытетыр. 
Къапщтэмэ, республикэм нобэкIэ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэ ­щIэ­мытхэмрэ 1469-рэ щохъу, абыхэм ящыщу 1174-м псэупIэ яIэнымкIэ я ­хуитыныгъэхэр иджыри пхыкIакъым Ар зэфIэгъэкIыным 2022 гъэм сом мелуан 96,9-рэ хухахащ. Бюджет ахъшэр 2022 гъэм къриубыдэу къахуэмыгъэсэбэпынкIэ зэрыхъунур, хабзэр гъэзэщIэн зэ­рыхуейр дыгъэгъазэм хуатхат КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым. А псом кърикIуаращи, бюджет мылъкум щыщу процент 97,1-р къагъэсэбэпащ. ПсэупIэу 4 иратащ, фэтэру 43-рэ къащэхуащ. 
Хабаров Николай жиIащ республи­-кэм и прокуратурэм псэупIэ хуэныкъуэ сабий зеиншэхэм, адэ-анэм я нэIэм ­щIэ­мытхэм я Iуэхур гъэкIуэтэным ехьэ­лIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­законым и проект игъэ­хьэзыру ­КъБР-м и Парламентым зэ­ры­Iэригъэхьар. 
 Прокурорым жэуап зритахэм ящыщщ кибергъэпцIакIуэхэм я лей зытехьэхэм, апхуэдэ Iуэхухэр зэрызэхагъэкIым теу­хуар. Абы зэрыжиIащи, телефон гъэп­цIа­кIуэхэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэр мащIэу ехащ (770-рэ мэхъу). 
Апхуэдэ щIэпхъаджагъэм ехьэлIа уголовнэ Iуэху 914-м щыщу 182-м теухуар судым IэрагъэхьакIэщ. ИджыпстукIэ зэхагъэкI апхуэдэ щIэпхъаджагъэу 119-рэ. 
Зи гугъу тщIа щIэпхъаджагъэхэм ­кърикIуащ хэщIыныгъэу сом мелуани 166-м щIигъу, ирагъэпшыныжащ сом мелуан 18-рэ мин 675-рэ. 
ЗэIущIэм и кIэухым Хабаров Николай журналистхэм фIыщIэ яхуищIащ прокуратурэм и лэжьыгъэр зыхуэдэр къызэрагъэлъагъуэм папщIэ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.