|
ЩIыналъэ щхьэхуэныгъэхэр къалъытэнущ
2 марта, 2023 - 04:03
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр мазаем и 28-м иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу УФ-м и сенатор Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм КИФЩI-м щиIэ аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай.
Депутатхэм етIуанэ еджэгъуэу къащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм юридическэ дэIэпыкъуныгъэр пщIэншэу къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 2-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр.
КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Есэнкъул Ахьмэд къызэрыхигъэщамкIэ, дэфтэрыр къыхалъхьащ республикэм юридическэ дэIэпыкъуныгъэхэр пщIэншэу зэрырат щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэн щхьэкIэ. Иджы апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр ягъуэтынущ УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэ къулыкъу щрахьэкIыну ираджахэм, 2022 гъэм мазаем и 24-м къыщыщIэдзауэ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм, Запорожскэ, Херсон щIыналъэхэм къикIын хуей хъуа, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыхухэм.
ЗэIущIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ «КъэхъукъащIэ шынагъуэхэм цIыхухэмрэ щIыналъэмрэ щыхъумэным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 9-мрэ 30-мрэ», «КъБР-м дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным теухуауэ», «КъБР-м сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ шэсыпIэ хъуным и IуэхукIэ», «КъБР-м жьэн узыфэм зэрыщыпэщIэт Iэмалхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 6, 19-хэм, «ЩIалэгъуалэ, сабий жылагъуэ IуэхущIапIэхэм къэралым зэрызащIигъакъуэм ехьэлIауэ» КъБР-м и законхэм я проектхэм.
Депутатхэм КъБР-м и Правительствэм даIыгъащ КъБР-м и бюджетыр зыхущыщIэр Iыхьэ гуэркIэ ирагъэкъун папщIэ, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу республикэм къагъакIуэ ахъшэм теухуа зэгурыIуэныгъэмрэ бюджет кредитхэр пшыныжыным хуэгъэзамрэ дыщIагъу зэгурыIуэныгъэхэм арэзы техъуэныр. КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, дэфтэрым ипкъ иткIэ щIыналъэм бюджет кредитхэмкIэ телъ и щIыхуэр 2022 гъэм щхьэщахри, ар 2029 гъэм итыжыну хуагъэIэпхъуащ. Зи гугъу ящIыр сом мелуан 360-рэ мэхъу. Ахъшэр къагъэсэбэпащ республикэм социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр къыщызэрагъэпэщыным.
Апхуэдэуи депутатхэм къащтащ «Егъэджэныгъэм теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр. КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ жиIащ федеральнэ законодательствэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм тету дэфтэрыр зэрагъэхьэзырар. Ар зытеухуар зэреджэ тхылъхэр зэрызэхагъэувэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэрщ. Псалъэм папщIэ, республикэм егъэджэныгъэ Iуэхур къызэзыгъэпэщ и къэрал IуэхущIапIэм Iэмал иIэнущ федеральнэ егъэджэныгъэ программэ нэхъыщхьэхэр щызэхагъэувэкIэ, щIыналъэ, лъэпкъ, щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэр къалъытэу абы хэтыну.
ЗэIущIэм арэзы щытехъуащ «Урысей Федерацэм и цIыхухэр IэIэтхэм хэтыну яIэ хуитыныгъэхэм ятеухуауэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 28-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» федеральнэ законым и проектым и жэрдэмыр УФ-м и Къэрал Думэм егъэхьыным.
Депутатхэм даIыгъащ академик Фортовым и унэцIэр Iуащхьэмахуэ районым щыIэ бгым фIэщыным теухуауэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа жэрдэмыр. КъБР-м и Парламентым Хабзэхэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис жиIащ а Iуэхум Бахъсэн Ипщэ къуажэм арэзы зэрыщытехъуар икIи «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и нагъыщиплIри зыхуагъэфэща, совет, урысей щIэныгъэлI цIэрыIуэм ар зэрыхуэфащэр.
ЗэIущIэм щедэIуащ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2022 гъэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэм. IуэхущIапIэм и унафэщI Кужонов Жантемыр тепсэлъыхьащ илъэсым къриубыдэу хабзэу къапщытам, фейдэ къегъэщIыным темыщIыхьа IуэхущIапIэхэм (НКО) зэрадэлажьэм, Iулъхьэм пэщIэтыным хуэгъэзауэ муниципальнэ щIыналъэхэм я лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщым, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэу, абы зэрыжиIамкIэ, 2023 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу IуэхущIапIэм къэрал регистрацэ хуейуэ НКО-хэм тхыгъэ 247-рэ ирагъэхьащ. Абыхэм ящыщу 24-р пхыкIакъым. Мы зэманым зезыгъэтхауэ щыIэ НКО-м ятеухуауэ управленэм и реестрым тхыгъэ 880-рэ итщ. Апхуэдэуи IуэхущIапIэм нэгъабэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр плIэ къапщытащ, имычэзуу - 8. Экстремизм Iуэху гуэрхэр я лэжьыгъэм халъэгъуащ НКО-уэ 3-м.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
|
|
25.04.2025 - 21:05 Адыгэ ныпым и махуэшхуэр мэлыжьыхьым и 25-м дуней псом щагъэлъапIэ. Иужьрей илъэсхэм махуэшхуэр щIалэгъуалэм ягъэлъапIэ зэрыхъуар, а Iуэхур нэхъыжьхэми зэрыдаIыгъыр гуапэщ. |
|
|
25.04.2025 - 20:48 КъБКъУ-м и киноконцерт пэшым гукъинэжу щагъэлъэпIащ Адыгэ ныпым и махуэр. Ар къызэригъэпэщащ педколледжым и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Пэщол Сэкимэ. |
|
|
25.04.2025 - 20:44 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и къалэхэм, щIыпIэхэм я Iэтащхьэхэр зыхэта «щIыналъэ сыхьэт» зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ. |
|
|
25.04.2025 - 17:04 КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и жэрдэмкIэ Налшык къалэ щызэхэтащ «Фэеплъ жыг хадэ» щIыуэпс-хэкупсэ Iуэхур. |
|
|
25.04.2025 - 09:05 Нэгъабэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщрахьэлIэжащ мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн мини 6,8-м нэблагъэ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 4-м нэблагъэкIэ ар нэхъыбэщ, къитащ Росстатым иджыб |
|