IэпщIэлъапщIэхэм Мейкъуапэ щрагъажьэ

«Илъэсым и цIыху IэпщIэлъапщIэ» урысейпсо зэпеуэм и ныпыр щызэIэпахыну эстафетэр гъуэгу зэры­теувэм теухуауэ Мейкъуапэ щрагъэкIуэкIа дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Зэхыхьэр къызэIуахащ Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергейрэ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КумпIылI Муратрэ. Абы кърихьэлIащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, Ингуш Республикэм и Iэтащхьэ Калиматов Мыхьмуд-Алий, Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм егъэджэныгъэмкIэ я лэжьакIуэхэм я лIыкIуэхэр.
«Илъэсым и цIыху IэпщIэлъапщIэ» урысейпсо зэпеуэр 2021 гъэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI. Дызэрыт илъэ­сым абы зыхуэгъэхьэзырын мы эстафетэмкIэ щIадзащ икIи зэхьэзэхуэм и ныпыр Урысейм и федеральнэ округ псоми щызэIэпахынущ. Конкурсыр хуэунэтIащ Iэ­щIагъэхэр щрагъэгъуэт курыт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм ящыщу нэхъ IэкIуэлъакIуэхэр, жэрдэм зыхэлъхэр наIуэ къэщIыным икIи абыхэм ядэIэпыкъу­ным, Iуэхум тегъэгу­ш­хуэ­ным.
Зэхыхьэм къыщыщыпсалъэм КIуэкIуэ Казбек Урысейм и Правительствэм, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм фIыщIэ ­яхуищIащ курыт профес­-сиональнэ еджапIэхэр къэ­гъэ­щIэрэщIэжынымкIэ Iэ­мал­­хэр къызэрызэрагъэ­пэщым папщIэ. Иджыпсту республикэм и апхуэдэ еджапIэхэм студент мин 17 щIэсщ икIи абыхэм гъэса­кIуэу 800 ядолажьэ. «Егъэ­джэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ колледжхэм къыщызэIуах промышленностым, мэкъумэш хозяйст­вэм, туризмэм, егъэджэныгъэм, ИТ-индустрием, Iуэху­тхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэ­хэр зэфIэзыгъэкI IэнатIэм папщIэ нэхъ зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэ­зы­рыну лъэщапIэ пэшхэр. Абыхэм я бжыгъэр 2024 гъэм ирихьэлIэу 70-м нагъэсынущ.
А махуэ дыдэм Адыгейм щрагъэжьащ «Анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо конкурсым и щIыналъэ Iыхьэр. Урысей Федерацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща а зэпеуэр нэгъабэ япэу екIуэкIащ. 2023 гъэм-УФ-м и Президент Путин Владимир ЕгъэджакIуэмрэ унэтIа­кIуэмрэ я илъэсу игъэувам и дамыгъэм щIэту щытынущ конкурсыр. Ар хуэунэтIащ анэ­дэлъхубзэр егъэ­джы­нымкIэ IэмалыщIэхэр къэ­зыгъэ­сэ­бэп егъэджакIуэ ­пашэхэр лэжьыгъэм тегъэ­гуш­хуэ­ным. Зэпеуэм и му­ници­пальнэ Iыхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым гъатхэ­пэм, щIыналъэ Iыхьэр - мэ­лыжьыхьым щра­­гъэ­­кIуэ-­
кIынущ. ЩIыналъэ Iыхьэм щытекIуэхэр республикэм и цIэкIэ финалым хэтынущ.
«Президентым сыт щы­гъуи къыхегъэщхьэхукI ди фIыгъуэ нэхъыщхьэу Конституцэм щыщIэгъэбыдар - Урысейм лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэр арауэ зэры­щытыр. Урысей Федерацэм ахэр быдэу щызэкъуэгъэувэнымкIэ мыхьэнэ хэха уры­сыбзэм иIэщ. Анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэм я къалэн хэхар къэрал зэкъуэтым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэр, абыхэм къадекIуэкI хабзэ­хэр хъумэнырщ. Дэ ди деж зыри къыщыдгъэнэнкъым, адрей еджакIуэ псоми хуэдэу, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэми защIэдгъэкъуэн папщIэ», - хэхауэ къигъэлъэгъуащ КIуэкIуэ Казбек. Абы езым и лэ­жьэгъу, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КумпIылI Мурат фIыщIэ хуищIащ мы Iуэхум хэтын папщIэ зэрыригъэблэгъам къыхэкIыу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.06.2023 - 10:01

ГИПОФИЗЫМ ЕЛЪЫТАР

ЦIыхухэм лъагагъкIэ къахэщхьэхукIхэм щхьэкIэ «иныжь» е «цIыкIужьей» жаIэ.

08.06.2023 - 09:03

ЛIЭУЖЬЫР БЖЬИБЛКIЭ МАУЭ

Гувэми щIэхми, цIыхур и блэкIам щыхуеплъэкIыж, и лъабжьэхэр къыщитIэщIыж, къызыхэкIар къыщилъыхъуэж зы лъэхъэнэ и гъащIэм къыхохуэ.

08.06.2023 - 09:03

АРУАН КЪУАЖЭМ ДЭТ ЕДЖАПIЭР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

Аруан (Мысостей) къуажэм дэт, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэр щIэгъэхуэбжьауэ зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.

08.06.2023 - 09:03

ВИЗИТКЭР КЪЫЩЕЖЬАР

ЦIыхум и цIэмрэ зищIысымрэ зытет пасэрей картэ цIыкIухэр пхъэм е ятIэм къыхэщIыкIат. Абыхэм дэфтэр мыхьэнэ яIэуи щыттэкъым, яфIэфIыныгъэкIэ зэрахьэ мыхъумэ.

07.06.2023 - 15:02

СУРЭТЫЩI НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я IЭДАКЪЭЩIЭКIХЭР

Сабийхэм я дунейпсо махуэм, мэкъуауэгъуэм и 1-м, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм къыщызэIуахащ сурэт щIынымкIэ Кавказ Ищхъэрэм и XV зэпеуэр.